Лукас 7:21-22
Лукас 7:21-22 АДГФЛ
Хьисэ зигу къыдэмыж, сымаджэ куэд игъэхъужырт а зэманым, жин бзаджэхэр цӀыхухэм къахихужырт, нэф куэдми я нэр къигъэплъэжырт. – Вгъэзэжи, – яжриӀащ Хьисэ къэкӀуахэм, – флъэгъуамрэ зэхэфхамрэ Яхья хуэфӀуэтэж: нэфхэм я нэр къоплъэж, щӀакъуэхэм я лъэр зэроубыдыж, уэшын уз зэфыкӀхэм я щӀыфэр къабзэ мэхъуж, дэгухэм я тхьэкӀумэр къеутӀыпщыж, лӀахэр къотэджыж, тхьэмыщкӀэхэм Тхьэм и хъыбарыфӀыр хуаӀуатэ.