Гъэсэпэтхыдэхэр 30
30
ЕЩЭЩӀАНЭ ӀЫХЬЭ
Агъур и псалъэхэр
1ЯкӀэхь и къуэ Агъур#30:1 Зыщыщми къызыхэкӀами теухуауэ хъыбар зыри щыӀэкъым. НэгъуэщӀыпӀэ дежи и цӀэм ущрихьэлӀэжкъым. къыхуэкӀуа псалъэхэр#30:1 Е «мэсей лъэпкъым щыщ ЯкӀэхь и къуэ Агъур и псалъэхэр»..
Мыращ абы ӀитрэӀилрэ Ӏухьэлрэ яжриӀар#30:1 Е «ЖиӀащ а цӀыхум: – Сешащ, си Тхьэ, сешащ, си Тхьэ. СхулъэкӀыжкъым».:
2ЦӀыхуцӀэ зиӀэм сэ нэхъ акъмыкъ яхэткъым,
зэхэщӀыкӀ жыхуаӀэм щыщ збгъэдэлъкъым.
3Ӏущыгъэри зищӀысым сыхурагъэджакъым;
Тхьэуэ ЛъапӀэр къэпцӀыхуныр сытми
сщӀэркъым.
4Хэт уафэ къатиблым дэкӀыу къэзыгъэзэжар?
Хэт щыӀэ жьыбгъэр къиубыдыфауэ?
Хэт псыр уафэпшэхэм изыгъэзагъэр?
Хэт щӀыгу гъунэхэр зыгъэувар?
Хэт хъуну ар? Сыт и къуэм и цӀэр?
КъызжепӀэркъэ, зыгуэр хэпщӀыкӀыу щытмэ?
5Тхьэм и дэтхэнэ псалъи къабзэщ,
Абы щыгугъхэм Ар я пшапэӀудзщ.
6ЩӀумыгъу Абы и псалъэхэм зыгуэри:
зэ мыхъуми Ар уэ къогиинущ,
цӀыху пцӀыӀуэпцӀышэуи
укъыщӀидзыжынущ.
7СыпсэухукӀэ къысхуэпщӀэну, Тхьэшхуэ,
ӀуэхугъуитӀкӀэ сынолъэӀур Уэ:
8си бзэр тхьэрыӀуэпцӀымрэ пцӀы
зэфэзэщымрэ пэӀэщӀэ хуэщӀ,
беигъэкӀи къулейсызыгъэкӀи укъызэмытэу
ерыскъы ӀыхьэкӀэ Уэ къысхуэупсэ,
9уи пащхьэ ныбэизыгъэкӀэ сыщыудафэу
«Хэт Тхьэуэ Зиусхьэныр?» жызмыӀэным
щхьэкӀэ,
сыдэхуэхрэ дыгъуэныр щэн схуэхъуу
си Тхьэм уи цӀэр сымыгъэулъиин папщӀэ.
10Пщым и пащхьэ и пщылӀыр щумыщӀ
пцӀытелъхьэпӀэ,
и гыбзэр къыплъэӀэсынщи, хэпхынщ
лажьэ.
11ЩыӀэщ цӀыху, хуагъэшу адэхэм гыбзафэр,
къэзылъхуа анэхэми хуэфащэ пщӀэ
хуамыщӀу.
12ЩыӀэщ цӀыху, сыткӀи зафӀэкъабзэу,
фӀейм лъакъуащхьэкӀэ яутэу зэрыхэтыр
ямыщӀэжу.
13ЩыӀэщ цӀыху пагагъ яхэлъу плъэуэ,
я плъэкӀэми нэмыплъ къыуиту.
14ЩыӀэщ цӀыху я дзэпкъыр джатэм хуэдэу жану,
я дзэпэфӀанэхэри хуэдэу сэм:
тхьэмыщкӀэу тетри щӀы хъурейм,
цӀыху хуэмыщӀауэ щыӀэри яхуэшхынущ.
