Гъэсэпэтхыдэхэр 29
29
ТӀОЩӀРЭ ЕБГЪУАНЭ ӀЫХЬЭ
1Гиери зэхимыхыжу инат хъум
напӀэдэхьеигъуэкӀэ и кӀуэдыр къэгъазэ
имыӀэжу къыхэкӀынщ.
2ЗахуащӀэхэр гуащӀафӀэмэ – мэгушхуэ цӀыхухэр,
бзаджащӀэхэр бжьыпакӀуэмэ – цӀыхубэр
егъэпыхьэ.
3Ӏущыгъэр фӀыуэ зылъагъу быным адэр егъэгуфӀэ,
цӀыхубз емыкӀущӀэр пэшэгъу зыщӀым
и мылъкур ирекъухьыр.
4Пащтыхьым къэралыгъуэм и лъабжьэр
захуагъэкӀэ егъэбыдэри,
нэпсейм ар Ӏулъхьэ защӀэкӀэ къегъэтӀасхъэ.
5Щытхъу нэпцӀкӀэ цӀыхур дэзышэхым
щыхупӀэм ахэр ирешалӀэ.
6И гуэныхьщӀагъэм и хъым йохуэжыр цӀыху
бзаджащӀэр,
захуащӀэр нэфӀэгуфӀэщ, иӀэщ гукъыдэж.
7ТхьэмыщкӀэм и дауафэр цӀыху захуащӀэм деж
ноӀусыр,
ауэ абы хуэдэгущ бзаджащӀэр.
8ЦӀыху щӀэнэкӀалэм къызэщӀегъэстыр жылэр,
Ӏущым ар егъэужьыхыж.
9Ӏущыр акъылыншэм щедауэ щӀыпӀэм
губжьымрэ щӀэнакӀэмрэ щыкуэдщ,
гупсэхугъуи щыӀэкъым абдеж.
10Лъыифым тралъагъуэ хъуркъым цӀыху
лажьэншэр мы дунейм,
захуащӀэхэрщ абы я щхьэщыжакӀуэр#29:10 Е «захуащӀэхэми я псэр ягъэныну ахэр хэтщ»..
11Акъылыншэм и губжьыр кърекӀут,
губзыгъэм хэлъщ шыӀагъэ.
12Ӏэщхьэтетыр щыдишэхкӀэ пцӀым,
блыгущӀэту иӀэри бзаджащӀэ мэхъур.
13ТхьэмыщкӀэмрэ гъэпщылӀакӀуэмрэ зыкӀэ
зэщхьщ:
тӀуми Тхьэуэ Зиусхьэным гъащӀэ къаритащ.
14ТхьэмыщкӀэм и гукъеуэм пащтыхьыр захуэу
бгъэдыхьэмэ,
и тетыгъуэр ныбжьи ужьыхынкъым.
15Фэлъырымрэ гиемрэщ Ӏущыгъэр къызыхэкӀыр,
бын мыгъэсам и укӀытэгъуэ хэтщ хэмыкӀыу
анэр.
16ЦӀыху бзаджащӀэм щаубыдкӀэ бжьыпэр,
хохъуэ хабзэншагъэм,
захуащӀэхэм я нэгу щӀэкӀынущ ахэр
зэрыкӀуэдыр.
17Уи бын еущие зэпыти,
гупсэхугъуэ къуитыжынщ,
уигъэлъагъунщ гухэхъуэ куэди.
18 Уэхьий къахуэмыкӀуауэ щытмэ,
ӀэубыдыпӀэншэ мэхъур цӀыхур,
Тхьэм и Хабзэ емыбакъуэр теуващ гъуэгу
махуэ.
19Псалъэ гъущэкӀэ пщылӀыр пхуэгъэсэнкъым:
гурыӀуэ щхьэкӀэ, даӀуэркъым.
20Зи гупсысэм япэ псалъэр изыгъэщ цӀыхур
плъагъурэ?!
Абы нэхърэ акъылыншэм иджыри нэхъ
узыщегъэгугъ.
21ПщылӀыр цӀыкӀу щӀыкӀэ щыбгъэкӀмэ,
уи шым къэкӀэсу уанэгур пфӀищтэжынкӀэ
тӀэу еплъынкъым#29:21 Пасэрей журтыбзэкӀэ тха Ӏэрытхым къыщыкӀуэ псалъэхэм къарыкӀыр гурыӀуэгъуэ дыдэу щымыт пэтми, Ӏуэхур дахэкӀэ зэримыухынур нахуэу къыхощ..
22Акъылцыджым къызэщӀегъэстыр зэныкъуэкъур,
шыӀагъэ зыхэмылъри дапщэщи
гуэныхьщӀакӀуэщ.
23ИгъэикӀэнщ зэгуэр пагагъэм цӀыхур,
зызыгъэцӀыкӀури зэгуэр ялъытэжынщ.
24Дыгъум къуэтыр хуохъужыр и щхьэм
и жагъуэгъу,
гыбзафэр зэрыхуагъэшыр зэхихрэ пэт#29:24 Тэурэт Хабзэм ипкъ иткӀэ, щӀэпхъаджагъэр щӀэзыуфэ щыхьэтым гыбзэр хуагъэшырт, Тхьэми цӀыхухэми я нэлатыр зэрытелъыр кърагъэлъагъуэу.,
зеущэхур.
25ЦӀыхум щышынэм лъахъэ зрелъхьэжыр,
Тхьэуэ Зиусхьэным щыгугъыр хъунщ
шынагъэм пэӀэщӀэ.
26Куэдыр щогугъ и Ӏэщхьэтет и нэфӀым,
захуагъэр къыздикӀыр Тхьэуэ Зиусхьэным
дежкӀэ пэт.
27ЗахуащӀэхэм я жагъуэщ цӀыху мыхъумыщӀэр,
бзаджащӀэми я жагъуэщ цӀыху захуэр.
ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖
Гъэсэпэтхыдэхэр 29: АдгФЛ
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021