1
2 Кор. 4:18
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
KbdNTGP2017
Апхуэдэу цӀыхухэм нэкӀэ ялъагъу Ӏуэхухэм деплъыркъым, атӀэ нэкӀэ ямылъагъу Ӏуэхухэрщ дызэплъыр. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ нэкӀэ ялъагъу Ӏуэхухэр кӀуэдыжынущ, ауэ нэкӀэ ямылъагъу Ӏуэхухэр кӀуэдыжынукъым.
Compare
Explore 2 Кор. 4:18
2
2 Кор. 4:16-17
Аращи, ди гур дгъэкӀуэдыркъым. Ди пкъыр кӀуэд зэпытми, Тхьэм махуэ къэси ди гум илъыр къызэрехъуэкӀ зэпытщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы гузэвэгъуэ мащӀэу икӀи кӀэщӀу дызыхэтым фӀыуэ къыпэкӀуэр гузэвэгъуэу дызыхэтым хуумыгъэдэфыну мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр арщ.
Explore 2 Кор. 4:16-17
3
2 Кор. 4:8-9
Лъэныкъуэ псомкӀи щӀыпӀэ зэв ираубыдам дыхуэдэщ, ауэ дыдэкъузауэ щыткъым. ТщӀэнур тщӀэркъым, ауэ ди гур дгъэкӀуэдыркъым. ЦӀыхухэм гугъуехь дагъэшэч, ауэ Тхьэм ди закъуэ дыкъигъанэркъым. ЩӀыми дытрадзэ, ауэ дыкӀуэдыркъым.
Explore 2 Кор. 4:8-9
4
2 Кор. 4:7
Ауэ мы мылъкушхуэр дэ, ятӀагъуэм къыхэщӀыкӀа хьэкъущыкъухэм хуэдэхэм, ди гум илъ зэпытщ. Апхуэдэу щӀэхъуар лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэр дэрмырауэ, атӀэ Тхьэрауэ зэрэщытыр нахуэ хъун щхьэкӀэщ.
Explore 2 Кор. 4:7
5
2 Кор. 4:4
ШейтӀану мы дунейм и тхьэм фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я гур нэф ищӀащ. Апхуэдэу щӀищӀар Тхьэм хуэдабзэу щыт Мэссихь и щӀыхьышхуэм теухуа хъыбарыфӀым и нэхуу абыхэм къатепсэр ямылъагъун щхьэкӀэщ.
Explore 2 Кор. 4:4
6
2 Кор. 4:6
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «КӀыфӀыгъэм нэху къыхрекӀ», жызыӀа Тхьэм и нэхур ди гум къридзащ. А нэхум Тхьэм и щӀыхьышхуэу Мэссихь и нэгум къищыр зыхуэдэр дегъащӀэ.
Explore 2 Кор. 4:6