Иудэ, уэ къыпщытхъунущ уи къуэшхэр!
Уэ уи Ӏэр уи бийхэм я пщэм телъщ;
щхьэщэ къыпхуащӀынущ уи адэм и къуэхэм.
Аслъэн шыру Иудэр,
си къуэр, щакӀуэ къокӀыж, къищэкӀуар ишхауэ.
ЗригъэщӀащ абы, гъуэлъащ, аслъэныхъумрэ аслъэныбзымрэ хуэдэу:
хэт къигъэушын ар?