Лукас 7
7
Римым и дзэзешэм и фӀэщхъуныгъэр
1ЦӀыхубэм яжриӀа псалъэр щиухым, Хьисэ Кэпэрнэум дыхьащ.
2Римым и дзэзешэ гуэрым фӀыуэ илъагъуу ӀуэхутхьэбзащӀэ иӀэт. Ауэ ар лӀэн гъунэгъу хъуауэ сымаджэт. 3Хьисэ и хъыбар а дзэзешэм щызэхихым, журтхэм я тхьэмадэхэм ящыщ гуэрхэр Абы деж игъэкӀуащ, Ар къакӀуэу и ӀуэхутхьэбзащӀэр къригъэлыну. 4Арати, ахэр Хьисэ деж къакӀуэри, хуабжьу къелъэӀуурэ мыпхуэдэу къыжраӀащ:
– Ар хуэпщӀэну хуэфащэщ абы, 5абы ди лъэпкъыр фӀыуэ елъагъу, тхьэлъэӀупӀэ уни тхуригъэщӀащ.
6Хьисэ абыхэм я гъусэу ежьащ. ЗдэкӀуэм щынэблагъэм, дзэзешэм и ныбжьэгъухэр Хьисэ къыпригъажьэри, мыпхуэдэу къыжрыригъэӀащ:
– Зи щӀыхьыр ин, гугъу зумыгъэхь, си унэ укъихьэну схуэфащэкъым сэ. 7Аращ сэ езыр уи деж сынэкӀуэну сыщӀытемыгушхуар, псалъэ жыӀи, си ӀуэхутхьэбзащӀэр хъужынущ. 8Сэ езыр унафэ сыщӀэтщ, сэри си унафэ зауэлӀхэр щӀэтщ. Зым «модэ кӀуэ» жесӀэмэ, макӀуэ. Адрейм «мыдэ къакӀуэ» жесӀэмэ, къокӀуэ. Си унэӀутым «мыр щӀэ» жесӀэмэ, ещӀэ.
9А псалъэхэр щызэхихым, Хьисэ ар игъэщӀэгъуащ икӀи зригъэзэкӀри, и ужь иту къакӀуэ цӀыху къомым мыпхуэдэу яжриӀащ:
– Пэжыр нывжызоӀэ, израил лъэпкъым къыхэкӀакъым апхуэдэ фӀэщхъуныгъэ Сэ зыдэслъэгъуа.
10Хьисэ деж лъэӀуакӀуэ къэкӀуахэм ягъэзэжу унэм нэсыжа нэужь, дзэзешэм и ӀуэхутхьэбзащӀэр хъужауэ ирихьэлӀэжащ.
Фызабэ гуэрым и къуэ лӀар Хьисэ къызэригъэпсэужар
11Хьисэ Наин къуажэм кӀуэну ежьащ абы и ужькӀэ. И гъэсэнхэри нэгъуэщӀ цӀыху Ӏэджи щӀыгъут. 12Къуажэ дыхьэпӀэм щынэблагъэм, хьэдэ къыдахыу ирихьэлӀащ. ЛӀар фызабэ гуэрым и къуэ закъуэт. Къуажэдэс куэди фызабэм щӀыгъуу къакӀуэрт. 13Зиусхьэным фызабэр щилъагъум, и гур щӀэузри:
– Умыгъ, ди анэ! – жриӀащ. 14ИтӀанэ бгъэдыхьэри, кхъаблэм еӀусащ. Хьэдэр зыхьхэр къыщыувыӀэм, Хьисэ жиӀащ:
– НыбжьыщӀэ, уэращ зыжесӀэр, къэтэдж.
15ЛӀар къызэфӀэтӀысхьэри, псалъэу щӀидзащ. Хьисэ ар и анэм иритыжащ. 16Псори хуабжьу шынарэ Тхьэм щӀыхь хуащӀурэ, мыпхуэдэу жаӀэрт:
– Бегъымбарышхуэ къытхуэкӀуащ, Тхьэр и лъэпкъым щӀэгъэкъуэн къыхуэхъуащ.
17Арати, Хьисэ и хъыбар Ехьудей псоми абы пэгъунэгъу щӀыпӀэхэми щызэхахащ.
