Лукас 5

5
Игъэсэн папщӀэ, Хьисэ япэу къыхиха цӀыхуищыр
1Зэгуэрым, Хьисэ Джэнисэр гуэлым здыӀутым, Тхьэм и псалъэм едэӀуэну къызэхуэса цӀыху гупышхуэр къытегуплӀэ хъуащ. 2Гуэл Ӏуфэм Ӏут кхъуафэжьеитӀ къилъэгъуащ Хьисэ. Бдзэжьеящэхэр кхъуафэжьейхэм къикӀауэ, яхъхэр ягъэкъэбзэжырт. 3Ар зы кхъуафэжьейм, Симэн ейм, иувэщ, псы Ӏуфэм мащӀэу ӀуигъэкӀыну елъэӀущ, етӀысэхри, цӀыхухэр иущиин щӀидзащ. 4Псэлъэн иуха нэужь, Симэн мыпхуэдэу жриӀащ:
– Кхъуафэжьейр кууупӀэмкӀэ ныхэгъэхьи, фихъхэр хэвдзэ, бдзэжьей къэвубыдын папщӀэ.
5– УщиякӀуэ, – жиӀащ Симэн, – дэ жэщ псом демытӀысэхыу бдзэжьей дещати, зыри къытхуэубыдакъым. Ауэ Уэ щыжыпӀэкӀэ, хэздзэнщ.
6Хъыхэр хадзащ. Щыхадзэм, апхуэдизкӀэ бдзэжьей куэд къаубыдати, яхъхэр зэгуэтхъырт. 7Адрей кхъуафэжьейм ис я ныбжьэгъухэм Ӏэ хуащӀащ, къакӀуэу къадэӀэпыкъуну. Ахэр къесылӀэри, бдзэжьейр кхъуафэжьеитӀми ярыз ящӀащ, щӀелъафэ иджы жыуигъэӀэу. 8Симэн Питрэс ар щилъагъум, Хьисэ и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу иувэри жриӀащ:
– Зи щӀыхьыр ин, сыкъэбгынэ, сэ сыгуэныхьлыщ.
9-10Езы Симэни, адрей и гъусахэри, Зэвдей и къуэхэу Симэн и лэжьэгъу Екъуби Яхьяи хуабжьу къэшынащ, апхуэдиз бдзэжьей щалъагъум. Хьисэ Симэн жриӀащ:
– Умышынэ! Бдзэжьей къэбубыду зэрыщытам хуэдэу, цӀыхухэр си Ӏумэтым къибгъэхьэнущ дяпэкӀэ.
11КхъуафэжьеитӀыр ныджэм къытралъэфэжщ, псори къагъанэри, ахэр Хьисэ и ужь иуващ.
Хьисэ уэшын уз зэфыкӀ лӀы гуэр зэригъэхъужар
12Хьисэ, жылэ гуэрым дэту, уэшын уз зэфыкӀ лӀы гуэр къыхуэзащ. Сымаджэм Ар щилъагъум, и щхьэр щӀым еӀусэу зридзыхри, къелъэӀуащ:
– Зи щӀыхьыр ин, ухуеймэ, сыбгъэхъужыфынущ, – жиӀэри.
13Хьисэ и Ӏэр ишийщ, абы теӀэбэри жиӀащ:
– Сыхуейщ, хъуж узыншэ.
Арыххэти, лӀым узыр хэкӀыжри, узыншэ хъужащ.
14Хьисэ абы жриӀащ:
– Къэхъуар зыми жумыӀэж, дин гъуазэм деж кӀуэи, зэгъэплъ икӀи узэрыхъужам щхьэкӀэ, Мусэ бегъымбарым и унафэм тету, къурмэн укӀ. Ар узэрыхъужамкӀэ цӀыхухэм я пащхьэм щыхьэт щыхъунщ.
15КӀуэтэху, Хьисэ и хъыбарым нэхъ зиубгъурт, цӀыху нэхъыби къыхуэкӀуэрт и псалъэм едэӀуэну икӀи я узыфэхэр ирагъэхъужыну. 16Езы Хьисэ щӀыпӀэ пхыдза щӀэх-щӀэхыурэ кӀуэурэ, тхьэ елъэӀурт.
Хьисэ зи лъэр къыщӀэмыувэж лӀы гуэр зэригъэхъужар
17Махуэ гуэрым, Хьисэ цӀыхухэр здиущийм, Гэлилеймрэ Ехьудеймрэ я жылагъуэхэми Ерусэлими къикӀауэ теурэт егъэджакӀуэхэр, фарисейхэр Абы едаӀуэу щыст. Зиусхьэным и къаруушхуэу сымаджэхэр зыгъэхъужыр Хьисэ щӀыгъут. 18Зи лъэр къыщӀэмыувэж лӀы гуэр цӀыхухэм арджэным телъу къахьащ, унэм щӀахьэу Хьисэ и пащхьэм иралъхьэн я мураду. 19Ауэ цӀыхур Ӏувти, щӀахьэфакъым. Апхуэдэу щыхъум, ахэр унащхьэм дэкӀуейщ, кхъуэщыныр къытрахри, сымаджэр, арджэным зэрытелъу, ирахьэхри, унэкум хуэзэу Хьисэ и пащхьэ иралъхьащ. 20Абыхэм я фӀэщхъуныгъэр щилъагъум, Хьисэ сымаджэм жриӀащ:
– Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ.
21Ар щызэхахым, теурэт егъэджакӀуэхэми фарисейхэми ягукӀэ мыпхуэдэу жаӀащ: «Тхьэр зыгъэикӀэ мыр хэт хъуну? Тхьэм нэмыщӀ, хэт гуэныхьхэр зыгъэгъуну хуитыр?»
22Хьисэ ахэр зэгупсысыр ищӀэрти, захуигъазэри яжриӀащ:
– Апхуэдэ гупсысэхэр щхьэ фигу къэвгъэкӀрэ? 23Сыт нэхъ тыншыр: «Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ» жыпӀэныра, хьэмэрэ «Къэтэджи, зекӀуэ» жыпӀэныра? 24ЦӀыхум и Къуэм гуэныхьхэр игъэгъуну мы дунейм тепщэныгъэ зэрыщиӀэр фщӀэн щхьэкӀэ, – жиӀэри, Хьисэ зи лъэр къыщӀэмыувэжым жриӀащ: – Уэ ныбжызоӀэ, къэтэдж, уи арджэныр къащти, уи унэм кӀуэж.
25Абыхэм ялъагъуу, лӀыр асыхьэтым къэтэджщ, зытелъа арджэныр къищтэри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀурэ, и унэм кӀуэжащ. 26Ар псоми яфӀэтелъыджэ хъуауэ, Тхьэм щӀыхь хуащӀрэ хуабжьу шынауэ, жаӀэрт: «Дэ нобэ тлъэгъуар телъыджэлажьэщ».
Лэуий Хьисэ и гъэсэн зэрыхъуар
27Хьисэ жылэм къыдэкӀыжащ абы и ужькӀэ. Лэуий и цӀэу тезыр ахъшэ къыхэзых лӀы гуэр ахъшэ къыхэхыпӀэм деж щысу къилъагъури, Хьисэ абы жриӀащ:
– Си ужь къиувэ!
28Лэуий къэтэджщ, псори къигъанэри, Хьисэ и ужь иуващ.
29ИтӀанэ Лэуий и унэм Хьисэ Ӏэнэшхуэ къыщыхуигъэуващ. Тезыр ахъшэ къыхэзых гупышхуи нэгъуэщӀ цӀыху Ӏэджи пэрыст Ӏэнэм. 30Ар щалъагъум, фарисейхэмрэ абыхэм я ӀупэфӀэгъу теурэт егъэджакӀуэхэмрэ, губгъэн хэлъу, Хьисэ и гъэсэнхэм мыпхуэдэу жраӀащ:
– Тезыр ахъшэ къыхэзыххэмрэ гуэныхьлыхэмрэ фащӀыдефэр, фащӀыдэшхэр сыт?
31– Узыншэхэракъым дохутыр хуейр, атӀэ сымаджэхэрщ, – яжриӀащ абыхэм Хьисэ. 32– ЦӀыху щыпкъэхэракъым, атӀэ гуэныхьлыхэрщ тобэ къэхьыжыным къыхуезджэну сакъызыхуэкӀуар.
НэщӀым теухуауэ
33Хьисэ мыпхуэдэу къыжраӀащ абыхэм:
– Яхья и гъэсэнхэм нэщӀ ис я хабзэщ, тхьэ йолъэӀу. Фарисейхэм я гъэсэнхэми ар дыдэр ящӀэ, ауэ Уэ уи гъэсэнхэр машхэ, икӀи йофэ!
34– Щауэр я гъусэху, хьэгъуэлӀыгъуэм хэт хьэщӀэхэр пхуэгъэнэщӀыну? – еупщӀащ абыхэм Хьисэ. – 35Ауэ щауэр абыхэм къыщыхашыну махуэр къэкӀуэнущ. Мис абы щыгъуэ нэщӀ исынухэщ.
36Хьисэ абыхэм щӀагъыбзэ яжриӀащ итӀанэ:
– ЩыгъыныщӀэм щэкӀ кӀапэ къыпигъэжу щыгъыныжьым тридэркъым зыми, сыту жыпӀэмэ щыгъыныщӀэр зэӀигъэхьэнущ, щыгъыныжьми а щэкӀ кӀапэр кӀэрызэгъэнукъым. 37Абы ещхьу, санэщӀэр зыми фэнд тӀорысэм иригъахъуэркъым, сыту жыпӀэмэ санэщӀэм фэнд тӀорысэр къызэгуитхъынурэ санэр къижынущ, фэндри зэӀигъэхьэнущ. 38СанэщӀэр фэндыщӀэм игъэхъуэн хуейщ. 39Щыта санэ изыфам санэщӀэ ефэн идэнукъым, щыта санэр нэхъыфӀщ жиӀэнурэ.

ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖

Лукас 5: АдгФЛ

គំនូស​ចំណាំ

ចែក​រំលែក

ចម្លង

None

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល