2 Кор. 5
5
5-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
1Мы дунейм дыщытеткӀэ тэхъуанэ пэлъытэу диӀэ ди пкъыр кӀуэдмэ, Тхьэм тхуиуха псэупӀэ ӀэрымыщӀ – мыкӀуэдыжын унэ#5:1 мыкӀуэдыжын унэ – ахърэтым щыдиӀэну пкъыр арщ. уафэм зэрыщыдиӀэнур дощӀэ. 2Абы нэсыху, уафэм щыӀэ унэм дыщыпсэуну дыщӀэхъуэпсу догумэщӀ. 3Апхуэдэу дыхуэпамэ пцӀанэ дыхъужынукъым. 4Мы ди пкъыу тэхъуанэм хуэдэм дыщыпсэуху, догумэщӀ икӀи гузэвэгъуэм дыхэтщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лӀэн хуей пкъыр къызэднэкӀыну дыхуейкъым, итӀанэ уафэм щыщ пкъыр къызэрытхалъхьэным дыщӀокъу. Апхуэдэу, лӀэн хуейм и пӀэр гъащӀэм иубыдынущ. 5Тхьэращ мы Ӏуэхум щхьэкӀэ дыкъэзыгъэщӀар, и Псэ ЛъапӀэри сакъылэтым#5:5 сакъылэт – еплъ 1 Кор. 15:20. хуэдэу ди гум къизылъхьар.
6Аращи, сыт щыгъуи догушхуэ икӀи пкъым дыщыпсэуху, Зиусхьэным дызэрыпэжыжьэр дощӀэ. 7Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀэщхъуныгъэм тету допсэу, ди нэкӀэ тлъагъум тету дыпсэуркъым. 8Догушхуэ жызоӀэ, икӀи дипкъхэм дахэкӀыу, Зиусхьэным и гъусэ дыхъумэ, нэхъ тфӀэфӀщ. 9Аращи, пкъым дыхэлъми дыхэмылъми, Зиусхьэным и гум дызэрырихьыным и ужь дитщ. 10Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ псоми Мэссихь хьэкум къыттрищӀыхьын щхьэкӀэ абы и тахътэм и пащхьэ диувэн хуейщ, мы дунейм хэти щилэжьам хуэфащэр, фӀыми Ӏейми, игъуэтыжын папщӀэ.
Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм дэ езым дызригъэкӀужащ
11Зиусхьэным и фӀэлӀыкӀ ди гум илъыныр зыхуэдэр дощӀэри, цӀыхухэр абы и гъуэгум тедгъэхьэну дыхэтщ. Ди гум илъыр ТхьэмкӀэ нахуэщ, фэри фигукӀэ ди гум илъыр фщӀэуэ сыфщогугъ. 12Фи пащхьэм аргуэру дыщызыщытхъужыркъым, ауэ цӀыхуу зи гум илъым емыплъу, зи фэм ирипагэу зыщытхъужхэм зыгуэр яжывэдгъэӀэн щхьэкӀэ, дэр щхьэкӀэ фыпэгэну Ӏэмал къыфхудогъуэт. 13Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди щхьэр зэкӀуэкӀамэ, ар Тхьэм и щӀыхь къэкӀуэн папщӀэкӀэщ. Ди щхьэр зэмыкӀуэкӀамэ, абы и фӀагъ фэ къывокӀ. 14Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь фӀылъагъуныгъэу къытхуиӀэм дызэщӀиубыдащ. Зы цӀыху закъуэр#5:14 зы цӀыху закъуэр – Мэссихь арщ. цӀыху псоми я пӀэкӀэ зэрылӀам дыщогугъ, аращи псори дылӀауэ добж. 15Псэухэр езыхэм я щхьэ хуэмыпсэужу, абыхэм щхьэкӀэ лӀэуэ, лӀахэм къахэтэджыкӀыжам хуэпсэун папщӀэ, цӀыху псоми я пӀэкӀэ Мэссихь лӀащ.
16Аращи, иджы къыщыщӀэдзауэ мы дунейм и цӀыхухэр адрей цӀыхухэм зэреплъым хуэдэу, дэ зыми деплъыжыркъым. Апхуэдэу зэгуэрым Мэссихь деплъу щытами, иджы деплъыжыркъым. 17Аращи, Мэссихь цӀыху гуэрым и псэм щыщ хъумэ, а цӀыхур Тхьэм щӀэрыщӀэу къигъэхъужащ. А цӀыхум и дуней тетыкӀэу щытар блэкӀащ, дуней тетыкӀэщӀэм щӀидзащ. 18А псори Тхьэм деж къокӀ. Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм дэ езым дызригъэкӀужащ, цӀыхухэр езым едгъэкӀужын Ӏуэхури дэ ди пщэм къыдилъхьащ. 19Сэ жыхуэсӀэр мыращ: ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀауэ щыт пэтми, Тхьэм ахэр къуаншэу имылъытауэ, Мэссихь къыпкъырыкӀыу дунейм и цӀыхухэр езым зригъэкӀужащ Тхьэм, цӀыхухэр езым зэрызригъэкӀужам и хъыбарыр абыхэм едгъэщӀэну ди пщэм къыдилъхьащ. 20Аращи, Мэссихь дрилӀыкӀуэщ. Ди жьэкӀэ Тхьэр ныволъэӀу. Мэссихь и цӀэкӀэ дыныволъэӀу: Тхьэм фекӀуж. 21Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гуэныхь лъэпкъ зымылэжьа Мэссихь Тхьэм гуэныхьым и къурмэныпхъэ ищӀащ, Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн щхьэкӀэ.
Currently Selected:
2 Кор. 5: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017