Яхья бегъымбарым и гъэсэнхэр Хьисэ деж зэригъэкӀуар
18Яхья бегъымбарым и гъэсэнхэм а Ӏуэхугъуэ телъыджэхэм я хъыбар абы щыхуаӀуэтэжым, и гъэсэнхэм щыщу цӀыхуитӀ ириджэри, 19Зиусхьэным деж игъэкӀуащ, мыпхуэдэу иригъэупщӀыну: «Дунейм къытехьэн хуеяр Уэра, хьэмэрэ нэгъуэщӀым дыпэплъэн хуей?» 20Ахэр Хьисэ деж кӀуэри еупщӀащ:
– УмэхъакӀуэ Яхья дыноупщӀыну дыкъыпхуигъэкӀуащ: «Дунейм къытехьэн хуеяр Уэра, хьэмэрэ нэгъуэщӀым дыпэплъэн хуей?»
21Хьисэ зигу къыдэмыж, сымаджэ куэд игъэхъужырт а зэманым, жин бзаджэхэр цӀыхухэм къахихужырт, нэф куэдми я нэр къигъэплъэжырт.
22– Вгъэзэжи, – яжриӀащ Хьисэ къэкӀуахэм, – флъэгъуамрэ зэхэфхамрэ Яхья хуэфӀуэтэж: нэфхэм я нэр къоплъэж, щӀакъуэхэм я лъэр зэроубыдыж, уэшын уз зэфыкӀхэм я щӀыфэр къабзэ мэхъуж, дэгухэм я тхьэкӀумэр къеутӀыпщыж, лӀахэр къотэджыж, тхьэмыщкӀэхэм Тхьэм и хъыбарыфӀыр хуаӀуатэ. 23Гъуэгу махуэ теуващ СэркӀэ шэч къэзымыхьыр.
24Яхья къигъэкӀуахэм ягъэзэжа нэужь, абы и гугъу цӀыхубэм яхуищӀын щӀидзащ Хьисэ:
– Къумым фыщӀэкӀуар сытыт? Жьым игъэсыс къамылым хуэдэу таучэлмыщӀ цӀыху феплъыну арат фыщӀэкӀуар? 25АтӀэ сыт фыщӀэкӀуар къумым? Щыгъын дахэкӀэ хуэпа цӀыху флъагъуну фи гугъауэ ара? Дахэу хуэпахэмрэ къулеижьхэмрэ зыщӀэсыр пащтыхь сэрейрщ. 26Хэт атӀэ флъагъуну фи гугъар? Бегъымбар? Пэжщ, бегъымбарщ флъэгъуар, ауэ нывжызоӀэ, ар бегъымбарым нэхърэ нэхъ инщ. 27Тхыгъэ ЛъапӀэм мыпхуэдэу щыжиӀам, Яхьящ зи гугъу ищӀар:
«Мис, уяпэ иту си лӀыкӀуэр нызогъакӀуэ,
абы уи гъуэгур пхуигъэхьэзырынущ».
28НывжызоӀэ, фызхэм къалъхуахэм щыщу Яхья нэхърэ нэхъ ин мы дунейм къытехьакъым. Ауэ Тхьэм и Тепщэныгъэм и жьауэ щӀэтхэм я нэхъ цӀыкӀу дыдэр Яхья нэхърэ нэхъ инщ.
29Хьисэ и псалъэр щызэхахым, цӀыху къызэхуэсахэми, уеблэмэ тезыр ахъшэ къыхэзыххэми Тхьэм и мурадхэр захуэу ялъытащ, сыту жыпӀэмэ абыхэм Яхья зрагъэумэхъакӀэт. 30Ауэ фарисейхэмрэ теурэт егъэджакӀуэхэмрэ Яхья зрагъэумэхъын хуейуэ къалъытатэкъым. Апхуэдэу абыхэм Тхьэм и Ӏэмырыр ягъэзэщӀэн ядауэ щытакъым.
31– Нобэрей цӀыхухэр сытым хуэзгъэдэн? – жиӀащ Хьисэ. – Хэт ахэр зэщхьыр? 32ЦӀыху зекӀуапӀэхэм деж щытӀысарэ мыр жаӀэурэ, зыр адрейм егуо сабийхэм хуэдэщ ахэр:
«Бжьамий дыфхуепщати, фыкъэфакъым,
гъыбзэ къыфхуитшати, фыгъакъым».
