Апостол. 27
27
27-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Рим къалэшхуэм кӀуэну, Паул кхъухьым зэритӀысхьар
1Дэ#27:1 Дэ – еплъ 20:5. Италием кхъухькӀэ дригъэшэну Фест Ӏэтащхьэм щытриубыдэм, Паулрэ лъэхъуэщым щӀэс нэгъуэщӀ гупрэ кесарым и цӀэкӀэ зэджэ лӀы щих хъу дзэ гупым я пашэхэм щыщу ИулийкӀэ зэджэм ӀэщӀилъхьащ. 2Адрамит къалэм щыщу Асие хэкум и хы Ӏуфэм Ӏут къалэхэм кӀуэн хуей кхъухьым дитӀысхьэри, абдежым дыщежьащ. Македоние хэкум ит Фессалоникэ къалэм щыщу Аристарх зи цӀэр ди гъусэт.
3ЕтӀуанэ махуэм Сидон къалэм дыӀухьащ. Иулий и нэфӀыр Паул щыхуэри, Паул и ныбжьэгъуу а къалэм дэсхэм зыхуэныкъуэр къратын щхьэкӀэ, абыхэм я деж кӀуэну ар хуит ищӀащ. 4Абдежым дэ дыкъыщежьэри, жьыр къызэрытпеуэм щхьэкӀэ, Кипр хытӀыгум дыкӀуащ. 5Киликие, Памфилие хэкухэм хуэзанщӀэ хым дызэпрыкӀри, Ликие хэкум щыщ Мирэ къалэм дынэсащ. 6Александрие къалэм щыщу Италием кӀуэну кхъухь гуэр дзэ пашэм абдежым къыщигъуэтри, абы дригъэтӀысхьащ. 7Махуэ зыкъомкӀэ хуэмурэ дыкӀуэурэ, гугъу дехьу, Книд къалэм хуэзанщӀэ дыхъуащ. Жьым занщӀэу дигъэкӀуэртэкъыми, хым къыхэщ щӀы къуапэу Салмон зи цӀэм дыблэкӀыурэ, Крит хытӀыгум и лъэныкъуэу жьы къыщыздемыпщэм дыбгъурытурэ дыкӀуащ. 8ХытӀыгум дыбгъурыту гугъу дехьу дыкӀуэурэ, Ласей къалэм и гъунэгъуу «Кхъухь тедзапӀэфӀхэр» жыхуаӀэ щӀыпӀэм дынэсащ.
9Зэман куэд тфӀэкӀуэдат, кхъухькӀэ узекӀуэнри шынагъуэ хъуат, нэщӀ махуэр#27:9 нэщӀ махуэр – журтхэм я махуэшхуэу «Иом Киппур» зи цӀэрщ. Ар зытехуэр ебгъуанэ е епщӀанэ мазэрати, кхъухькӀэ укӀуэныр щынагъуэт. А махуэшхуэм журтхэр нэщӀщ. блэкӀагъащӀэти. Арати, лӀыхэм ягуригъаӀуэурэ, 10Паул мыпхуэдэу яжриӀащ:
– ЦӀыхухъу гуп, сэ къызэрысфӀэщӀымкӀэ, мы ди гъуэгуанэм узыщышынэн хэлъщ. Хьэлъэхэмрэ кхъухьымрэ я мызакъуэу, ди псэхэри тфӀэкӀуэдынкӀэ шынагъуэщ.
11Дзэ пашэр Паул жиӀам нэхърэ кхъухь пашэми кхъухьыр зейми жаӀахэм нэхъ едаӀуэрт. 12ЩӀымахуэр щитхын кхъухь тедзапӀэфӀ абы зэрыщымыӀэм къыхэкӀкӀэ, а щӀыпӀэм дыщежьэу, Ӏэмал иӀэмэ, Финик зи цӀэ кхъухь тедзапӀэм дынэсу, щӀымахуэр абы щыдгъэкӀуэну нэхъыбэр зэгурыӀуащ. Финик зи цӀэ кхъухь тедзапӀэр Крит хытӀыгум и кхъухь тедзапӀэхэм ящыщт икӀи ипщэрабгъу-кхъухьэпӀэмкӀи ищхъэрабгъу-кхъухьэпӀэмкӀи хуэгъэзауэ щытт.
