Гъэсэпэтхыдэхэр 31
31
ЩЭЩӀРЭ ЕЗАНЭ ӀЫХЬЭ
ЛэмрэӀил и псалъэхэр
1Анэм и ущиеу пащтыхь ЛэмрэӀил жиӀэжахэр#31:1 Е «мэсей пащтыхь ЛэмрэӀил жиӀэжахэр».:
2Си кӀэтӀий кӀапэу уэ си щӀалэ,
си тхьэлъэӀухэм я жэуапу згъуэта си щӀалэ!
3Бзылъхугъэм ятумыухэ уи цӀыхухъу гуащӀэр,
пащтыхьхэр зэкӀуэдылӀэм уи къарур
иумыгъэкӀуэщӀ.
4БжызоӀэ, ЛэмрэӀил, пащтыхьхэм
зыдрагъэхьэхкъым санэм,
хъуркъым фадэ щхьэкӀэ Ӏэщхьэтетхэр
нэхъуеиншэ.
5Армыхъумэ игъэудэфэнщи, хабзэм
иригъэбэкъуэнщ,
тхьэмыщкӀэм я хуитыныгъэри иукъуэнщ.
6КӀуэдыпӀэ итхэм яхуэфший фи фадэр,
гуӀэгъуэр зыкӀуэцӀылъхэр фи санэми къевгъафэ.
7Къыхрефи фадэм, ящрегъупщэ тхьэмыщкӀагъэу
ябгъэдэлъыр,
абы къыщыфӀэкӀам къремыкӀыж я гум илъ
бэлыхьхэр.
8И щхьэ къыщыжыну зылъэмыкӀым и цӀэкӀэ
къэпсалъэ,
цӀыху дэхуэхахэми къэув я телъхьэу.
9Захуагъэм укъыщыжу псалъэ,
тхьэмыщкӀэхэмрэ хуэмыщӀахэмрэ я
хуитыныгъэми щӀэбэн.
ФызыфӀым и щытхъу#31:10-31 Ӏэрытхым мы пычыгъуэр акроусыгъэкӀэ зэджэ усэ гъэпсыкӀэм тету ухуащ: журт алыфбейм хэт хьэрфхэм я зэкӀэлъыкӀуэкӀэм техуэу дэтхэнэ зы едзыгъуэри кърегъажьэ.
10ФызыфӀыр дэнэ къипхын?
Налкъутналмэсхэм ар йолъэпӀэкӀ.
11АбыкӀэ лӀым игу-и щхьэ зэтелъщ:
ар и Ӏэпэгъуу къыщӀэхуэнкъым зэикӀ,
12и гъащӀэ ӀыхьэкӀи
щхьэгъусэм къыхуихьынур фӀыгъуэщ, екъым.
13Цымрэ чэтэнымрэ зэрегъэгъуэтри,
игу етауэ ахэр ещӀэ.
14Кхъухь чыракӀуэм ещхьщ ар,
и щӀакхъуэ Ӏыхьэр дэни къыщегъуэт.
15Нэхумыщым ар щӀотаджэ,
унагъуэм яхуопщафӀэ,
унэӀут цӀыхубзхэм Ӏуэхур ятрегуашэ.
16Гъавэ щӀапӀэм гупсэхуу йоплъри, ар къещэху,
и пщӀэнтӀэпс хьэлэлым къыщӀэкӀамкӀэ
егъэтӀысыр жызум хадэр.
17Сыт хуэдэ зы Ӏуэхуи гурэ псэкӀэ йоувалӀэр,
сытми и Ӏэхэр хуэлъэщщ.
18Ӏуэхуу ищӀэм хъер къызэрыдэкӀуэм ар щыгъуазэщ,
кӀуасэркъым жэщыбгми и уэздыгъэр.
19ИгъэтӀылъкъым и цыкӀуэкӀыр зэикӀ,
цыкӀуэкӀыкӀыр быдэуи иӀыгъщ,
20тхьэмыщкӀэмкӀэ и Ӏэгур и Ӏэнащхьэщ,
хуэмыщӀами хуохъу ар щӀэгъэкъуэн.
21ЩӀымахуэ хъуакъэ, ищӀэркъым къыхэщт:
щыгъын зэтелъ тӀуащӀэкӀэ бынунэр
ихуэпакӀэщ.
22И гъуэлъыпӀэм щащыху тепхъуэхэр къыхуещӀ,
чэтэн плъыжьыпцӀэ пӀащӀэкӀэ езыми
зыкъехуапэр.
23Хасэр зэхыхьамэ, цӀэрэ щхьэрэ щиӀэщ и лӀым –
ар хэку тхьэмадэхэм ящыщщ.
24Чэтэн щыгъынхэр ещӀри ещэ,
бгырыпххэр сатуущӀхэми ярещэр.
25ЩӀыхьрэ щэныфӀагъэрэщ#31:25 Журт. «ГуащӀэрэ щӀыхьрэщ». и фащэр,
пщэдейрей махуэхэм пожажьэр гуфӀкӀэ.
26И псалъэр узэдащ ӀущыгъэкӀэ,
ущиефӀхэр и бзэгупэ пылъ зэпытщ.
27Унагъуэ Ӏуэхухэм текӀкъым зэикӀ и нэӀэ,
Ӏуэхуншэ шум и щӀакхъуэ Ӏыхьи ишхкъым.
28ЗэщӀотаджэр бынри – щытхъуфэхэр хуагъэш,
и щхьэгъуси псалъэ дахэхэр къыжреӀэр:
29«Хэлъкъым шэч фызыфӀхэр зэрыщыӀэм,
ауэ уэ ппэхъун къэхъуакъым».
30НэпцӀщ гуакӀуагъэр, дахагъэри уэсэпсщ,
ауэ Тхьэуэ Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ цӀыхубзым
щытхъу хуэфащэщ.
31Къилэжьа фӀыщӀэм ар хэвмыну ефпэсыж,
утыкухэм и щытхъуцӀэри щреӀу.
ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖
Гъэсэпэтхыдэхэр 31: АдгФЛ
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021