2 Кор. 5:18-19
2 Кор. 5:18-19 KBDNTGP2017
А псори Тхьэм деж къокӀ. Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм дэ езым дызригъэкӀужащ, цӀыхухэр езым едгъэкӀужын Ӏуэхури дэ ди пщэм къыдилъхьащ. Сэ жыхуэсӀэр мыращ: ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀауэ щыт пэтми, Тхьэм ахэр къуаншэу имылъытауэ, Мэссихь къыпкъырыкӀыу дунейм и цӀыхухэр езым зригъэкӀужащ Тхьэм, цӀыхухэр езым зэрызригъэкӀужам и хъыбарыр абыхэм едгъэщӀэну ди пщэм къыдилъхьащ.







