Апостол. 13
13
13-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Антиохие щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщхэм Тхьэм хуэлэжьэну Варнавэрэ Щаулрэ зэрагъэувар
1Бегъымбархэри дин егъэджакӀуэхэри Антиохие щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщхэм яхэтт: Варнавэ, «ФӀыцӀэкӀэ» зэджэ Симон, Кириние къалэм щыщ Луций, Манаил (ар Ирод пщым#13:1 Ирод пщыр – еплъ Лука 3:1. и гъусэу япӀарщ), Щаул сымэ. 2Тхьэм елъэӀуурэ, жэщи махуи нэщӀ ису щыщӀадзэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абыхэм къажриӀащ:
– Варнавэрэ Щаулрэ сэ зыхуезджа Ӏуэхум щхьэкӀэ къысхуэвгъанэ.
3Арати, жэщи махуи нэщӀ иса нэужь, ахэр Тхьэм елъэӀуащ, я Ӏэхэр абыхэм я щхьэм тралъхьэри,#13:3 я Ӏэхэр абыхэм я щхьэм тралъхьэри – апхуэдэу щӀащӀар а лэжьыгъэр а лӀитӀым я пщэм далъхьэн икӀи ар ягъэзэщӀэн папщӀэ Тхьэм и нэфӀыр къащыхуэн щхьэкӀэщ. Тхьэм хуэлэжьэну ягъэкӀуащ.
Кипр хытӀыгум щыщ цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм апостолхэм ирагъэдаӀуэу зэрыщытар
4Варнавэрэ Щаулрэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм игъакӀуэри, Селевкие къалэм#13:4 Селевкие къалэр – Антиохием километр 20-кӀэ пэжыжьэу щытащ. А къалэм кхъухь тедзапӀэ иӀэу, хы Ӏуфэм Ӏутт. нэсащ. Абдежым кхъухькӀэ щежьэхэри, Кипр хытӀыгум кӀуащ. 5Саламин къалэм нэсри, журтхэм я синэгуэгухэм* цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щрагъэдэӀуащ. Иуан абыхэм дэӀэпыкъуэгъуу я гъусэт.
6ХытӀыгум и кӀыхьагъкӀэ ирикӀуэри, Паф къалэм#13:6 Паф къалэр – Кипр хытӀыгум и дыгъэ кхъухьэпӀэ хы Ӏуфэм Ӏуту, къалэшхуэу щытащ. щынэсым, удыгъэ Ӏуэхум хэт журт бегъымбар нэпцӀ гуэрым ӀущӀащ. Абы и цӀэр Варисуст. 7Ар хытӀыгум и Ӏэтащхьэ#13:7 Ӏэтащхьэ – Кипр хытӀыгур зи ӀэмыщӀэ илъу, Рим къэралыгъуэшхуэм хуэлажьэ унафэщӀырщ. Сергей Паул зи цӀэм и гъусэт. Сергей Паул цӀыху губзыгъэу щытащ. Тхьэм и псалъэхэм едэӀуэну фӀэфӀти, абы Варнавэрэ Щаулрэ иригъэблэгъащ. 8Ауэ удыгъэ Ӏуэхум хэт Елимэ зи цӀэр (Елимэм къикӀыр «Удыгъэ Ӏуэхум хэтырщ»), Ӏэтащхьэр фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу тримыгъэхьэным и ужь иту, Варнавэрэ Щаулрэ япэувырт. 9Ауэ Щаулу ПаулкӀи зэджэм#13:9 Щаулу ПаулкӀэ зэджэр – апостол Паул и цӀэр журтыбзэкӀи Щаул, урымыбзэкӀи Паул мэхъу. и гум Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр хуабжьу хыхьэри, и нэхэр Елимэ триубыдауэ жиӀащ:
10– Уэ шейтӀаным урикъуэщ, уэ пэжыгъэ псом урабийщ. ГъэпцӀагъэ псори бзаджагъэ псори уи гум хуэфӀу илъщ. Тхьэм и гъуэгу занщӀэхэр къуаншэ пщӀыну ухэтыныр щыбгъэтынукъэ? 11Зиусхьэным и Ӏэр къыптелъщ иджы. Дыгъэм и нэхур умылъагъуу, пӀалъэ гуэркӀэ нэф ухъунущ.
