АдэкӀэ и нэфӀ Исуф къыщигъэхуащ Израил, мыр жиӀэри:
– Си адэхэу Ибрэхьимрэ Исхьэкърэ
зи пащхьэ щыпсэугъа Тхьэм,
дунейм сызэрытетрэ –
нобэр къыздэсым
зи нэӀэ къыстет Тхьэм,
сыт хуэдэ мыгъуагъэми
сыкъыӀэщӀэзых мелыӀычым
и нэфӀ къащрехуэ мы сабийхэм;
мы сабийхэм я хьэтыркӀэ
цӀыхухэм ягу кърекӀыж
сэ си цӀэмрэ си адэхэу Ибрэхьимрэ
Исхьэкърэ я цӀэхэмрэ;
мы щӀылъэм щребагъуэ ахэр,
щрехъу куэд дыдэ.