1 Петр 3
3
3-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ЛӀыхэмрэ фызхэмрэ я зэхущытыкӀэр
1Фэ, фызхэм, нывжызоӀэ, филӀхэм фахуэӀурыщӀэ. Ар фщӀэмэ, абыхэм ящыщхэр Тхьэм и псалъэхэм емыдаӀуэми, фэ, фызхэм, зыри жывмыӀэми, фи псэукӀэр зэралъагъум щхьэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъунущ, 2фигу къабзэу, Тхьэм фыфӀэлӀыкӀыу фызэрыпсэум гу лъатэмэ. 3Дахэ фызыщӀыр фи теплъэрауэ щремыт, щхьэц ухуэнынри, дыщэкӀэ зывгъэдэхэнри, щыгъын дахэхэри арауэ иремыхъу, 4атӀэ цӀыхухэм ямылъагъуу фи гум илъу, гущабагъэмрэ гузэгъэгъуэмрэ къыхэкӀ дахагъэ мыкӀуэдыжырауэ ирехъу дахэ фызыщӀыр. Тхьэм дежкӀэ абы уасэшхуэ иӀэщ. 5Аращ пасэм цӀыхубз лъапӀэу Тхьэм щыгугъахэм зызэрагъэдахэу щыта щӀыкӀэр, ялӀхэми яхуэӀурыщӀэу. 6Апхуэдэу Сарэ,#3:6 Сарэ – еплъ 1 Мусэ 18:12. тхьэмадэкӀэ еджэурэ, Ибрэхьим дэпсэуащ. ФӀы щыфщӀэкӀэ зыми фыщымышынэмэ, фэри Сарэ фрибынщ.
7Фэ, лӀыхэм, нывжызоӀэ, фи фызхэм фагурыӀуэу фадэгъуэгурыкӀуэ. Ахэр фэр нэхърэ нэхъ гуащӀэмащӀэщ. ПщӀэ яхуэфщӀ, фэ фхуэдабзэу абыхэми Тхьэм и нэфӀ къащыхуэурэ ӀыхьэфӀу гъащӀэ къаретри. Апхуэдэу фщӀэмэ, Тхьэм фыщелъэӀукӀэ, зыри къыфпэувыфынукъым.
МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм фӀы зэращӀэм щхьэкӀэ яшэч гугъуехьыр
8ИкӀэм-икӀэжым, зэнэзэпсэу фызэдэпсэу. Зыр зым хуэгумащӀэу, къуэшыгъэ фяку дэлъу, фӀыуэ фызэрылъагъуу, гущӀэгъу фиӀэу, пагагъэ фи гум имылъу фыщыт. 9Бзаджагъэм бзаджагъэкӀэ фыпемыгъуэкӀ, къыфщӀэнакӀэм фыщӀэмынэкӀэж. Абы и пӀэкӀэ, «Тхьэм и нэфӀыр къыфщрехуэ», яжефӀэ; и бынхэм ящыщ фыхъуну Тхьэм фыкъыщӀыхуриджар абы и нэфӀыр къызэрыфщыхуэнур фэ ӀыхьэфӀу къыфлъысыну арщ. 10Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ
«ГъащӀэр фӀыуэ зылъагъуу,
махуэфӀхэр зылъагъуну хуей цӀыхум
бзаджэ жыӀэным и бзэр щрехъумэ,
и Ӏупэхэри хьилагъэм щрехъумэ.
11Бзаджагъэм пэӀэщӀэ зрырещӀ, фӀы ирелэжь.
ЗэгурыӀуэныгъэм лъыхъуэу, и ужь ирырет.
12Зиусхьэным и нэӀэр
щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэм ятрегъэт.
Ахэр щелъэӀукӀэ, ар къодаӀуэ.
Ауэ бзаджащӀэхэм Зиусхьэным и щӀыбыр яхуегъазэ,
(дунейм ахэр тригъэкӀуэдыкӀын щхьэкӀэ)».#3:10-12 Еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 33:13-17.
13ФӀы щӀэным и ужь фи фӀэщу фитмэ, хэт зэран къыфхуэхъун зылъэкӀынур? 14Ауэ щыпкъагъэм щхьэкӀэ гугъуехь фшэчмэ, гъуэгу махуэ фытеуващ. Аращи, цӀыхухэм зевмыгъэгъэшынэ икӀи зыми зевмыгъэгузавэ. 15Зиусхьэну Тхьэр фигукӀэ вгъэлъапӀэ. Фи гугъапӀэмкӀэ хэт къывэупщӀми, Ӏэдэбу, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ фигу зэрилъымкӀэ жэуап ефтыжыну сыт щыгъуи хьэзыру фыщыт. 16МыхъумыщӀэ лъэпкъ зыдэвмыщӀэжу фигухэр къабзэу щывгъэт, Мэссихь зи гум илъхэм яхуэфащэу фи псэукӀэ тэрэзым къыщӀэнакӀэхэр жаӀахэмкӀэ укӀытэжын щхьэкӀэ. 17Тхьэр апхуэдэу хуеймэ, фӀы зэрыфщӀэм щхьэкӀэ гугъуехь фшэчыныр нэхъыфӀщ, бзаджэ щӀэным щхьэкӀэ гугъуехь фшэчыным нэхърэ. 18Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Тхьэм дыбгъэдишэн щхьэкӀэ, ди гуэныхьхэм папщӀэ гугъуехь зэ ишэчащ, абыхэм папщӀэ афӀэкӀа имышэчыжыну. Щыпкъагъэ игу илъу, щыпкъагъэ зигу имылъхэм щхьэкӀэ гугъуехь ишэчащ абы. ЦӀыхухэм щалӀым, лӀэн хуей цӀыхут ар. Тхьэм ар лӀахэм къащыхигъэтэджыкӀыжым, мылӀэжын щыт псэуэ щытт. 19И псэм и лъэкӀыныгъэкӀэ щӀыпӀэ кӀыфӀым#3:19 щӀыпӀэ кӀыфӀыр – хьэдрыхэ. хэс псэхэм я деж кӀуэри, Тхьэм и хъыбарыр#3:19 Тхьэм и хъыбарыр – е хъыбару Тхьэм езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр мыкӀуэду къызэрыригъэлынур арщ, е хъыбару Тхьэм цӀыхухэм я бзаджагъэр къазэрыригъэпшыныжынур арщ. яхуиӀуэтащ. 20Ахэращ Нухь бегъымбарым#3:20 Нухь бегъымбарыр – еплъ 1 Мусэ 6:1–7:24. кхъухьыр щищӀа махуэхэм Тхьэр шыӀэныгъэшхуэкӀэ къапэплъэу щыта пэтми, езым емыдэӀуахэр.#3:20 Тхьэм емыдэӀуахэр – Нухь бегъымбарым и зэманым псэуа цӀыхуу абы кхъухьыр щищӀым ар зэрищӀыр зымыдахэр арщ. Кхъухьым исар цыху зыбжанэт – цӀыхуийт#3:20 цӀыхуий – Нухь бегъымбарыр, абы и щхьэгъусэр, Нухь и къуэхэр, абыхэм я щхьэгъусэхэр. зэрыхъур; цӀыхуийри псым щымыкӀуэду къелъащ. 21Апхуэдэу, Хьисэ Мэссихь лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам щхьэкӀэ, зевгъэумэхъыурэ фымыкӀуэду Тхьэм иджы фыкърегъэл. Зевгъэумэхъын жыхуэсӀэр фипкъхэм фӀеигъэр ятевгъэкъэбзыкӀыныр аракъым, атӀэ мыхъумыщӀэ лъэпкъ фигукӀэ зыдэвмыщӀэжу Тхьэм фыхуэпэжыну псалъэ ефтыныр аращ. 22Хьисэ Мэссихь уафэм дэкӀуеяуэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьауэ щысщ иджы, мелыӀычхэри, тепщэныгъэрэ лъэкӀыныгъэрэ зиӀэхэри къыхуэӀурыщӀэу.
ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖
1 Петр 3: KbdNTGP2017
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង
ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

: