Апостол Иуан и япэ тхылъ 2

2
2-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Мэссихь Адэ лъапӀэм дэ тхуолъэӀу
1Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, гуэныхь фымыщӀэн щхьэкӀэ, мыр ныфхузотх. Зыгуэрым гуэныхь ищӀэмэ, Адэ лъапӀэм дэ тхуелъэӀуну зыгуэр щыӀэщ – ар щыпкъагъэ зигу илъ Хьисэ Мэссихьщ. 2Дэ гуэныхьу тщӀахэр зыпшыныж къурмэныпхъэр Хьисэщ, ди гуэныхьхэм я закъуэкъым абы ипшыныжыр, атӀэ дунейм тет цӀыху псоми я гуэныхьхэр епшыныж.
3Тхьэр зэрытщӀэр пэжу къэзыгъэнаӀуэр абы и унафэхэр зэрыдгъэзащӀэр арщ. 4ЦӀыху гуэрым, «Тхьэр сощӀэ», жиӀэ пэтми, Тхьэм и унафэхэр имыгъэзащӀэмэ, ар пцӀыупсщ, абы щыпкъагъи хэлъкъым. 5Тхьэм и псалъэхэр зыгуэрым игъэзащӀэмэ, Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр нэгъэсауэ а цӀыхум игу илъ хъуащ. Тхьэр ди псэм зэрыщыщыр дэзыгъащӀэр мыращ: 6«Тхьэр си псэм щыщщ» жызыӀэр Хьисэ зэрыпсэуам хуэдэу псэун хуейщ.
УнафэщӀэр
7ФӀыуэ слъагъухэ, унафэщӀэ гуэру аракъым ныфхуэстхыр, япэм къыщыщӀэдзауэ фиӀа унафэжьыращ. А унафэжьыр хъыбару зэхэфхарщ. 8Апхуэдэу щыт пэтми, унафэу ныфхуэстхыр унафэщӀэщ; а унафэм и пэжыгъэр Мэссихь къыфхуигъэлъэгъуащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ кӀыфӀыгъэр мэкӀуэдыжри, нэху пэжыр къолъагъуэ.
9ЦӀыху гуэрым «Сэ нэхум сыхэтщ» жиӀэ пэтми, и къуэшыр#2:9 и къуэш – зы диным ирилажьэхэр зэкъуэш мэхъу. илъагъу мыхъумэ, ар кӀыфӀыгъэм хэтщ иджыри. 10Зи къуэшыр фӀыуэ зылъагъур нэхум хэтщ икӀи абы гуэныхь ищӀэну зыгъэлъэпэрэпэн зыри щыӀэкъым. 11Ауэ зи къуэшыр жагъуэу зылъагъур кӀыфӀыгъэм хэтщ икӀи кӀыфӀыгъэм хэту зокӀуэ, здэкӀуэри ищӀэркъым, и нэхэр кӀыфӀыгъэм къыщипхъуащи.
12Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, гуэныхьу фщӀахэр Мэссихь и цӀэкӀэ къызэрыфхуэгъуам щхьэкӀэ сыныфхуотхэ. 13Фэ, адэхэ, щӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ ЩыӀэр#2:13 щӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ ЩыӀэр – Хьисэ Мэссихьырщ. зэрыфщӀэм щхьэкӀэ сыныфхуотхэ. Фэ, щӀалэхэ, шейтӀаным фызэрытекӀуам щхьэкӀэ сыныфхуотхэ. Фэ, сабийхэ, Адэ лъапӀэр зэрыфщӀэм щхьэкӀэ сыныфхуотхэ. 14Фэ, адэхэ, щӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ ЩыӀэр* зэрыфщӀэм щхьэкӀэ сыныфхуотхэ. Фэ, щӀалэхэ, лъэкӀыныгъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ сыныфхуотхэ. Тхьэм и псалъэхэр фи гум илъщ фэ икӀи шейтӀаным фытекӀуащ.
