1
2 Кор. 6:14
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
KbdNTGP2017
ФӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм гъусэ фахуэхъуу зы бжьым фадэщӀэмыувэ. Щыпкъагъэмрэ бзаджагъэмрэ гъусэ дауэ зэхуэхъун? Нэхугъэмрэ кӀыфӀыгъэмрэ сыткӀэ зэпха?
Compare
Explore 2 Кор. 6:14
2
2 Кор. 6:16
Тхьэм и унэшхуэмрэ тхьэ нэпцӀхэмрэ я кум сыт хуэдэ зэгурыӀуэныгъэ дэлъын? ГъащӀэ зиӀэ Тхьэм и унэр дэращ, Тхьэм къызэрыжиӀам хуэдэу: «Сэ абыхэм сахэсынущ икӀи сахэтынущ. Сэ абыхэм я Тхьэуэ сыщытынущ, ахэри си лъэпкъыу щытынущ.
Explore 2 Кор. 6:16
3
2 Кор. 6:17-18
Аращи, къыжеӀэ Зиусхьэным, абыхэм фахэкӀи, лъэныкъуэкӀэ фыув. Мыкъабзэм фемыӀусэ, сэ фэ фыздэнущ абы щыгъуэ. Сэ фэ Адэ сыфхуэхъунущ, фэри къуэрэ пхъурэ фыкъысхуэхъунущ, жеӀэ лъэкӀыныгъэ псори зиӀэ Зиусхьэным».
Explore 2 Кор. 6:17-18
4
2 Кор. 6:15
Мэссихьрэ Велиаррэ я кум сыт хуэдэ зэгурыӀуэныгъэ дэлъын? ФӀэщхъуныгъэ зиӀэмрэ зимыӀэмрэ я Ӏыхьэ дауэ зэрызэхэлъынур?
Explore 2 Кор. 6:15