1 Петр 2
2
2-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Лъэпкъ лъапӀэр
1Аращи, бзаджагъэ псори, хьилагъэ псори, бзитӀщхьитӀыгъэри, фыгъуэныгъэри, цӀыхухэм ӀейкӀэ фытепсэлъыхьынри зыхэвн. 2КъалъхуагъащӀэ сабийхэр анэ быдзышэм зэрыщӀэхъуэпсым хуэдэу, фэри Тхьэм и псалъэу шэ къабзэм хуэдэхэм фыщӀэхъуэпс, абыхэмкӀэ фыхэхъуэурэ, фымыкӀуэду Тхьэм фыкъригъэлын щхьэкӀэ. 3Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэныр зэрыфӀыр зыхэфщӀащи.
4Зиусхьэным гъунэгъу зыхуэфщӀ. Аращ псэ зыпыт мывэу цӀыхухэм зрамыпэсу хыфӀадзэжар, ауэ Тхьэм ар къыхихащ, езым дежкӀэ абы уасэшхуэ иӀэщ.#2:4 Е Зиусхьэн Хьисэ и гъунэгъу фыхъу. Ар ухуакӀуэхэм зрамыпэс мывэм хуэдэщ. Ауэ Тхьэуэ гъащӀэ зыхэлъ унэшхуэ зыщӀым абы уасэшхуэ иӀэу илъытэри ар къыхихащ. 5Фэри псэ зыпыт мывэхэм фыхуэдэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр здэщыӀэ унэшхуэм щыщ фыхъу. Апхуэдэу дин пащэ лъапӀэ фыхъунущ, Хьисэ Мэссихь илэжьа Ӏуэхум щхьэкӀэ Тхьэм и гум ирихь тыхь гурэ псэкӀэ хуэфщӀыфынущ. 6Тхьэм къызэрыжиӀар и псалъэу тхахэм хэтщ:#2:6 Тхьэм и псалъэу тхахэм яхэтщ – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 28:16.
«ФыкъэдаӀуэ, сэ къыхэсхауэ,
уасэшхуэ зиӀэу, унэр зэтезыӀыгъ
мывэ лъабжьэр
Сион къалэм щызогъэтӀылъ.
А мывэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр
щӀегъуэжынукъым».
7ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ фэркӀэ а мывэр#2:7 мывэр – Мэссихьщ. Еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 117:22. лъапӀэщ. Ауэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэмкӀэ
«УхуакӀуэхэм зрамыпэсу
хыфӀадзэжа мывэр
унэр зэтезыӀыгъ мывэ
лъабжьэ хъуащ»,
8Абы нэмыщӀу,
«ЦӀыхухэр зыгъэлъэпэрэпэн мывэу
цӀыхухэр щӀым тезыгъэджалэ мывэшхуэуи»#2:8 мывэшхуэ – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 8:14.
хъуащ. Тхьэм и псалъэхэм зэремыдаӀуэм щхьэкӀэ, ахэр мэлъэпэрапэ, Тхьэм абыхэм зэрахуигъэнэхуам хуэдэу.
9Ауэ фэ Тхьэм къыхиха лъэпкъыу, Тхьэуэ пащтыхьым хуэлажьэ дин пашэхэу, лъэпкъ лъапӀэу икӀи Тхьэм и цӀыхухэу фыщытщ. Апхуэдэу щӀэхъуар кӀыфӀыгъэм фыкъыхэкӀыжу, нэхунэшхуэм фыхыхьэну фыкъыхуезыджа Тхьэм и Ӏуэху телъыджэхэр фӀуэтэн щхьэкӀэщ. 10Пасэм фэ Тхьэм и лъэпкъыу фыщытакъым, иджы абы фрилъэпкъщ. Пасэм Тхьэм гущӀэгъу къыфхуищӀыртэкъым, иджы гущӀэгъу къыфхуещӀ.
Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм яхуэфащэу фыпсэу
11ФӀыуэ слъагъухэ, фэ, хамэу икӀи мы дунейм хэхэсу щыпсэухэм, хъуэпсэныгъэ Ӏейуэ фи псэхэм къыпэувхэм пэӀэщӀэ зыфщӀыну сыныволъэӀу. 12Тхьэр зымыщӀэхэм я пащхьэм тэрэзу фыщыпсэу. «Мы цӀыхухэр бзаджащӀэхэщ», жаӀэурэ ӀейкӀэ къыфтепсэлъыхь пэтми, фи фӀыщӀагъэхэр ялъагъунурэ, Тхьэр абыхэм къащыхэплъэну махуэм Тхьэм щӀыхьыр хуащӀынущ.
13Зиусхьэным и гъуэгум фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ тепщэныгъэ зиӀэ цӀыху псоми фахуэӀурыщӀэ: псоми я тепщэ пащтыхьыр арами, абыи фыхуэӀурыщӀэ, 14бзаджащӀэхэм тезыр ятезылъхьэну, фӀы зыщӀэхэми ящытхъуну пащтыхьым къигъэкӀуа Ӏэтащхьэхэрами, абыхэми фахуэӀурыщӀэ. 15Тхьэр зыхуейр мыращ: фӀыгъуэ длэжькӀэрэ, зыри зымыщӀэ цӀыху гулъытэншэхэм я жьэр едгъэубыдынырщ. 16Фи щхьэ фыхуиту фыпсэу, ауэ бзаджэ щӀэнымкӀэ щхьэхуитыныгъэр къэвмыгъэсэбэп, Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм яхуэфащэу фыпсэу. 17ЦӀыху псоми щӀыхь яхуэфщӀ, къуэшхэри фӀыуэ флъагъу, Тхьэми фыщышынэ, пащтыхьми щӀыхь хуэфщӀ.
Мэссихь гугъуехь зэришэчам хуэдэу, фэри гугъуехь фшэчурэ, абы и лъэужьым фрикӀуэ
18Фэ, унэӀутхэ, лъытэныгъэ псомкӀи фи тепщэхэм фахуэӀурыщӀэ, тепщэ гущабэмрэ Ӏэдэбымрэ я мызакъуэу, тепщэ ткӀийми фыхуэжыӀэщӀэ. 19Лажьэ имыӀэ пэтми, гугъуехь щрагъэшэчкӀэ, Тхьэр игу хэлъу шыӀэныгъэ зиӀэрщ Тхьэм игу ирихьыр. 20Мыхъун фщӀауэ къыщывэуэкӀэ, фигукӀэ шыӀэныгъэ зивгъэӀэми, фэркӀэ сыт хуэдэ щӀыхь абы хэлъыр? ФӀы фщӀэ пэтми, гугъуехь щывагъэшэчкӀэ, фигукӀэ шыӀэныгъэ зивгъэӀэнырщ Тхьэм игу ирихьыр. 21Апхуэдэу фыпсэуну Тхьэм фыкъыхуриджащ, Мэссихьи фэр щхьэкӀэ гугъуехь ишэчащ, и лъэужьым фрикӀуэн папщӀэ, щӀапхъэхэр фигъэлъэгъуащи.
22«Гуэныхь лъэпкъ ищӀакъым езым,
узыгъэпцӀэн псалъи и жьэм
къыжьэдэкӀакъым».#2:22 къыжьэдэкӀакъым – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 53:9.
23КъыхуэхъущӀэу щытахэми яхуэхъущӀэжакъым ар. Гугъуехь езыгъэшэчу щытахэми, «Сэ ар фэзгъэпшыныжынущ», жиӀэу пэувакъым, ауэ а Ӏуэхур Тхьэуэ цӀыхухэм хьэкумыр захуагъэкӀэ ятезыщӀыхьым ирихьэлӀащ. 24Жорым щраӀулӀым, ди гуэныхьхэр къытщхьэщихыурэ, абыхэм яхуэфащэ гугъуехьыр езым и пкъым трилъхьащ, гуэныхь щӀэным дыкъыбгъэдишыжу, щыпкъагъэм дыхуэпсэун щхьэкӀэ. Абы и уӀэгъэхэмкӀэ фигъэхъужащ. 25Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ мэл щхьэрыуахэм фахуэдэти, фи псэхэм я хъумакӀуэм икӀи фи мэлыхъуэм деж иджы фыкъэкӀуащ.
ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖
1 Петр 2: KbdNTGP2017
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង
ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

: