Хьисэ, жылэ гуэрым дэту, уэшын уз зэфыкӀ лӀы гуэр къыхуэзащ. Сымаджэм Ар щилъагъум, и щхьэр щӀым еӀусэу зридзыхри, къелъэӀуащ:
– Зи щӀыхьыр ин, ухуеймэ, сыбгъэхъужыфынущ, – жиӀэри.
Хьисэ и Ӏэр ишийщ, абы теӀэбэри жиӀащ:
– Сыхуейщ, хъуж узыншэ.
Арыххэти, лӀым узыр хэкӀыжри, узыншэ хъужащ.