1 Мусэ 50
50
Екъуб зэрыщӀалъхьэжар
1И адэм зытриубгъуэри, Исуф тегъащ абы, баи хуищӀащ абы. 2ИтӀанэ унафэ яхуищӀащ Исуф езым и лӀыщӀэхэм – Ӏэзэхэм, и адэм балзам щахуэну; Ӏэзэхэми щахуащ Израил балзам. 3Ирикъуащ ар махуэ плӀыщӀ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апхуэдиз махуэ бжыгъэм щахуэ балзамыр. Ягъеящ ар мысыр цӀыхухэм махуэ блыщӀкӀэ. 4Абы и хьэдагъэ махуэхэр щыблэкӀым, Исуф захуигъэзащ фирхьэуным и пщӀантӀэдэтхэм, мыр жиӀэурэ:
– Фэ нэфӀкӀэ фыкъызэплъмэ, жефӀэ фирхьэуным мыпхуэдэу:
5Си адэм тхьэрыӀуэ сигъэщӀащ: «Мис, сэ солӀэ; кхъэлэгъунэу Ханаан щӀыналъэм сэ си щхьэм папщӀэ къыщыстӀам сыщыщӀэлъхьэж» жиӀэри. Иджы хуит сыкъэщӀ, сэ сыкӀуэу, си адэр щӀэслъхьэжу, къэзгъэзэжыну.
6– КӀуэ, щӀэлъхьэж уи адэр, – жиӀащ фирхьэуным, – тхьэрыӀуэ зэрыуигъэщӀам хуэдэу.
7Арати, кӀуащ Исуф и адэр щӀилъхьэжыну. КӀуащ абы и гъусэу фирхьэуным и лӀыщӀэ псори, абы и унэм и нэхъыжьхэри, Мысыр щӀыналъэм и нэхъыжь псори, 8Исуф и унэм ис псори, абы и къуэшхэри, абы и адэм и унэм ис псори. Ауэ я сабийхэр, я Ӏэщ цӀыкӀухэри я Ӏэщышхуэхэри къагъэнащ абыхэм Гощэн щӀыналъэм. 9Абыхэм ядежьащ шыгухэри шухэри, абы къыхэкӀкӀэ гупыр икъукӀэ инт.
10Ахэр Иордан псым адэкӀэ щыт Атад хьэмэшым нэсри, щыгъыурэ абдежым ягу хэщӀу щагъеящ; зэхигъэтащ Исуф и адэм и хьэдагъэр махуиблкӀэ. 11А щӀыналъэм щыпсэухэм, Ханаан цӀыхухэм, Атад хьэмэшым деж щыӀа хьэдагъэр я нэгу щыщӀэкӀым, жаӀащ абыхэм:
– Хьэдагъэ ин дыдэщ мы мысыр цӀыхухэм яӀэр!
Абы къыхэкӀыу а щӀыпӀэм фӀащащ цӀэ: Абэл-Мицраим#50:11 Абэл-Мицраим – пасэрей журтыбзэкӀэ абы къикӀыр: мысыр цӀыхухэм я хьэдагъэщ..
12ЯщӀащ Екъуб и къуэхэм абы езым и унафэм хуэдэу. 13Езым и къуэхэм ар Ханаан щӀыналъэм яхьри, щыщӀалъхьэжащ Мамрэ къыпэщылъ Махпэлэ губгъуэм ит бгъуэнщӀагъым. А бгъуэнщӀагъыр, губгъуэр щӀыгъуу, Ибрэхьим езым и унейуэ хет цӀыху Ефрон деж къыщищэхуащ, езыр щыщӀалъхьэжын папщӀэ. 14И адэр щӀилъхьэжа нэужь, къигъэзэжащ Исуф Мысырым, езыми и къуэшхэри, абы и адэр щӀалъхьэжыну езым дэкӀуа псори и гъусэу.
Исуф и къуэшхэм зэрахуигъэгъуар
15Исуф и къуэшхэм я адэр зэрылӀар щалъагъум, жаӀащ: «Иджы Исуф и ней къытщыхуэрэ абы етщӀэгъа Ӏеягъэхэм папщӀэ илъ ищӀэжыну къытехьэмэ, дауэ хъуну?» 16Арати, ягъэкӀуащ абыхэм лӀыкӀуэ Исуф деж, мыр жриӀэну:
– Уи адэм унафэ ищӀащ лӀэн и пэкӀэ, мыр жиӀэурэ: 17«Мыпхуэдэу жефӀэ Исуф: Яхуэгъэгъу уи къуэшхэм я къуаншагъэри я гуэныхьри; абыхэм Ӏеягъэ къуащӀащ». Иджы яхуэгъэгъу уи адэм и Тхьэм и унэӀутхэм я къуаншагъэр.
Исуф гъырт ар абы щыжраӀэм щыгъуэ.
18Езы и къуэшхэри къакӀуэщ, абы и пащхьэм деж зыщрадзыхри, жаӀащ:
– Мис, дэ дыуиунэӀутщ.
19– Фымышынэ, – жиӀащ Исуф абдежым, – сэ Тхьэуэ сыщыта? 20Мис, фэ фигу къысхуилъащ Ӏеягъэ; ауэ Тхьэм зэблихъуащ ар фӀыкӀэ, иджы щыӀэр ищӀэн папщӀэ: цӀыху бжыгъэ куэд дыдэм я гъащӀэр хъума хъун папщӀэ. 21Аращи, фымышынэ. Сэ фызгъэшхэнущ, фэри фи сабийхэри.
Игъэсабырыжащ ахэр, я гур фӀы яхуищӀащ.
Исуф зэрылӀар
22Арати, щыпсэуащ Исуф Мысырым, езыри и адэм и унагъуэри; къигъэщӀащ Исуф илъэсищэрэ пщӀырэ. 23ИкӀи илъэгъуащ Исуф Ефраим и сабийхэр ещанэ щӀэблэм нэс; Мынасэ и къуэ Махыр и сабийхэри къыщалъхуащ Исуф и лъэгуажьэхэм я деж.
24ИтӀанэ яжриӀащ Исуф и къуэшхэм:
– Сэ солӀэ; ауэ Тхьэр къыфхуэкӀуэнущ фэ, мы щӀыналъэм фришынурэ, фишэнущ Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби яритыну псалъэ быдэкӀэ къызэригъэгугъа щӀыналъэм.
25Исуф Израил и къуэхэм тхьэрыӀуэ яригъэщӀащ, мыр жиӀэурэ:
– Тхьэр къыфхуэкӀуэнущ фэ, ифхыж си хьэдэ къупщхьэхэр мыбы.
26Исуф лӀащ илъэсищэрэ пщӀырэ хъуауэ. Абы балзам щахуэри, Мысырым щыдалъхьащ бэным.
Currently Selected:
1 Мусэ 50: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017