Хым борэнышхуэ къызэрыщыхъуар
13Ипщэ лъэныкъуэмкӀэ къикӀыу жьы тӀэкӀу къепщэ щыхъум, я мурадыр къехъулӀауэ къафӀэщӀри ежьащ. Крит хытӀыгум бгъурыту кӀуэрт ахэр. 14Ауэ куэд дэмыкӀауэ, «Ищхъэрабгъу-къуэкӀыпӀэмкӀэ къикӀ борэнышхуэр» хытӀыгумкӀэ къикӀри къажьэхэуащ. 15Борэнышхуэм апхуэдизкӀэ хиубыдат, кхъухьыр абы пэлъэщыртэкъыми дэ толъкъукнхэм дызэрахьэрт, я ӀэмыщӀэ зитлъхьауэ. 16Клавдэ зи цӀэ хытӀыгу цӀыкӀу гуэрым и лъэныкъуэу жьы къыщыздемыпщэм дыбгъурыту дыкӀуэурэ, гугъу дыдехьу, кхъухьым ит къуафэжьейр щӀимылъафэу къедгъэлащ. 17Къуафэжьейр къухьым къраха нэужь, кӀапсэшхуэхэр кхъухьым и щӀагъкӀэ щӀалъэфри, борэнышхуэм зэпкъримыудын щхьэкӀэ, кхъухьым кърашэкӀащ. Кхъухьыр Сыртис зи цӀэ чэнжыпӀэм къытенэнкӀэ шынэрти, жьыху чэтэнхэр ирахьэхри, борэнышхуэм зрагъэхуу щӀадзащ. 18Борэнышхуэр етӀуанэ махуэм нэхъ иныжь хъуати, хьэлъэхэр хым хадзэу хуежьащ. 19Хьэпшыпхэр хым ди ӀэкӀэ хэддзащ ещанэ махуэм. 20Махуэ зыкъомкӀэ дыгъи вагъуи дымылъагъурэ, борэнышхуэри мыувыӀэу екӀуэкӀати, дыкъелынкӀэ гугъапӀэ диӀэжтэкъым.
21ЛӀыхэр куэд щӀауэ шхатэкъыми, Паул абыхэм я пащхьэм къиувэри, жиӀащ:
– Фэ лӀы гупыр, сэ фыкъызэдаӀуэу, Крит хытӀыгум фыкъыщемыжьатэмэ, мыр къыфщыщӀынтэкъым, икӀи зыри ффӀэкӀуэдынтэкъым. 22Ауэ фымыгужьей вжызоӀэ иджы, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ фщыщ зыри кӀуэдынукъыми. Кхъухьым и закъуэщ кӀуэдынур. 23Тхьэуэ зи бынхэм сащыщу сызыхуэлажьэм и мелыӀычыр ныжэбэ къысхуэхутэри, 24къызжиӀащ: «Умышынэ, Паул! Кесарым и пащхьэм уиувэн хуейщ. Кхъухьым къыбдис псори, Тхьэм и нэфӀ уи хьэтыркӀэ къащыхуэнурэ, мыкӀуэду къелынущ». 25Аращи, фымыгужьей, лӀы гуп. Тхьэм къызэрызжиӀам хуэдэу зэрыхъунумкӀэ абы сыщогугъ. 26Борэнышхуэм хытӀыгу гуэрым дрихулӀэн хуейщ.
