Апостол Екъуб и тхылъ 5
5
5-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Фэ, бейхэр, фызыхуэсакъыж
1Фэ, цӀыху бейхэр, фыкъэдаӀуэ. Насыпыншагъэу къыфлъысынум щхьэкӀэ фыгъ икӀи фыпыхьэ. 2Фэ фи мылъкур фащ, фи щыгъынхэри хъуным яшхащ. 3Фи дыщэри фи дыжьынри улъиящ. Ахэр зэрыулъияр щыхьатщ фэ фызэрыкъуаншэмкӀэ, абы фи пкъыр текӀуэдэжынущ, мафӀэм зэригъэкӀуэдынум хуэдэу. Мы дунейм иужьырей махуэхэм мылъку зэщыхуэфлъэсащ. 4ЛэжьапщӀэ зэвмыту фи хьэсэхэр зезыхьа фи лӀыщӀэхэм фагъэкъуаншэурэ къыфкӀэлъоджэ. Гъавэр къэзыхыжхэм я гуо макъыр ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори ЗиӀэ Зиусхьэным и тхьэкӀумэхэм нэсащ. 5Ахъшэ куэд зытевгъэкӀуадэурэ зывгъэтхъэжу мы дунейм фыщыпсэуащ. Былым гъашхэм хуэдэу,#5:5 былым гъашхэм хуэдэу – апхуэдэу фэри гуэныхь щӀэнымкӀэ зызэрывгъэнщӀам щхьэкӀэ Тхьэм фигъэкъуэншэнущ. фэ фыщыфӀагъэжыну махуэм щхьэкӀэ гуэныхь щӀэнкӀэ зывгъэнщӀащ. 6Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхур вгъэкъуаншэри фукӀащ. Ар фэ къыфпэувакъым.
ШыӀэныгъэ зибгъэӀэнымрэ Тхьэм елъэӀунымрэ
7Аращи, си къуэшхэ, Зиусхьэныр къэкӀуэжыху, шыӀэныгъэ зивгъэӀэ. МэкъумэшыщӀэм щӀым хиса жылэ лъапӀэр къэкӀыу гъавэ хъуху зэрыпэплъэм феплъ. Ипэрей уэшхри иужьрей уэшхри къешхыху, шыӀэныгъэ иӀэу поплъэ ар. 8Апхуэдэу, фэри шыӀэныгъэ зивгъэӀэ, фигу вгъэбыдэ Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэр къэблэгъащи. 9Си къуэшхэ, зыр зым щхьэкӀэ фымытхьэусыхэ, Тхьэм фимыгъэкъуэншэн папщӀэ. ХеящӀэр бжэӀупэм Ӏутщ.
10Си къуэшхэ, Зиусхьэным и цӀэкӀэ къэпсэлъа бегъымбархэм щапхъэ ятефх. Гугъуехь яшэч щыхъум, шыӀэныгъэ зрагъэӀащ. 11Теубыдагъэ зиӀэхэр гъуэгу махуэ теувауэ жыдоӀэ. Ӏэиуб бегъымбарым#5:11 Ӏэиуб бегъымбарыр – еплъ Ӏэиуб и хъыбар зэрыт тхылъым (Иов) 2:10; 42:10. и теубыдагъэм и хъыбарыр зэхэфхащ. ИкӀэм-икӀэжым Зиусхьэным абы фӀы къызэрыригъэгъуэтыжар фощӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным гущӀэгъушхуэ иӀэщ, абы и гур дэ къытщӀогъу.
12Си къуэшхэ, псоми япэу, тхьэ фымыӀуэ. УафэмкӀи, щӀылъэмкӀи, сыт ищӀыскӀи тхьэ фымыӀуэ. «Аращ», жыфӀэу щытмэ, ар вгъэпэж. «Хьэуэ, аракъым», жыфӀэу щытмэ, ари вгъэпэж, Тхьэм фимыгъэкъуэншэн щхьэкӀэ.
13Фэ фщыщ гуэрым гугъуехь ишэчмэ, Тхьэм ирелъэӀу. Зыгуэр гуфӀэмэ, тхьэщӀыхь уэрэдхэр къыжреӀэ. 14Фщыщ гуэр сымаджэмэ, члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр#5:14 члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр – члисэ зэхуэсым хуэлажьэ тхьэмадэхэщ. кърыреджэ. Абыхэм Зиусхьэным и цӀэкӀэ сымаджэм дагъэ щрехуи, хурелъаӀуэ, 15фӀэщхъуныгъэ яӀэу Тхьэм зэрелъэӀум щхьэкӀэ сымаджэр хъужынущ. Зиусхьэным ар къызэфӀигъэувэжынущ. Гуэныхь ищӀами, къыхуигъэгъунущ. 16Аращи, Тхьэм фигъэхъужын щхьэкӀэ, фи гуэныхьхэмкӀэ зым адрейм и пащхьэм зыщывумысыжри, зыр адрейм папщӀэ Тхьэм фелъэӀу. Щыпкъагъэ зиӀэ цӀыхум и тхьэлъэӀум лъэкӀыныгъэ иӀэщ икӀи куэд лъокӀ.
17Иляс бегъымбарыр#5:17-18 Иляс бегъымбарыр – еплъ Пащтыхьхэм я хъыбархэр зэрыт япэ тхылъым (3-я Царств) 17:1; 18:42-45. дэ дэщхь цӀыхуу щытащ. Уэшх къемышхын щхьэкӀэ, и фӀэщу Тхьэм елъэӀури, илъэсищрэ мазихкӀэ щӀым уэшх къытешхакъым. 18Абы и ужькӀэ Тхьэм аргуэру елъэӀури, Тхьэм уэшх къригъэшхащ, щӀым хэлъ жылэхэм къэкӀыу щӀадзэжащ.
19Си къуэшхэ, фэ фщыщ гуэр щыпкъагъэм и гъуэгум текӀ хъумэ, ар гъуэгу занщӀэм тезыгъэхьэжым мыр ирырещӀэ: 20Гъуэгу пхэнжым тет гуэныхьыщӀэ цӀыхур гъуэгу захуэм тезыгъэхьэж дэтхэнэми адрейр ажалым къыӀэщӀишыжынурэ, гуэныхь куэди къыхуэгъужынущ.
ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖
Апостол Екъуб и тхылъ 5: KbdNTGP2017
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង
ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017