Псэухэр езыхэм я щхьэ хуэмыпсэужу, абыхэм щхьэкӀэ лӀэуэ, лӀахэм къахэтэджыкӀыжам хуэпсэун папщӀэ, цӀыху псоми я пӀэкӀэ Мэссихь лӀащ.
Аращи, иджы къыщыщӀэдзауэ мы дунейм и цӀыхухэр адрей цӀыхухэм зэреплъым хуэдэу, дэ зыми деплъыжыркъым. Апхуэдэу зэгуэрым Мэссихь деплъу щытами, иджы деплъыжыркъым.