27ЕпщыкӀуплӀанэ жэщым Адриэ хым дыхэту, борэнышхуэм кхъухьыр ихуурэ, жэщ ныкъуэм деж щӀым гъунэгъу дызэрыхуэхъум лӀыхэм гу лъатащ. 28Хым и куууагъыр къапщри, ӀэплӀакӀуэ тӀощӀ хъуащ. ТӀэкӀу дэкӀауэ хым и куууагъыр аргуэру къыщапщым, ӀэплӀакӀуэ пщыкӀутху хъуащ. 29Борэнышхуэм кхъухьыр мывэшхуэхэм яфӀигъэнэнкӀэ шынэрти, кхъухьыпхэмкӀэ хъурзиплӀ щрадзыхри, нэху щыщыным гузэвэгъуэр яӀэу пэплъэу щӀадзащ. 30ЩӀэпхъуэжын мурад ящӀати, кхъухьыпэмкӀэ хъурзэ зыкъом щрадзых хуэдэу защӀри, кхъуафэжьейр хым ирагъэлэлэхащ кхъухьзехуэхэм. 31Апхуэдэу щыхъум, Паул дзэ пашэмрэ зауэлӀхэмрэ яжриӀащ:
– А лӀыхэр кхъухьым къимынэмэ, фи псэхэр къевгъэлын флъэкӀынукъым.
32Паул апхуэдэу щажриӀэм, зауэлӀхэм и кӀапсэшхуэхэр зэпаупщӀри, кхъуафэжьейр ирагъэхуэхащ.
33Нэху ща нэужь, Паул, псоми шхэну елъэӀуурэ, мыпхуэдэу жиӀащ:
– Нобэ махуэ пщыкӀуплӀ мэхъу фыгузавэурэ фэ зыри зэрывмышхрэ. 34Аращи, фышхэну быдэу сыныволъэӀу, фыкъелыну фыхуеймэ, ар Ӏэмал зимыӀэщ. Фэ фщыщу зыми и щхьэц налъэ хэхунукъым.
35Паул апхуэдэу жиӀа нэужь, щӀакхъуэ къищтэщ, псоми я пащхьэм, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀурэ, щӀакхъуэр щызэгуищӀыкӀри, ишхыу щӀидзащ. 36Псоми я гур къызэрыгъуэтыжри, шхащ. 37Кхъухьым исыр цӀыху 276-рэ дыхъурт.
38Абыхэм зыщагъэнщӀым, гуэдз зэрылъ къэпхэр хым хадзэурэ, кхъухьыр нэхъ псынщӀэ ящӀащ.
Кхъухьыр зэрызэхэкъутар
39Нэху щыщым, хы Ӏуфэр къацӀыхужакъым, ауэ псы дэлъэдапӀэ пшахъуавэ къалъэгъуащ. Ӏэмал иӀэмэ, кхъухьыр абы ирахулӀэну траубыдащ. 40Хъурзэхэм я кӀапсэшхуэхэр зэпаупщӀри, хым къыханащ. Псыр зэрыщӀатхъу хьэнцэхэм я кӀапсэшхуэхэри ятӀэтащ а дакъикъэ дыдэм. Жьыху чэтэн цӀыкӀур борэнышхуэм хуагъазэри, хы Ӏуфэм хуаунэтӀащ итӀанэ. 41Ауэ кхъухьыр пшахъуавэм хыхьэри, абы къытенащ. Кхъухьым и пэр мыхъеижу чэнжыпӀэм тенащ, толъкъун лъэщхэм кхъухьым и гупхэр зэпкърауду щӀадзащ.
42Лъэхъуэщым щӀэсхэм ящыщ гуэр есурэ щӀэмыпхъуэжын щхьэкӀэ, зауэлӀхэм я мурадт ахэр яукӀыну. 43Ауэ Паул къригъэлыну дзэ пашэр хуейти, зауэлӀхэм я гум илъыр яримыгъащӀэурэ, есыкӀэ зыщӀэхэм псым нэхъапэ зыхадзэу, хы Ӏуфэм есылӀэну унафэ яхуищӀащ. 44Къэнахэми, пхъэбгъухэмрэ кхъухьым щыщ къутахуэхэмрэ ятелъу, я псэр хы Ӏуфэм нахьэсыну яжриӀащ. А щӀыкӀэм тету псори хы Ӏуфэм нэсри, псэууэ къелащ.
ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖
Апостол. 27: KbdNTGP2017
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង
ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017