Асыхьэт дыдэм пшагъуэри кӀыфӀыгъэри Елимэ къыхуехащ. Ежьэри, къезышэкӀын гуэрым лъыхъуэу щӀидзащ итӀанэ. 12Абы къыщыщӀар щилъагъум, Ӏэтащхьэм фӀэщхъуныгъэ иӀэ хъуащ. Варнавэрэ Паулрэ Зиусхьэным теухуа хъыбару кърагъэщӀар Ӏэтащхьэм игъэщӀэгъуащ.
Писидие хэкум щыщ Антиохие къалэм Паулрэ Варнавэрэ зэрыкӀуар
13Паулрэ и гъусэхэмрэ Паф къалэм кхъухькӀэ щежьэри, Памфилие хэкум щыщ Пергие къалэм кӀуащ. Иуан ахэр абы къыщинэри, Ерусалим игъэзэжащ. 14Адрей лӀитӀыр Пергие къалэм блэкӀри Писидие хэкум щыщ Антиохие къалэм нэсащ. Щэбэт махуэм* синэгуэгум щӀыхьэри тӀысащ. 15Торэт хабзэм#13:15 Торэт хабзэр – еплъ Маттэ 5:17. итхэмрэ бегъымбархэм ятха тхылъхэм#13:15 бегъымбархэм ятха тхылъхэр – еплъ Маттэ 5:17. ярытхэмрэ ящыщ гуэрхэм еджа нэужь, синэгуэгу пашэхэм зыгуэр ягъакӀуэри жрагъэӀащ:
– Ди къуэшхэ, мы цӀыхухэр зэрывгъэгушхуэн псалъэхэр фщӀэмэ, жыфӀэ!
16Паул къэтэджщ, Ӏэ яхуищӀри, жиӀащ:
– Фэ, израил цӀыхухэри, Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъхэри, фыкъэдаӀуэ. 17Израил лъэпкъым и Тхьэм ди адэжьхэр къыхихащ. Ди лъэпкъыр Мысырым щисым, лъэпкъышхуэ ищӀри, абы къаруушхуэкӀэ къришыжащ. 18Губгъуэ нэщӀым илъэс плӀыщӀкӀэ щигъэшхащ. 19Ханаан къэралым щыпсэу лъэпкъиблыр игъэкӀуэдри, абыхэм я къэралыр израил лъэпкъым и Ӏыхьэ хъуну къыхуигъэнэжащ. 20А псори илъэс щиплӀрэ щэ ныкъуэм къриубыдэу къэхъуащ.
– Абы и ужькӀэ Тхьэм хеящӀэхэр#13:20 хеящӀэ – еплъ Маттэ 5:21. абыхэм яритащ, Самуел бегъымбарым и махуэхэм нэсыху. 21Пащтыхь яхухихыну цӀыхухэр Самуел елъэӀуащ итӀанэ. Биниамин и унагъуэ лъэпкъым щыщу, Къыш и къуэ Щаул пащтыхь яхуэхъуну Тхьэм яритащ. Абы и ужькӀэ илъэс плӀыщкӀэ ар пащтыхьу щытащ. 22Тхьэм ар тригъэкӀыжри, Даут пащтыхьу игъэуващ. Тхьэм Даут мыпхуэдэу щыхьэт хуэхъуащ:#13:22 Тхьэм Даут … щыхьэт хуэхъуащ – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 88:21; Самуел бегъымбарым и хъыбар зэрыт япэ тхылъым, (1-я Царств) 13:14. «Иессе и къуэу Даутыр си гум ирихь цӀыхуу къэзгъуэтащ. Сэ сызыхуей псори абы игъэзэщӀэнущ». 23А лӀым къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщу, израил цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр Хьисэщ; Тхьэм ар абыхэм къахуигъэкӀуащ, я адэжьхэр къызэригъэгугъам тету. 24Хьисэ къэмыкӀуэ щӀыкӀэ, Иуан «Фэ фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, зызвгъэумэхъ», жиӀэурэ израил цӀыху псоми хъыбар яхуиӀуатэрт. 25Иуан и лэжьыгъэр щиухкӀэ жиӀэрт:#13:25 Иуан … жиӀэрт – еплъ Лука 3:16. «Сэ хэту сыкъэфлъытэрэ? Фэ фызыпэплъэр сэракъым. Фэ фызыпэплъэр си ужькӀэ къэкӀуэнущ, абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи сэ схуэфащэкъым».
26(Паул итӀанэ къыщӀигъужащ:)
– Ибрэхьим къытехъукӀа си къуэшхэ, фэ нэгъуэщӀ лъэпкъхэм щыщу Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъхэ, Тхьэм цӀыхухэр мыкӀуэду къызэрыригъэлым и хъыбарыр къызылъэӀэсар дэращ. 27Ерусалим дэсхэмрэ абыхэм я пашэхэмрэ цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр зэры-Хьисэр ящӀэжакъым. Абы укӀ тралъхьащ, бегъымбархэм я псалъэу щэбэт махуэ къэс синэгуэгухэм къыщызэджэхэр а цӀыхухэм пэж ящӀащ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ. 28Хьисэ укӀ щӀытралъхьэн щхьэусыгъуэ ямыгъуэта пэтми, Пилат Ӏэтащхьэм#13:28 Пилат Ӏэтащхьэр – еплъ Лука 3:1. елъэӀуащ ар иукӀыну. 29Хьисэ теухуауэ Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт псори абыхэм ягъэзэщӀа нэужь, Хьисэ и гъусэхэм абы и хьэдэр жорым къыфӀахыжри, кхъэлэгъунэм щӀалъхьэжащ. 30Ауэ Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. 31Хьисэ и гъусэу Галилей хэкум къикӀыу Ерусалим къэкӀуэгъахэм махуэ куэдкӀэ закъригъэлъагъуурэ екӀуэкӀащ итӀанэ. Ахэращ дэ ди лъэпкъым и пащхьэм Хьисэ щыхьэт щыхуэхъур иджы.
32– Мы хъыбарыфӀыр дэ нывжыдоӀэ иджы: Тхьэм Хьисэ лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжамкӀэ ди адэжьхэр къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр къигъэщыпкъэжурэ, дэ, абыхэм къатехъукӀа цӀыхухэм, тхуигъэзэщӀащ. 33Уэрэд ЛъапӀэхэм ит етӀуанэ уэрэдым#13:33 Уэрэд ЛъапӀэхэм ит етӀуанэ уэрэдыр – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 2:7. Тхьэм Хьисэ къызэрыщыжриӀэм хуэдэу:
«Уэращ си Къуэр,
нобэ адэ сыпхуэхъуащ».
34Хьисэ зэи мылӀэжыну лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжар Тхьэм мы псалъэхэмкӀэ жиӀащ:#13:34 Тхьэм жиӀащ – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 55:3.
«Си нэфӀ щыхуэныгъэ лъапӀэр
Ӏэмал имыӀэу ныфлъызгъэсынущ,
Даут зэрызгъэгугъэгъам тету».
35Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэуи хэтщ:#13:35 нэгъуэщӀ щӀыпӀэм деж зэритым тету – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 15:10.
«Уэ уи ӀурыщӀэм и хьэдэр бгъэфынукъым».
36– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и зэриухам тету, Даут и махуэхэм Тхьэм хуэлажьэри, дунейм ехыжащ. И адэжьхэр зыщӀэлъ кхъэлэгъунэм щӀалъхьэжри, и хьэдэр фыжащ. 37Ауэ Тхьэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжар иужькӀэ лӀэжакъым, и хьэдэри фыжакъым. 38Аращи, си къуэшхэ, мыр зэвгъащӀэ, фэ гуэныхьу фщӀар Хьисэ къызэрыфхуигъэгъужынум и хъыбар фхудоӀуатэ. 39ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэми гуэныхьу телъ псори щхьэщихынущ, ауэ Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм гуэныхьхэр фщхьэщихын лъэкӀынукъым. 40Фызыхуэсакъыж, бегъымбархэм жаӀа мы псалъэхэр#13:40-41 бегъымбархэм жаӀа мы псалъэхэр – еплъ Хаббакук (Аввакум) бегъымбарым и тхылъым 1:5. фэ къыфлъремыс:
41«ФыкъэдаӀуэ, фэ,
Тхьэм и псалъэхэр зэзымыпэсхэ,
вгъэщӀагъуэ икӀи фыкӀуэд;
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ фи махуэхэм
Ӏуэхушхуэ гуэр згъэзэщӀэнущ.
А Ӏуэхушхуэм и хъыбарыр
зыгуэрым къывжиӀакӀи
фи фӀэщ хъунутэкъым».
42Паулрэ Варнавэрэ синэгуэгум къыщыщӀэкӀыжам къыкӀэлъыкӀуэ щэбэт махуэм а Ӏуэхухэм тепсэлъыхьыну цӀыхухэр къелъэӀуащ. 43ЗэӀущӀэр щызэбгрыкӀыжым, журтхэм ящыщ куэди, журт хъуа хамэхэм ящыщ куэди Паулрэ Варнавэрэ ящӀыгъут. Епсалъэурэ, а тӀум абыхэм быдэу гурагъэӀуащ Тхьэм и нэфӀыр къазэрыщыхуэнум и ужь ит зэпыту щытын зэрыхуейр.
44КъыкӀэлъыкӀуэ щэбэт махуэм Тхьэм и псалъэхэм едэӀуэн щхьэкӀэ, къалэм дэс цӀыху псори, къанэ щӀагъуэ щымыӀэу, зэхуэсащ. 45Ауэ журтхэм цӀыхубэр щалъагъум, фыгъуэныр я гум къихьэри, хущӀэджэурэ, Паул жиӀар ямыдэу къэуващ.
46Апхуэдэу щыхъум, Паулрэ Варнавэрэ тегушхуауэ жаӀащ:
– Тхьэм и псалъэхэр фэ нывжетӀэн хуеящ япэщӀыкӀэ. Ауэ фэ Тхьэм и псалъэхэм пэӀэщӀэ зывощӀэри, мыкӀуэдыжын гъащӀэ фиӀэ хъуну зыхуэвгъэфащэркъым. Мис, абы къыхэкӀкӀэ, хамэ лъэпкъ щыщхэм захудогъазэ; 47сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм мыпхуэдэу унафэ къытхуищӀащ:#13:47 Тхьэм унафэ къытхуищӀащ – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 49:6.
«Хамэ лъэпкъхэм нэхугъэ уахуэхъуну узгъэуващ,
щӀым и гъунэхэм нэсыху,
цӀыхухэр мыкӀуэду
къебгъэлын щхьэкӀэ».
48Хамэ лъэпкъ щыщхэм ар щызэхахым, гуфӀэри, Зиусхьэным и псалъэхэм щӀыхь хуащӀащ. ИкӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ зритыну Тхьэм игъэува цӀыху псоми фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.
49Зиусхьэным и псалъэхэр а хэкум дэнэкӀи ис цӀыхухэм щалъэӀэс хъуащ. 50Ауэ пщӀэ зиӀэ цӀыхубзу Тхьэр зыгъэлъапӀэхэмрэ къалэм и пашэхэмрэ къызэщӀагъэплъащ журтхэм. Арати, цӀыхухэр Паулрэ Варнавэрэ ятезэрыгуэну зэщӀаӀэтащ, я хэкуми кърахуащ а тӀур. 51Паулрэ Варнавэрэ я лъакъуэхэм къакӀэрыпщӀа сабэр цӀыхухэм ялъагъуу кӀэрагъэщэщыжри, Иконие къалэм кӀуащ. 52ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм гуфӀэгъуэмрэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ я гум куэду илъ хъуащ.
ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖
Апостол. 13: KbdNTGP2017
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017