1
1 Мусэ 50:20
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
KbdNTGP2017
Мис, фэ фигу къысхуилъащ Ӏеягъэ; ауэ Тхьэм зэблихъуащ ар фӀыкӀэ, иджы щыӀэр ищӀэн папщӀэ: цӀыху бжыгъэ куэд дыдэм я гъащӀэр хъума хъун папщӀэ.
Compare
Explore 1 Мусэ 50:20
2
1 Мусэ 50:19
– Фымышынэ, – жиӀащ Исуф абдежым, – сэ Тхьэуэ сыщыта?
Explore 1 Мусэ 50:19
3
1 Мусэ 50:21
Аращи, фымышынэ. Сэ фызгъэшхэнущ, фэри фи сабийхэри. Игъэсабырыжащ ахэр, я гур фӀы яхуищӀащ.
Explore 1 Мусэ 50:21
4
1 Мусэ 50:17
«Мыпхуэдэу жефӀэ Исуф: Яхуэгъэгъу уи къуэшхэм я къуаншагъэри я гуэныхьри; абыхэм Ӏеягъэ къуащӀащ». Иджы яхуэгъэгъу уи адэм и Тхьэм и унэӀутхэм я къуаншагъэр. Исуф гъырт ар абы щыжраӀэм щыгъуэ.
Explore 1 Мусэ 50:17
5
1 Мусэ 50:24
ИтӀанэ яжриӀащ Исуф и къуэшхэм: – Сэ солӀэ; ауэ Тхьэр къыфхуэкӀуэнущ фэ, мы щӀыналъэм фришынурэ, фишэнущ Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби яритыну псалъэ быдэкӀэ къызэригъэгугъа щӀыналъэм.
Explore 1 Мусэ 50:24
6
1 Мусэ 50:25
Исуф Израил и къуэхэм тхьэрыӀуэ яригъэщӀащ, мыр жиӀэурэ: – Тхьэр къыфхуэкӀуэнущ фэ, ифхыж си хьэдэ къупщхьэхэр мыбы.
Explore 1 Мусэ 50:25
7
1 Мусэ 50:26
Исуф лӀащ илъэсищэрэ пщӀырэ хъуауэ. Абы балзам щахуэри, Мысырым щыдалъхьащ бэным.
Explore 1 Мусэ 50:26