15ИӀэщ, жаӀэ, пхъуитӀ псыдыуэм.
«Иджыри! – жаӀэри мэкӀий. – Иджыри!»
ЩыӀэщ Ӏуэхугъуищ, игъащӀэм иримыкъуну,
хэбгъэзыхьмэ, мэхъур плӀы «ирикъунщ»
жызымыӀэнур:
16хьэдрыхэр,
лъхугъэ зыхэмыкӀ пкъыр,
псыкӀэ иримыкъуа щӀыгур,
«хъунщ!» жызымыӀэну мафӀэр.
17И адэ щӀэнакӀэу хуеплъэкӀым,
и анэ и жыӀэ елъэпауэм
вынд-къуалэм и нэр яуӀунщ,
бгъэжь шырхэми я Ӏус хъужынщ.
18ЩыӀэщ Ӏуэхугъуищ, сэркӀэ телъыджащэу,
хэбгъэзыхьмэ, къызгурыӀуэн слъэмыкӀхэр
мэхъур плӀы:
19уэгум ит бгъэжьым и хуэрэзэкӀэр,
къырыгум ит блэм и зепщыпщэкӀэр,
хыгум тес кхъухьым и есыкӀэр,
хъулъхугъэр пщащэм зэрекӀуалӀэ щӀыкӀэр.
20Зинэ зыщӀэ цӀыхубзыр мыпхуэдэурэ мэзекӀуэ:
машхэри и Ӏупэ щилъэщӀыжкӀэ,
«Мыхъун гуэри сщӀакъым» жеӀэр.
21Ӏуэхугъуищым егъэзджыздж мы щӀыгур,
хэбгъэзыхьмэ, мэхъур плӀы ар зыгъэщэӀур:
22пащтыхь хъуа пщылӀыр,
ныбэизыгъэкӀэ щыкӀа цӀыху акъылыншэр,
23ялъагъу мыхъу цӀыхубзу унагъуэ ихьар,
унэӀут бзылъхугъэу гуащэм и пӀэ иувар.
24ЩӀыгум тетхэм щыщу плӀыр халъытэ цӀыкӀухэм,
арщхьэкӀэ ахэр Ӏущым я Ӏущыжщ:
25псэущхьэ лъэщкъым хъумпӀэцӀэджыр,
арщхьэкӀэ гъэм и кӀуэцӀкӀэ щӀымахуэм
хуогъэтӀылъэ;
26гуащӀэшхуэ иӀэу пхужыӀэнкъым къурш
дзыгъуэм,
арщхьэкӀэ и псэупӀэр къыр дзакӀэм
трещӀыхь;
27мацӀэми ямыӀэ пашэ,
арщхьэкӀэ зыуэ-зыпкъыу теуэ ящӀыр;
28къыпхуэубыдынущ ӀэкӀэ шындырхъуори,
арщхьэкӀэ ари пащтыхь сэрейхэм
щызэхэзожэ.
29Щыщ зэрыхъур щӀым лъэ быдэкӀэ теувэр,
хэбгъэзыхьмэ, мэхъур плӀы зи кӀуэкӀэ
лъэщыр:
30псэущхьэу щыӀэм япщщ аслъэныр,
зыгуэрми худидзыхынукъым и гъуэгу абы;
31адакъэпщыр,
ажэ пашэр,
дзэр зезышэ дзэпщыр.
32ЗыкъыпфӀэщӀыжу делагъэ пӀэщӀэщӀамэ,
е мыхъун гуэр уигу къэкӀыгъауэ щытмэ, –
уубыдкъэ уи жьэр!?
33Шатэм уеуэм тхъущ къыщӀидзыр,
уӀурыуэмэ нэгум къыщеудыр лъыр,
губжьри зэщӀэбгъэстмэ, къыхэкӀыр
зэныкъуэкъущ.
ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖
Гъэсэпэтхыдэхэр 30: АдгФЛ
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021