1 Мусэ 49:24-25
1 Мусэ 49:24-25 KBDNTGP2017
Ауэ шэщӀауэ къэнащ абы и шабзэр, икӀи ткӀийщ абы и Ӏэ лыпцӀэхэр, Екъуб и Тхьэ лъэщым и хьэтыркӀэ. Езыращ Ӏэхъуэри Израил къэзыхъумэ мывэбгри. Уи адэм и Тхьэр уэ къыбдэӀэпыкъунущ. Псори ЗыхузэфӀэкӀыр Езыращ. Абы и нэфӀ къыпщигъэхуэнущ, ипщэкӀэ щыӀэ уафэм къикӀ фӀыгъэхэмкӀэ и нэфӀ къыпщигъэхуэнущ, ищӀагъыкӀэ щыӀэ кууупӀэм и фӀыгъэхэмкӀи, былымрэ бынымрэ я фӀыгъэхэмкӀи Абы и нэфӀ къыпщигъэхуэнущ.





