1 Мусэ 49
49
Екъуб и нэфӀ и къуэхэм зэращигъэхуамрэ ар зэрылӀамрэ
1Арати, Екъуб и къуэхэр къриджэри, яжриӀащ:
– Фыкъызэхуэс, къэкӀуэну махуэхэм къыфщыщӀынур вжесӀэнущ.
2Фыкъызэхуэси, фыкъедэӀу, Екъуб и къуэхэ,
федэӀу Израил, фи адэм!
3Рубэн, си щыпэлъху!
Уэ узибыдапӀэщ, си цӀыхухъу къарум урищӀэдзапӀэщ.
ЩӀыкӀи лъэщыгъэкӀи псоми уращхьэщ.
4Ауэ уэ псы къиуам ещхь ухъуащ,
уефӀэкӀынукъым абыхэм.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уилъащ уи адэм и гъуэлъыпӀэм;
уэ буцӀэпӀащ си гъуэлъыпӀэр, абы уигъуалъхьэри.
5ЩымӀонрэ Лэуийрэ зэшщ,
гущӀэгъуншагъэм и Ӏэщэщ
абыхэм я джатэхэр.
6Абыхэм я чэнджащэ сыхыхьэркъым,
я зэхуэсым сыхэлажьэркъым.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр щыгубжькӀэ, цӀыху яукӀ,
езыхэм я щхьэзыфӀэфӀыгъэкӀэ зэпаупщӀ танэм и хуэхэр.
7Нэлат ялъысащ абыхэм я губжьым,
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гущӀэгъуншэти;
я къанлыгъэми нэлат ялъысащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ябгэти;
щызэхэзгъэкӀынущ ахэр Екъуб и хэкум,
Израил хэкум щызэбгрызгъэкӀынущ ахэр.
8Иудэ, уэ къыпщытхъунущ уи къуэшхэр!
Уэ уи Ӏэр уи бийхэм я пщэм телъщ;
щхьэщэ къыпхуащӀынущ уи адэм и къуэхэм.
9Аслъэн шыру Иудэр,
си къуэр, щакӀуэ къокӀыж, къищэкӀуар ишхауэ.
ЗригъэщӀащ абы, гъуэлъащ, аслъэныхъумрэ аслъэныбзымрэ хуэдэу:
хэт къигъэушын ар?
10БгъэдэкӀынукъым тепщэныгъэ башыр
Иудэ икӀи пщы башыр абы и къуэхэм, тыгъэ къыхуащӀыурэ#49:10 къыхуащӀыурэ – мы псалъэхэм къикӀыр нахуэу щыткъым. Абыхэм нэгъущӀ мыхьэнэ яӀэнкӀэ хъунщ: ар зей пэжыр къэкӀуэху.,
цӀыху лъэпкъхэри абы и жыӀэм едэӀуэнущ.
11Абы ирепх жызумыпкъым езым и шыд джылур,
жызумыпкъэ нэхъыфӀми – езым и шыдыбзым къилъхуар.
ЕтхьэщӀ санэкӀэ и щыгъыныр,
жызум Ӏэрамэхэм ялъкӀэ – езым и щыгъыныр.
12Егъэлыд абы и нэр санэм,
хужь ещӀ и дзэр шэм.
13Зэбулун щыпсэунущ хы Ӏуфэм,
кхъухь тедзапӀэм,
абы и гъунапкъэхэри нос Сидон къалэм.
14Иссашхар псы дэжыпӀэхэм
я зэхуакум дэлъ шыд лъэщт, лъэрызехьэт.
Иссашхар – ар шыд къарууфӀэу хьэлъэ телъхэм
яку дэлъ шыд лъэшщ.
15ЗыхищӀащ абы гупсэхужыпӀэр зэрыфӀыр,
щӀыгур зэрыгурыхьыр,
и плӀэм хьэлъэр ирилъхьэри,
щӀидзащ лэжьэн пщылӀым хуэдэу.
16Дан езым и лъэпкъым хьэкум трищӀэнущ,
Израил и лӀакъуэхэм ящыщ зыуэ.
17Дан хъунущ гъуэгум телъ блэ,
лъагъуэм телъу,
шур щӀыбкӀэ къригъэхуэхын папщӀэ,
шы лъакъуэм еуэ блэ.