15Мы дуней хьэхури мы дуней хьэхум и Ӏуэхугъуэхэри фӀыуэ фымылъагъу. Мы дунейр фӀыуэ зылъагъу цӀыхум и гум Адэ лъапӀэм и фӀылъагъуныгъэр илъкъым. 16Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы дуней хьэхум и Ӏуэхугъуэхэр – цӀыхухэм я гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхугъуэхэри, я нэхэр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхугъуэхэри, цӀыхухэр зэрыпагэ Ӏуэхугъуэхэри – Адэ лъапӀэм деж къикӀыркъым, мы дунейращ ахэр къыздикӀыр. 17Мы дуней хьэхури мы дуней хьэхум и Ӏуэхугъуэу цӀыхухэр зыщӀэхъуэпсхэри мэкӀуэдыж, ауэ Тхьэр зыхуейр зыгъэзащӀэ цӀыхур игъащӀэкӀэ щыӀэнущ.
Антихрист
18Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, мыр иужьрей дыдэ зэманщ. Антихрист#2:18 Антихрист – Мэссихьым и бийр арщ. къэкӀуэну зэрызэхэфхам хуэдэу, Антихрист куэд къэкӀуащ иджы. Апхуэдэу, и ужь дыдэ зэманыр къызэрысар дощӀэ. 19А цӀыхухэр дэ къытхэкӀащ, ауэ дэ тщыщакъым. Дэ тщыщу щытамэ, ахэр ди деж къэнэнут. Ауэ дэ тхэкӀащ, абыхэм ящыщ зыри дэ зэрытщымыщыр нахуэ хъуащ а щӀыкӀэмкӀэ.
20Мэссихьу езым и Псэ ЛъапӀэр къыфхуригъэхащ фэ икӀи псоми щыпкъагъэр фощӀэ. 21Щыпкъагъэр фымыщӀэу жысӀэу аракъым ныщӀыфхуэстхыр, атӀэ ар зэрыфщӀэрщ. Щыпкъагъэм пцӀы зыри къызэрыхэмыкӀынури фощӀэ. 22Хэт атӀэ пцӀы зыупсыр? Хьисэ зэры-Мэссихьыр зымыдэр арщ. Апхуэдэ цӀыхуращ Антихристыр – Адэ лъапӀэри Къуэ лъапӀэри зымыдэрщ. 23Къуэ лъапӀэр зымыдэм и псэм Адэ лъапӀэри хэлъкъым. Къуэ лъапӀэр зыдэм и псэм Адэ лъапӀэри хэлъщ.
24Аращи, япэм къыщыщӀэдзауэ зэхэфхар фи гум сыт щыгъуи ивгъэлъ. Япэм къыщыщӀэдзауэ зэхэфхар фи гум сыт щыгъуи илъмэ, Къуэ лъапӀэри Адэ лъапӀэри фи псэм сыт щыгъуи хэлъынущ. 25Мэссихь дызэригъэгугъар мыкӀуэдыжын гъащӀэщ.
26Тхьэм и гъуэгум фытезыгъэкӀыну и ужь итхэм ятеухуауэ мы Ӏуэхугъуэхэр ныфхузотх. 27Мэссихь езым и Псэ ЛъапӀэр фэ къыфхуригъэхащ, и Псэри сыт щыгъуи фи гум илъынущ икӀи зыгуэрым зыгуэр фигъэщӀэну фыхуэныкъуэкъым, Мэссихь и Псэ ЛъапӀэм Ӏуэхугъуэ псоми ятеухуахэр фегъащӀэри. Абы щыпкъагъэ иӀэщ икӀи пцӀы хэлъкъым. Мэссихь зэрывигъэщӀам хуэдэу, езыр фи псэм сыт щыгъуи хэвгъэлъ.
Тхьэм и бынхэр
28Аращи, фэ, си бынхэм хуэдэхэ, Мэссихь мы дунейм къыщыкӀуэжыну махуэр къэсу, езыр къыщылъагъуэкӀэ, абы и пащхьэм гушхуэныгъэ щыдиӀэурэ, дыщымыукӀытэжын щхьэкӀэ, ар фи псэм сыт щыгъуи хэвгъэлъ.
29Мэссихь щыпкъагъэр игу зэрилъыр зэрыфщӀэм щхьэкӀэ щыпкъагъэр зыгъэзащӀэр Тхьэм зэрибынри фощӀэ.

ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖

Апостол Иуан и япэ тхылъ 2: KbdNTGP2017

គំនូស​ចំណាំ

ចែក​រំលែក

ចម្លង

None

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល