Апостол Екъуб и тхылъ 4
4
4-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Мы дунейм ныбжьэгъу ухуэхъуныр
1Зэбииныгъэрэ зэщыхьэныгъэрэ дэнэ къикӀыу къыфхыхьэрэ? Хъуэпсэныгъэ Ӏейхэу фигухэм илъу щызэныкъуэкъухэракъэ къызыхэкӀыр? 2Зыгуэр фиӀэну фыхуейщ, ауэ фиӀэкъым. ЦӀыху фоукӀ икӀи фохъуапсэ, ауэ фызыхуейр къыфӀэщӀыхьэркъым. Фызэщохьэ икӀи фызэбийщ. Тхьэм фелъэӀуркъыми, фызыхущӀэкъур къывэхъулӀэркъым. 3Тхьэм фелъэӀуми, зыри къывитыркъым, Ӏеягъ фигу илъу, фи гур зыщӀэхъуэпс Ӏуэхугъуэхэм ятевгъэкӀуэдэныр арщ Тхьэм фыщӀелъэӀури.
4Фэ зинэ зыщӀэхэм фахуэдэщ. Мы дунейм ныбжьэгъу фыхуэхъунри Тхьэм бий фыхуэхъунри зыщ, ар фщӀэркъэ фэ? Аращи, дунейм ныбжьэгъу хуэхъуну хуейр Тхьэм и бий хъууэ арщ. 5Е Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу зэрыхэтыр пщӀэншэу фи гугъэ: «Дэ тхэт псэр хуабжьу мэфыгъуэ»? 6Ауэ ди гум илъым нэхърэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр нэхъ инщ. Аращи, Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу хэтщ#4:6 Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ – еплъ Сэлмэн пащтыхьым и псалъэжьхэм (Притчи) 3:34.:
«Тхьэр поув пагагъэ зи гум илъ цӀыхум,
и нэфӀ щохуэ пагагъэ зи гум имылъым».
7Аращи, Тхьэм фыхуэӀурыщӀэ. ШейтӀаным фыпэуви, ар фи пащхьэм икӀынурэ щӀэпхъуэжынущ. 8Тхьэм гъунэгъу зыхуэфщӀи, езыми гъунэгъу зыкъыфхуищӀынущ. Фи Ӏэхэр вгъэкъабзэ, фэ, гуэныхь зыщӀэхэм, фигухэр вгъэкъабзэ, фэ, теубыдагъэ зимыӀэу гупсысэ дыкъуакъуэ зиӀэхэм. 9Фынэщхъей, фыгъ икӀи фыпыхьэ. Фи дыхьэшхыныр гъынкӀэ, фи гуфӀэгъуэми нэщхъеягъуэкӀэ зрехъуэж. 10Тхьэм и пащхьэм зыщывгъэлъахъши, езым фыкъиӀэтынущ.
Къуэш гуэрым хьэкум тепщӀыхьыныр
11Си къуэшхэ, ӀейкӀэ фызэхуэмыпсалъэ. Зи къуэш ӀейкӀэ тепсэлъыхьурэ зыгъэкъуаншэр Тхьэм и унафэхэм ӀейкӀэ топсэлъыхь икӀи мызахуэу елъытэ. Ауэ Тхьэм и унафэхэр пфӀэмызахуэмэ, ахэр умыгъэзэщӀауэ, хьэкум ятепщӀыхьауэ мэхъу. 12ЦӀыхухэм унафэхэр яхуэзыщӀу, хьэкум ятезыщӀыхьыр зы къудейщ, ахэр мыкӀуэду къезыгъэлыну е зыгъэкӀуэдыну лъэкӀыныгъэ ЗиӀэр аращ. Ауэ щыхъукӀэ, уэ ухэт, уи гъунэгъур бгъэкъуэншэну?
Узыщымытхъуж
13ФыкъэдаӀуэ фэ, мыпхуэдэу жызыӀэхэр: «Е нобэ, е пщэдей мо къалэм е адрей къалэм дыкӀуэнурэ, зы илъэс дыкъэтынущ, дыщэхуэурэ икӀи тщэурэ ахъшэ къэдлэжьэнущ». 14Ауэ щыхъукӀи, пщэдей къэхъунур фщӀэркъым. Фи гъащӀэр сыт хуэдэ? Зы тӀэкӀурэ къэлъагъуэу, итӀанэ кӀуэдыж бахъэм фыхуэдэщ. 15Аращи, апхуэдэу жывмыӀэу, мыпхуэдэу жыфӀэн хуейщ: «Зиусхьэныр хуеймэ, дыпсэунущ, мыр е мор тщӀэнущ». 16Ауэ иджы зыкъыффӀощӀыж икӀи фызыщотхъуж. Апхуэдэ зыщытхъужыныгъэ псори Ӏейщ. 17Аращи, фӀыуэ илэжьын хуейр къыгурыӀуэ пэтми, зымылэжьым гуэныхь ещӀэ.
ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖
Апостол Екъуб и тхылъ 4: KbdNTGP2017
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង
ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017