18СымыкӀуэду сыкъебгъэлыну сыпщогугъ, Зиусхьэн!
19Гад къытебэнэнущ хъунщӀакӀуэхэр,
ауэ абы ахэр иригъэкӀуэтыжынурэ кърихуэкӀынущ.
20Ащэр дежкӀэ бэвыщэщ абы и гъавэр,
икӀи абы пащтыхьым хуишэнущ шхын Ӏэфхэр.
21Нафталий къурш бжэн зэкӀужщ;
абы и шыр дахэщ.
22Исуф куэд къызыпыкӀэ жыгым и къудамэщ,
псы къыщӀэжыпӀэм щхьэщыту
куэд къызыпыкӀэ жыгым и къудамэщ,
абы и къудамэхэм зыщаукъуэдиящ блыныщхьэм.
23И жагъуэ ящӀащ абы, шабзэшэкӀэ еуащ абы,
шабзауэхэри къебиящ абы.
24Ауэ шэщӀауэ къэнащ абы и шабзэр,
икӀи ткӀийщ абы и Ӏэ лыпцӀэхэр,
Екъуб и Тхьэ лъэщым и хьэтыркӀэ.
Езыращ Ӏэхъуэри Израил къэзыхъумэ мывэбгри.
25Уи адэм и Тхьэр уэ къыбдэӀэпыкъунущ.
Псори ЗыхузэфӀэкӀыр Езыращ. Абы и нэфӀ къыпщигъэхуэнущ,
ипщэкӀэ щыӀэ уафэм къикӀ фӀыгъэхэмкӀэ и нэфӀ къыпщигъэхуэнущ,
ищӀагъыкӀэ щыӀэ кууупӀэм и фӀыгъэхэмкӀи, былымрэ бынымрэ я фӀыгъэхэмкӀи Абы и нэфӀ къыпщигъэхуэнущ.
26ИгъущӀэкӀэ бгыжьхэм я лъагагъэрэ
мысэхыж Ӏуащхьэхэм
я гуакӀуагъэмрэ ящхьэщыкӀыж уи адэм
и нэфӀ къыплъигъэс.
Трелъ ахэр Исуф и щхьэм
икӀи зэкъуэшхэм ящыщу къыхахам и натӀэм.
27Биниамин дыгъужь хьэщхьэрыӀуэщ,
пщэдджыжьым ешх къиубыдар
икӀи пщыхьэщхьэм егуэш къуентхъыр.
28Мис Израил и лӀакъуэ пщыкӀутӀыр зэрыщыту; мис абыхэм я адэм къажриӀари; и нэфӀ ящигъэхуащ абыхэм, къалъигъэсащ и нэфӀ щыхуэныгъэр, щхьэж езым ейр.
29ИкӀи унафэ яхуищӀащ Екъуб абыхэм, мыр яжриӀэу:
– Сэ сыхогъуэлъхьэж си лъэпкъым; сыщыщӀэфлъхьэж си адэхэм я деж бгъуэнщӀагъым, хет цӀыху Ефрон и губгъуэм деж щыӀэм. 30Ханаан щӀыналъэм деж Мамрэ къыщыпэщылъ Махпэлэ губгъуэм ит бгъуэнщӀагъыращ ар. А бгъуэнщӀагъыр губгъуэм щӀыгъуу Ибрэхьим хет цӀыху Ефрон деж къыщищэхуащ, езыр щыщӀалъхьэжын папщӀэ. 31Абдежым щыщӀалъхьэжащ Ибрэхьимрэ абы и фыз Сарэрэ; абдежым щыщӀалъхьэжащ Исхьэкърэ абы и фыз Ребеккэрэ; щыщӀэслъхьэжащ абдежым Леа. 32А губгъуэри абы ит бгъуэнщӀагъри къыщащэхуащ хет цӀыхухэм я деж.
33Екъуб и къуэхэм яхуищӀ унафэр иухри, ирилъхьэжащ и лъакъуэхэр гъуэлъыпӀэм, дунейм ехыжри, хыхьэжащ езым и лъэпкъым.
Currently Selected:
1 Мусэ 49: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017