1 Петр 1
1
1-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ФӀэхъус
1Сэ сы-Петрщ, Хьисэ Мэссихь сриапостолщ. Фэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм, хэгуэшауэ Понт, Галатие, Каппадокие, Асие, Вифиние хэкухэм щыпсэухэм, мы тхылъыр ныфхузотх. 2Тхьэуэ Адэ лъапӀэм ипэкӀэ зэриухам тету, езым и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхихащ икӀи езым и Псэ ЛъапӀэм фи гур игъэкъабзэ зэпытщ, Хьисэ Мэссихь федэӀуэн, абы лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ къабзэ фыхъун щхьэкӀэ. Тхьэм и нэфӀ куэду къыфщыхуэ, гузэгъэгъуэ ину къыфлърес.
МыкӀуэдыжын гугъапӀэ
3Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэ лъапӀэм щӀыхьышхуэр ейщ! Хьисэ лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжамкӀэ, Тхьэм гущӀэгъушхуэ къытхуищӀу щӀэрыщӀэу дыкъалъхужа дищӀащ. Апхуэдэу мыкӀуэдыжын гугъапӀэ диӀэ хъуащ, 4Тхьэм и бынхэм яхуигъэхьэзыра ӀыхьэфӀри диӀэ хъунущ. А мыкӀуэдыжын ӀыхьэфӀу, щыщӀагъэ зыбгъэдэмылъу, зэрыщыту къанэр Тхьэм уафэм къыщыфхуехъумэ. 5ФӀэщхъуныгъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ фыкъехъумэ, фымыкӀуэду фыкъызэрыригъэлар дунейм иужьрей махуэхэм нахуэ къэхъун щхьэкӀэ. 6Аращи, гугъуехь зэмылӀэужьыгъуэхэр зымащӀэкӀэ зэрыфшэчыр иджыпстукӀэ фигу къеуэми, фогуфӀэ. 7А гугъуехьхэр щӀэфшэчыр фи фӀэщхъуныгъэр гъэунэхуа хъууэ, абы и щыпкъагъэр нахуэ хъун щхьэкӀэщ. Дыщэр зэрыдыщэр мафӀэкӀэ ягъэунэху пэтми, а дыщэр кӀуэдыжынущ. Фи фӀэщхъуныгъэр а дыщэм нэхърэ нэхъ лъапӀэщ. Хьисэ Мэссихь къыщыкӀуэжыну махуэм фи фӀэщхъуныгъэм и щыпкъагъэм щхьэкӀэ фӀыщӀи, щӀыхьи, лъытэныгъи къыфхуищӀынущ Тхьэм. 8Хьисэ Мэссихь фымылъэгъуауэ щыт пэтми, фӀыуэ фолъагъу. ИджыкӀэ фымылъагъу пэтми, абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэщ, псалъэхэм жамыӀэфыну щӀыхьышхуэ зыхэлъ гуфӀэгъуэшхуи фи гум илъщ. 9Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи фӀэщхъуныгъэкӀэ фымыкӀуэду Тхьэм фыкъызэрыригъэлым икӀэм-икӀэжым фынос.
10Тхьэм и нэфӀыр къызэрыфщыхуэнум и хъыбарыр зыӀуэта бегъымбархэр цӀыхухэр мыкӀуэду Тхьэм къызэрыригъэлынум теухуа хъыбар псоми хэплъыху, ягъэунэхуу щытащ. 11Мэссихь гугъуехьхэр ишэчу, абы и ужькӀэ щӀыхьышхуэ иӀэ зэрыхъунур бегъымбархэм я гум илъ Мэссихь и Псэ ЛъапӀэм къыщыжиӀэм, зытепсэлъыхьа зэманри Мэссихь къызэрыкӀуэжыну щӀыкӀэри бегъымбархэм зэрызрагъэщӀэным и ужь итащ. 12Бегъымбархэр зытепсэлъыхьу щыта Ӏуэхухэр езыхэм я зэманым къэмыхъуу, фэ фи зэманым къызэрыхъунур Тхьэм къагуригъэӀуэгъащ. Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу уафэм къахуригъэхам и лъэкӀыныгъэкӀэ хъыбарыфӀыр#1:12 хъыбарыфӀыр – Хьисэ Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр арщ. къыфхуэзыӀуатэхэм мы Ӏуэхухэм я хъыбарыр иджы фи деж къагъэсащ. А Ӏуэхухэм яхэплъэну мелыӀычхэри хуейщ.