33Ар щӀыжысӀэращ, умэхъакӀуэ Яхья къэкӀуащи, санэ ефэркъым, щӀакхъуи ишхыркъым, итӀани «ар жин бзаджэм иӀыгъщ» жывоӀэ. 34ЦӀыхум и Къуэр къыфхуэкӀуащи, йофэ икӀи йошхэ, ауэ Абы щхьэкӀи «мис ныбаблэр, ефэрейр, тезыр ахъшэ къыхэзыххэмрэ гуэныхьлыхэмрэ я ныбжьэгъур» жывоӀэ. 35Ауэ Тхьэм и Ӏущагъэр къабыл зыщӀа псори а Ӏущагъэр зэрыпэжым щыхьэт тохъуэ.
Хьисэ цӀыхубз гуэрым и гуэныхьхэр къызэрыхуигъэгъуар
36Фарисей гуэрым Хьисэ игъэхьэщӀэну иригъэблэгъат. Щригъэблагъэм, абы и унэм щӀыхьэри, Ар Ӏэнэм пэрытӀысхьащ. 37А жылэм гуэныхьщӀакӀуэу къыщацӀыху цӀыхубз гуэрым Хьисэ фарисейм и унэм зэреблэгъар къыщищӀэм, алавастрэкӀэ зэджэ мывэм къыхэщӀыкӀа бащирыбэм иту мэ дахэ къызыхих дагъэ лъапӀэ здищтэщ, фарисейм и унэм щӀыхьэри, 38Хьисэ и щӀыбагъымкӀэ къыдэуващ. ИтӀанэ и нэпсыр къыщиудри, Хьисэ и лъакъуэр псыф ищӀу теткӀуащ. ЩытеткӀуэм, и щхьэцымкӀэ хуилъэщӀыжри, ба хуищӀурэ, дагъэр хущихуащ. 39Хьисэ езыгъэблэгъа фарисейм ар щилъагъум, игукӀэ мыпхуэдэу жиӀащ: «Мыр бегъымбару щытатэмэ, къеӀусэ цӀыхубзыр зи щӀысыр, икӀи ар зэрыгуэныхьщӀакӀуэр ищӀэнт». 40Хьисэ лӀым жриӀащ:
– Симэн, Сэ зыгуэр бжесӀэну сыхуейщ.
– КъызжеӀэ, ущиякӀуэ, – жиӀащ Симэн.
41– ЛӀы гуэрым и щӀыхуэ цӀыхуитӀым ятелът. Зым дыжьын ахъшэ щитху, адрейм тхущӀ телът, – жиӀащ Хьисэ. – 42Ауэ щӀыхуэр щахуэмыпшыныжым, тӀуми яхуигъэгъуащ. АтӀэ къызжеӀэт, а тӀум дэтхэнэра щӀыхуэ къезытар нэхъыфӀу зылъагъунур?
43– СызэригугъэмкӀэ, нэхъыбэ зыхуигъэгъуаращ, – жиӀащ Симэн.
– Пэжу уогугъэ, – акъылэгъу хъуащ Хьисэ. 44Ар цӀыхубзым хуеплъэкӀри, Симэн жриӀащ итӀанэ: – Мы цӀыхубзыр плъагъурэ? Сэ уи унэ сыкъихьа пэтрэ си лъакъуэр зэрыстхьэщӀын псы къызэптакъым, ауэ мыбы и нэпсымкӀэ си лъакъуэр схуитхьэщӀри, и щхьэцымкӀэ схуилъэщӀыжащ. 45Уэ ӀэплӀэ къысхуэпщӀакъым, ауэ Сэ мыбы сызэрыщӀэс лъандэрэ мы цӀыхубзым увыӀэгъуэ имыӀэу си лъакъуэм ба къыхуещӀ. 46Уэ хьэщӀагъэ къызэпхакъым, си щхьэм дагъэ къыщыпхуэу, мы цӀыхубзым си лъакъуэм дагъэ лъапӀэ къысхущихуащ. 47Абы къыхэкӀкӀэ ныбжызоӀэ: и фӀылъагъуныгъэр инти, гуэныхь куэд къыхуэгъуащ. Ауэ мащӀэ къызыхуэгъуам и фӀылъагъуныгъэри мащӀэщ.
48Хьисэ цӀыхубзым зыхуигъазэри:
– Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ, – жриӀащ.
49Ар щызэхахым, адрей хьэщӀэхэм ягукӀэ жаӀащ: «Гуэныхь нэгъунэ зыгъэгъу мы лӀыр хэт хъуну?»
50Хьисэ цӀыхубзым жриӀащ:
– Уи фӀэщхъуныгъэм укъригъэлащ. Тхьэм гупсэхугъуэ къуит, кӀуэ иджы.
ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖
Лукас 7: АдгФЛ
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021