Апостол. 26
26
26-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Агриппэ пащтыхьым и пащхьэм Паул зызэрыщиухеяр
1Агриппэ Паул жриӀащ абы и ужькӀэ:
– Зыбухейуэ упсэлъэну ухуитщ.
Паул и Ӏэр къиӀэтри, зиухейуэ жиӀащ:
2Агриппэ пащтыхь, журтхэм сызэрагъэкъуаншэ Ӏуэху псомкӀи уи пащхьэм зызэрыщызухейр си дежкӀэ насыпу солъытэ. 3Апхуэдэу щӀэслъытэм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр журтхэм я хабзэхэри щӀызэныкъуэкъу Ӏуэху псори фӀыуэ зэрыпщӀэрщ. Аращи, жысӀэнум гупсэфэу укъедэӀуэну сынолъэӀу.
4Си щӀалэгъуэм къыщыщӀэдзауэ си лъэпкъым сыхэту Ерусалим сызэрыщыпсэур журт псоми фӀыуэ ящӀэ. 5Абыхэм сыкъызэрацӀыхурэ куэд щӀащ. Диным и гъуэгум ирикӀуэ цӀыху гупхэм ящыщу, диныр нэхъ ткӀийуэ зезыхьэу фарисей#26:5 фарисей – еплъ Маттэ 3:7. гупкӀэ зэджэм я гъуэгум срикӀуэу зэрыщытамкӀэ ахэр хуейуэ щытмэ, щыхьэт къысхуэхъун ялъэкӀынущ. 6Ди адэжьхэр Тхьэм къызэригъэгугъа Ӏуэхум#26:6 Тхьэм ди адэжьхэр къызэригъэгугъа Ӏуэхур – лӀахэр къызэрытэджыжынуращ (еплъ 23:6; 24:15; 26:8). сэ сызэрыщыгугъым щхьэкӀэ хеящӀэм и пащхьэм сыкърашащ иджы. 7Ди адэжьхэр Тхьэм къызэригъэгугъа дыдэращ ди лъэпкъым и унагъуэ лъэпкъ пщыкӀутӀыр жэщи махуи Тхьэм гурэ псэкӀэ хуэлажьэурэ, къагъуэтыну зыщыгугъыр. Ди пащтыхь, сэри абы сызэрыщыгугъыращ журтхэр къыщӀызэдауэр. 8Тхьэм лӀахэр къызэригъэтэджыжынур къэмыхъун Ӏуэхуу щӀэфлъытэр сыт?
9Назарет щыщу Хьисэ зи цӀэм зэрыслъэкӀкӀэ сыпэувыжын хуейуэ къысщыхъуу щытащ сэ. 10Ерусалим щысщӀэри арат. Дин пашэшхуэхэм хуитыныгъэ къеӀысхри, си цӀыхухэм Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм ящыщ куэд лъэхъуэщым щӀезгъадзэу щытащ. Тепщэныгъэ зиӀэхэм укӀ хьэкум абыхэм щытралъхьэм, ар сэри игъуэу слъытащ. 11Синэгуэгу псоми абыхэм куэдрэ гугъуехь щезгъэшэчащ икӀи Хьисэ Ӏей зэрыхужезгъэӀэным сыхэтащ. АпхуэдизкӀэ гужьгъэжь яхузиӀэти, гугъуехь езгъэшэчын щхьэкӀэ, хамэ къалэхэм нэс сакӀэлъыкӀуэрт.
Зиусхьэн Хьисэ и гъуэгум зэрытехьам и хъыбарыр Паул къызэриӀуэтар
(Апостол. 9:1-19; 22:6-16)
12– Дин пашэшхуэхэм хуит зезгъэщӀри, а Ӏуэхур си пщэм къыдалъхьауэ, Дамаск сыкӀуэу гъуэгу сытетт. 13Гъуэгум сыздрикӀуэм, щэджагъуэ хъуауэ, дыгъэм нэхърэ нэхъ лыду нэхугъэ гуэр уафэм къехауэ, си гъусэхэмрэ сэрэ дыкъиухъуреихьу слъэгъуащ, ди пащтыхь. 14Псори щӀым дытеджалэри, макъ гуэрым журтыбзэкӀэ мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ:
– «Щаул, Щаул, сыт гугъу сыщӀебгъэхьыр? Выр зейм и баш кӀыхь папцӀэм выр къызэрелъэкъуауэм хуэдэу пщӀымэ, уи зэран зыбогъэкӀыж».
15– «Уэ ухэт, Зиусхьэн?» – жысӀэри сеупщӀащ.
– «Гугъу ебгъэхь Хьисэ сэращ», жиӀащ Зиусхьэным. 16«Ауэ иджы къэтэджи, къызэфӀэувэж. Си ӀуэхутхьэбзащӀэ ухъуну, плъэгъуамрэ уэзгъэлъагъунумрэ щыхьэт уатехъуэну узгъэуващ икӀи зыкъозгъэлъэгъуащ. 17Уэ уи лъэпкъымрэ узыхуэзгъэкӀуэну хамэхэмрэ уакъыӀэщӀэсхыжынущ. 18Ахэр кӀыфӀыгъэм къыхэкӀыу, нэхугъэм зыкъыхуагъэзэн икӀи шейтӀаным и тепщэныгъэм къыщӀэкӀыу, Тхьэм и ӀэмыщӀэ зралъхьэн щхьэкӀэ, я нэхэр къэбгъэплъэжыну, абыхэм я деж узогъакӀуэ. СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ гуэныхьу ящӀар къахуэгъунущ итӀанэ икӀи Тхьэм и ӀэмыщӀэ зезылъхьа цӀыхухэм ӀыхьэфӀу къалъысынур абыхэми къалъысынущ».
Журтхэмрэ хамэ лъэпкъхэмрэ я пащхьэм Паул Хьисэ щыхьэт зэрыщыхуэхъуар
19– Аращи, Агриппэ пащтыхь, уафэм къехыу зыкъызэзыгъэлъэгъуам сыпэувыжакъым. 20Дамаск къалэм дэсхэм, итӀанэ Ерусалим дэсхэм, Иудей хэку псом ис цӀыхухэм, хамэ лъэпкъхэм щыщхэм гуэныхьу ящӀахэм хущӀегъуэжу, Тхьэм и гъуэгум техьэн зэрыхуейри, гуэныхьу ящӀам зэрыхущӀегъуэжам хуэфащэ Ӏуэхухэр ящӀэн зэрыхуейри яжесӀэу екӀуэкӀащ япэщӀыкӀэ. 21Иджы, мис, аращ Тхьэм и унэшхуэм сыщаубыду саукӀыну журтхэр щӀыхэтар. 22ИтӀани нобэр къыздэсым Тхьэр дэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъуурэ, цӀыкӀуми инми я пащхьэм щыпкъагъэм щыхьэт сыщытохъуэ. Бегъымбархэмрэ Мусэ бегъымбарымрэ къэхъун хуейуэ жыхуаӀа Ӏуэхухэм фӀэкӀа сытепсэлъыхьыркъым: 23Мэссихь* гугъуехь ишэчын хуейуэ зэрыщытар икӀи псом япэ езыр лӀахэм къахэтэджыкӀыжауэ, езым и лъэпкъымрэ хамэ лъэпкъхэмрэ нэхур иджы къазэрыхуэлъагъуэм и хъыбар яхуиӀуэтэну зэрыщытарщ сызытепсэлъыхьар.
Паул Агриппэ фӀэщхъуныгъэ зригъэӀэну зэрелъэӀуар
24Паул апхуэдэу зиухей щыхъум, Фест макъышхуэкӀэ жиӀащ:
– Паул, уэ уделэщ. Уэ уи щӀэныгъэшхуэм уи щхьэр зэригъэкӀуэкӀащ.
25– Сэ си щхьэр зэкӀуэкӀакъым, щӀыхь зыхуэфащэ Фест, – жиӀащ Паул, – сэ жысӀэр псалъэ пэжщ, псалъэ захуэщ. 26Пащтыхьыр мы Ӏуэхухэм щыгъуазэщ, сытегушхуауэ абы и пащхьэми сыкъыщопсалъэ. Абы гу зылъимыта а Ӏуэхухэм зэрыхэмылъымкӀэ дзыхь хузощӀ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы Ӏуэху псори къуэгъэнапӀэ гуэрым къыщыхъуакъым. 27Агриппэ пащтыхь, бегъымбархэм ятхахэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ уиӀэ? ФӀэщхъуныгъэ узэриӀэр сощӀэ.
28– Мэссихь и гъуэгу апхуэдэу псынщӀэу сытебгъэхьэфыну къыпфӀэщӀрэ? – къыжриӀащ Агриппэ Паул.
29– ПсынщӀэми мыпсынщӀэми, уэ уи мызакъуэу, нобэ сызэхэзыха псори сэ схуэдэ хъуну, ауэ Ӏэхъулъэхъу ярымылъыну Тхьэм солъэӀу, – жиӀащ Паул.
30Абы и ужькӀэ пащтыхьи, Ӏэтащхьэри, Вереники, абыхэм я гъусэхэри къэтэджыжри, пэшым щӀэкӀыжащ. 31Пэшым щыщӀэкӀыжым, абыхэм жаӀащ:
– УкӀ е лъэхъуэщ къыщӀихьын Ӏуэху лъэпкъ мы лӀым ищӀакъым.
32Агриппэ Фест жриӀащ итӀанэ:
И хьэкумыр кесарым къытрищӀыхьыну мылъэӀуатэмэ, мы лӀыр щхьэхуиту дутӀыпщыжын тлъэкӀынт.
ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖
Апостол. 26: KbdNTGP2017
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង
ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017