Гъэсэпэтхыдэхэр 28
28
ТӀОЩӀРЭ ЕЯНЭ ӀЫХЬЭ
1ЩӀэпхъуауэ мажэр цӀыху бзаджащӀэр,
зэхэзехуэн зыщӀа щымыӀэ пэтми,
аслъэным хуэдэу зэтелъщ игу-и щхьэ цӀыху
захуащӀэм.
2Хабзэншагъэр щыз хэгъэгум кӀэ имыӀэу
Ӏэтащхьэм зыщызэблахъу,
унафэщӀ Ӏущыр щытепщэр лъэ быдэкӀэ мэув.
3ЦӀыху тхьэмыщкӀэу факъырэр дэзыкъузэр
гъавэр зыхьыж уэшхышхуэм хуэдэщ.
4Тхьэм и Хабзэр зыӀэщӀэхум бзаджащӀэхэм я
щытхъу еӀуатэ,
Хабзэм гурэ псэкӀэ бгъэдэтыр абыхэм япэщӀэтщ.
5Захуагъэр сыт ищӀысми ищӀэркъым бзаджащӀэм,
Тхьэуэ Зиусхьэным и гъуэгур
къэзылъыхъухэм ар зищӀысыр ягуроӀуэ нэсу.
6Гъуэгу пхэнж ирикӀуэ цӀыху хуэщӀахэм нэхърэ
зи гъуэгупэр захуэм хуэгъэза тхьэмыщкӀэри
нэхъыфӀщ.
7Тхьэм и Хабзэм емыбакъуэр – бын губзыгъэщ,
мыхъумыщӀэр зи пэшэгъур – адэм и напэтехщ.
8ХэхъуэшхуэкӀэ щӀыхуэ ятурэ ягъэбэгъуа мылъкур
зэгуэр тхьэмыщкӀэм гущӀэгъу хуэзыщӀым
къыхуэнэнщ.
9Тхьэм и Хабзэ едэӀуну зыщызыдзейм
и тхьэлъэӀури гущыкӀыгъуэщ.
10ЦӀыху захуэр ем и гъуэгу тезышэр
мащэу итӀым ихуэжынущ,
зи гур къабзэм фӀыгъуэшхуэр къыпагъаплъэ.
11Бейм Ӏущу зыкъыщохъуж,
ауэ акъыл зиӀэ цӀыху тхьэмыщкӀэм ар зэуэ
къыщӀегъэщ.
12ЗахуащӀэм текӀуэныгъэр къыщыдихкӀэ,
гуфӀэгъуэм инурэ зеӀэт,
бзаджащӀэм бжьыпэр щиубыдкӀэ,
цӀыху цӀыкӀум заудыгъу.
13Илэжьа гуэныхьыр щӀэзыхъумэм
къыдэхъункъым зыфӀ,
ар зыдэзыщӀэжу тобэ къэзыхьыжым
Тхьэм и нэфӀыр къыщыхуэнщ.
14Тхьэуэ Зиусхьэным фӀэлӀыкӀыр теуващ гъуэгу
махуэ,
ерыщ екӀуа цӀыху гурымыкъыр хуэзэнущ
тхьэмыщкӀагъэ.
15ЦӀыхубэм епхъэшэкӀ Ӏэтащхьэ ерур
ещхьщ аслъэн гъуахъуэм е мыщэ губжьам.
16Акъыл зимыӀэ Ӏэщхьэтетым цӀыхуцӀэ зиӀэр
егъэхыщӀэ,
мылъку хьэрэм зыщызыдзейр хъунущ гъащӀэ
кӀыхь.
17Лъы игъэжам игъэхыщӀэ цӀыхум
и дуней Ӏыхьэр иухыхукӀэ уэху жригъэӀэнкъым;
щӀэгъэкъуэн апхуэдэм хэти хуремыхъу!#28:17 Пасэрей журтыбзэкӀэ тха Ӏэрытхым къыщыкӀуэ псалъэхэм къарыкӀыр гурыӀуэгъуэ дыдэкъым, зэрызэдзэкӀами къигъэлъагъуэр иӀэнкӀэ хъуну мыхьэнэхэм языхэзырщ.
18Шынагъуэ иӀэкъым захуагъэм тет зэпытым,
зи гъуэгур нашэкъашэр кӀуэдынущ зэуэзэпсэу.
19Къыхуихуэнкъым мэжэщӀалӀагъэр зи щӀы
Ӏыхьэр зылэжьыжым,
гугъэ нэпцӀхэм кӀэлъыпхъэрыр
тхьэмыщкӀагъэм игъэнщӀынщ.
20ӀуэхукӀэ щыпкъагъэ зыхэлъ цӀыхум и гухэлъ
псори къехъулӀэнщ,
мылъкушхуэ щӀэнэцӀыр гува-щӀэхами
ягъэпшынэнущ.
21ЩӀагъуэкъым нэфӀ-ней зепхьэну;
итӀаникӀ хьэлу Ӏыхьэ щхьэкӀэ мыхъумыщӀэ
зыщӀэфыни къахокӀ.
22Нэпсейр бей хъуным щӀэхъуэпс зэпытщ,
и гущхьэ лъапсэми къридзэркъым
тхьэмыщкӀагъэр къызэрыщӀыхьэнур.
23Къоубзэм нэхърэ
къогие цӀыхум иужькӀэ нэхъ фӀыщӀэ
хуэпщӀыжынущ.
24И адэ-анэм едыгъуэжрэ
ищӀа щымыӀэу къызыфӀэщӀыжыр –
сыткӀэ нэхъыфӀ лӀыукӀым нэхърэ?
25Нэпсейм къызэщӀегъэстыр зэныкъуэкъур,
унэнущ Тхьэуэ Зиусхьэным щыгугъ цӀыхур.
26Хэтми, зыщыгугъыжыр – акъылыншэщ,
Ӏущыгъэр зи Ӏэпэгъур шынагъэхэм
къелынущ.
27Дэхуэхахэм защӀэзыгъакъуэр хъункъым зэикӀ
тхьэмыщкӀэ,
хъатэ пэмыхьэ ахэр зыщӀым гыбзафэр
и гущӀыӀу икӀынкъым.
28БзаджащӀэм бжьыпэр щаубыдкӀэ,
цӀыху цӀыкӀум заудыгъу,
къыщехуэхыжкӀи ахэр – захуащӀэхэр
нэхъыбэ мэхъу.
ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖
Гъэсэпэтхыдэхэр 28: АдгФЛ
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021