1 Мусэ 49:3-4
1 Мусэ 49:3-4 KBDNTGP2017
Рубэн, си щыпэлъху! Уэ узибыдапӀэщ, си цӀыхухъу къарум урищӀэдзапӀэщ. ЩӀыкӀи лъэщыгъэкӀи псоми уращхьэщ. Ауэ уэ псы къиуам ещхь ухъуащ, уефӀэкӀынукъым абыхэм. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уилъащ уи адэм и гъуэлъыпӀэм; уэ буцӀэпӀащ си гъуэлъыпӀэр, абы уигъуалъхьэри.