ГукъабзагъэкӀэ фыпсэу
13Аращи, фи цей къуакӀэ дэупщӀауэ, фигукӀэ хьэзыру фыщыт. ЗышыӀэныгъэ зивгъэӀэ. Хьисэ Мэссихь къыщыкӀуэжыну махуэм Тхьэм и нэфӀыр къызэрыфщыхуэным куэду фыщыгугъыурэ фыпэплъэ. 14Щыпкъагъэр зыхуэдэр фымыщӀэу, фи хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм Ӏэрылъхьэ фызэрыщытам хуэдэу, иджы Ӏэрылъхьэ зыхуэвмыгъэхъу, сабий ӀурыщӀэхэм хуэдэу. 15Ауэ Тхьэуэ езым и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхуезыджар лъапӀэу зэрыщытым хуэдэу, фэри фи гур лъапӀэу икӀи къабзэу влэжь псори вгъэзащӀэ. 16Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм къызэрыжиӀэр и псалъэу тхахэм хэтщ:#1:16 Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ – еплъ 3 Мусэ 19:2. «Сэ сызэрылъапӀэм хуэдэу фэри лъапӀэ фыхъун хуейщ».
17ЦӀыхухэм я фэм емыплъу, цӀыху псори зи зэхуэдэ Тхьэм, хэти илэжьам теухуауэ хьэкум щыпкъагъэкӀэ тезыщӀыхьым, фыщелъэӀукӀэ, «Уэ Адэ лъапӀэ», жывоӀэ. Аращи, мы дуней хьэхум щывгъакӀуэ зэманыр Тхьэм и фӀэлӀыкӀ фи гум илъу вгъэкӀуэн хуейщ. 18ЗэрыфщӀэщи, фи адэжьхэм къызэранэкӀа пщӀэ зимыӀэ псэукӀэм фыхишыжыну Мэссихь фи щхьэхэр ищэхужащ. Фи щхьэхэр зэрищэхужар кӀуэдыжыну дыжьыныр е дыщэр аракъым, 19езым и лъыуэ уасэ зыхуэпщӀыну щымытыращ. Езыр хуэныкъуагъэ зимыӀэ, бжьыгъэ зытемылъ щынэ къабзэм хуэдэщ. 20Дунейр къигъэщӀын и пэкӀэ Тхьэм Мэссихь къыхихащ, ауэ иджы дунейм и кӀэухым деж фӀыгъуэ къывигъэуэлӀэну Мэссихь къигъэкӀуащ. 21ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ ищӀащ Мэссихь. Тхьэращ Мэссихь лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжар, щӀыхьышхуэри къезытар. Абы и фӀыгъэкӀэ ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъуащ икӀи Тхьэм фыщогугъ.
22Щыпкъагъэм фызэредэӀуам щхьэкӀэ фи гур къабзэ хъуащ. Фи къуэшхэр, пцӀы хэмылъу, фӀыуэ фолъагъу. Гу къабзагъэкӀэ фӀыуэ фызэрылъагъу зэпыт, 23щӀэрыщӀэу фыкъалъхужащи. ЩӀэрыщӀэу фыкъызэралъхужар кӀуэдыжыну жылэкъым, атӀэ мыкӀуэдыжын жылэщ. А жылэр гъащӀэ къызыхэкӀыу, Тхьэм и псалъэу игъащӀэкӀэ зызымыхъуэжынуращ. 24Тхьэм и псалъэу тхахэм зэрыхэтым хуэдэу,#1:24 Тхьэм и псалъэу тхахэм зэрыхэтым хуэдэу – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 40:6-8.
«ЦӀыху псори удзым хуэдэщ,
я щӀыхь псори удз гъэгъам хуэдэщ.
Удзыр мэгъуж, гъэгъари мэкӀуэдыж.
25Ауэ Тхьэм и псалъэхэр мыкӀуэдыжу
игъащӀэкӀэ къонэ».
А псалъэхэращ Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм къыфхуаӀуэтар.
ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖
1 Петр 1: KbdNTGP2017
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង
ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

: