Апостол Иуан и япэ тхылъ 3
3
3-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
1Адэ лъапӀэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэшхуэм фегупсыс. «Фэ фызибынщ», жеӀэ. Абы и бынхэуи дыщытщ. Мы дунейм и цӀыхухэм дэ дыщӀамыщӀэр Адэ лъапӀэр ящӀэркъыми, аращ. 2ФӀыуэ слъагъухэ, иджы Тхьэм дрибынщ, ауэ дызыхуэдэ хъунур зэкӀэ нахуэ хъуакъым. Ар нахуэ хъуа нэужь, езым хуэдэу дызэрыхъунур дощӀэ, ар зыхуэдэр тлъагъунущи. 3Мэссихь щыгугъыу, апхуэдэу зэрыхъунури хьэкъыу пхыкӀауэ пэплъэ дэтхэнэми и гур егъэкъабзэ, Мэссихь и гур къабзэу зэрыщытым хуэдэу.
4Гуэныхь зыщӀэ дэтхэнэри Тхьэм и унафэм йобэкъуэ, гуныхь пщӀэмэ, абы и унафэм уебэкъуауэ арщи. 5Мэссихь дэ гуэныхьу тщӀахэр тщхьэщихыну къызэрыкӀуар фэ фощӀэ. Абы езым гуэныхь лъэпкъ бгъэдэлъкъым. 6Мэссихь зи псэм хэлъыр гуэныхь щӀэным пыкӀащ. Гуэныхь зыщӀэ дэтхэнэми Тхьэр фӀэщхъуныгъэкӀэ илъэгъуакъым икӀи ищӀакъым.
7Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, зыми зыкъевмыгъэгъапцӀэ. Щыпкъагъэр зылэжьым и гум щыпкъагъэр илъщ, Мэссихь и гум щыпкъагъэр зэрилъым хуэдэу. 8Гуэныхь зыщӀэр шейтӀаным и бынщ, щӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ шейтӀаным гуэныхь ещӀэри. Тхьэм и Къуэр мы дунейм къыщӀэкӀуар шейтӀаным и Ӏуэхухэр игъэкӀуэдыну арщ. 9Хэти, Тхьэм и бынмэ, гуэныхь щӀэным пэӀэщӀэ зищӀынущ, Тхьэм абы игу кърилъхьар езым и Псэ ЛъапӀэр арщ икӀи ар Тхьэм и быным и гум сыт щыгъуи илъынущи. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм гуэныхь ищӀэн зэрылъэмыкӀым къыхэкӀэкӀэ Тхьэм и бынми гуэныхь щӀэным пэӀэщӀэ зимыщӀын лъэкӀынукъым. 10Тхьэм и бынхэри шейтӀаным и бынхэри зэрызэхэпщӀыхукӀынур мыращ: Щыпкъагъэр зылэжь дэтхэнэри Тхьэм и бынхэм ящыщкъым, апхуэдэ дыдэу, зи къуэшыр фӀыуэ зымылъагъур Тхьэм и бынхэм ящыщкъым.
ФӀыуэ фызэрылъагъу
11Япэм къыщыщӀэдзауэ зэхэфха хъыбарыр мыращ: ФӀыуэ фызэрылъагъу. 12ШейтӀаным и бынхэм ящыщу Каин#3:12 Каин – еплъ 1 Мусэ 4:3-8. зи цӀэу зи къуэш зыукӀыжам хуэдэ фымыхъу. Сыт абы и къуэшыр щӀиукӀыжар? Езым илэжьа Ӏуэхугъуэхэр бзаджагъэу, и къуэшым илэжьахэр захуагъэу щытти, аращ. 13Си къуэшхэ, мы дунейм и цӀыхухэм фыкъалъагъу мыхъумэ, фымыгъэщӀагъуэ. 14Ди къуэшхэр фӀыуэ зэрытлъагъум щхьэкӀэ лӀэныгъэм дыӀэщӀэкӀыу гъащӀэм дызэрыхыхьар дощӀэ. Зи къуэшыр фӀыуэ зымылъагъур лӀэныгъэм ӀэщӀэлъщ. 15Зи къуэшыр жагъуэу зылъагъу дэтхэнэри цӀыхуукӀщ. ЦӀыхуукӀым и гум мыкӀуэдыжын гъащӀэ зэримылъыр фэ фощӀэ.
16ФӀылъагъуныгъэр зыхуэдэр дэзыгъащӀэр мыращ: Хьисэ Мэссихь и псэр тхуитащ. Дэри ди псэр ди къуэшхэм папщӀэ ттын хуейщ. 17Зыгуэрым дуней мылъкур иӀэ пэтми, езым и къуэшым щыщӀагъэ иӀэу щилъагъукӀэ, ар фӀэгуэныхь мыхъумэ, абы и гум Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр илъын? 18Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, псалъэмрэ бзэмрэ я закъуэкӀэ фӀыуэ дызэрылъагъукӀэ ирикъунукъым. ФӀы щӀэныгъэрэ пэжыгъэкӀэ фӀыуэ дызэрылъагъун хуейщ.
Тхьэм и пащхьэм гушхуэныгъэ щыдиӀэныр
19ФӀыуэ дызэрылъагъуныращ щыпкъагъэм дызэрытетыр дэзыгъащӀэр, 20икӀи дигухэм дагъэкъуаншэ щыхъукӀэ, Тхьэм и пащхьэм гузэгъэгъуэ къыщыдэзытыр. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр дигухэм нэхъри нэхъ инщ икӀи псори ещӀэ.
21Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, дигухэм дамыгъэкъуаншэмэ, гушхуэныгъэкӀэ Тхьэм и гъунэгъу дохъу. 22Тхьэм и унафэхэри езым Ӏуэху игъуэу илъытэхэри зэрыдлэжьым щхьэкӀэ дызыщӀэлъэӀур къыдет. 23Мыращ и унафэр: и Къуэу Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэнырщ икӀи Мэссихь унафэ къызэрытхуищӀам хуэдэу,#3:23 Мэссихь унафэ къызэрытхуищӀам хуэдэу – еплъ Иуан 13:34; 15:12, 17. фӀыуэ дызэрылъагъунырщ. 24Тхьэм и унафэхэр зыгъэзащӀэ цӀыхум и псэм Тхьэр хэлъщ, а цӀыхури Тхьэм и псэм щыщщ. Тхьэр ди псэм зэрыхэлъыр дэзыгъащӀэр езым и Псэ ЛъапӀэу ди гум кърилъхьар арщ.
ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖
Апостол Иуан и япэ тхылъ 3: KbdNTGP2017
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង
ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017