Данил 7
7
Данил хьэкӀэкхъуэкӀиплӀым зэрепщӀыхьар
1Бабылейм и пащтыхь Бэлъщэцар тахътэм щыдэкӀуея гъэм#7:1 Бэлъщэцар тахътэм щыдэкӀуея гъэм – ЗэралъытэмкӀэ ди лъэхъэнэр къихьэным ипэ 553 гъэрщ. 7-8-нэ Ӏыхьэхэм къаӀуатэр 5-нэ Ӏыхьэм къиӀуатэм и нэхъапэ къэхъуащ. , Данил и пӀэщхьагъ илъыжу, пщӀыхьэпӀэм хэту зыгуэр къыхуэлъэгъуауэ щытащ. Абы ар итхыжащ. Мис а хъыбарыр:
2Сэ жэщым пщӀыхьэпӀэм сыхэту слъэгъуащ, щӀым и лъэныкъуиплӀымкӀи къикӀа жьым хышхуэр къызэригъэукъубеяр. 3ИтӀанэ зыр адрейм емыщхьу, абрагъуэу хьэкӀэкхъуэкӀиплӀ хым къыхэкӀащ.
4Япэр аслъэным ещхьт, ауэ бгъэм и дамэхэм хуэдэ тетт. Си нитӀкӀэ слъагъуу абы и дамэхэр трачщ, яӀэтри, цӀыхум хуэдэу, лъакъуитӀкӀэ ягъэуващ, цӀыху акъыли абы иратащ.
5ЕтӀуанэу къыхэкӀа хьэкӀэкхъуэкӀэр мыщэм ещхьт. Абы и кӀэбдз лъакъуитӀымкӀэ лъэбышэу зритӀат, и дзэпэфӀанэхэм дзажэналъищ дэлът, дэнауэ. Абы жраӀащ: «Тэджи, зыбгъэнщӀыху лы шхы!»
6ИтӀанэ сэ слъэгъуащ нэгъуэщӀ хьэкӀэкхъуэкӀэ, и теплъэкӀэ щомыщым ещхьу. Абы и щӀыбым дамиплӀ тетт, къуалэбзухэм ейм хуэдэу. А хьэкӀэкхъуэкӀэм щхьиплӀ фӀэтт, тетыгъуи абы иратащ.
7АдэкӀэ жэщ пщӀыхьым сыхэту сэ слъэгъуащ еплӀанэ хьэкӀэкхъуэкӀэр – шынагъуэ Ӏейрэ узижэгъуэну, хуабжьу къарууэ. Абы гъущӀыдзэ защӀэу дзэкъэбыжь домбейхэр Ӏутт; къыӀэщӀыхьэхэр зэтриукӀэурэ зэхишхыхьырт, къанэр лъакъуэкӀэ зэхиутэжырт. Ар япэрей хьэкӀэкхъуэкӀэхэм ещхьтэкъым, абы бжьакъуипщӀ тетт#7:2-7 Мы къэлъэгъуар зэрагъэнахуэ хабзэмкӀэ, аслъэным къигъэлъагъуэр – Бабылей пащтыхьыгъуэрщ, мыщэм – мыдхэмрэ къэжэрхэмрэ я пащтыхьыгъуэрщ, щомыщым – Алыджырщ, еплӀанэ хьэкӀэкхъуэкӀэр – Урым пащтыхьыгъуэрщ. НэгъуэщӀуи зэрагъэнахуэм ипкъ иткӀэ: мыщэр – Мыд пащтыхьыгъуэрщ, щомыщыр – Къэжэрырщ, еплӀанэ хьэкӀэкхъуэкӀэр – Алыджырщ. .
8А бжьакъуэхэм сыздеплъым сэ слъэгъуащ абыхэм я зэхуакум зы бжьакъуэ цӀыкӀу къызэрыдэкӀыкӀар, япэрей бжьакъуищым абы гъуэгу ират щӀыкӀэу, я лъабжьэхэр щӀыгъуу къызэрыхатхъар – мор къэкӀын и пэ. А бжьакъуэм нэ иӀэт, цӀыхухэм ейм хуэдэу, жьэи иӀэт, пагэу псалъэу.
9Мис, сэ къэслъэгъуар итӀанэ:
тахътэхэр ягъэувауэ щытт,
Зи Махуэхэр Жьы Дыдэр тахътэм тетӀысхьащ.
Абы и щыгъынхэр уэсым хуэдэу хужьт,
и щхьэцыр щынэц къабзабзэм хуэдэт.
И тахътэр мафӀэ бзийуэ лыдырт,
шэрхъыу щӀэтхэри мафӀэлыгъейт.
10Абы къиу мафӀэр уэру ежэхырт.
Мин Ӏэджэ Абы къыхуэлажьэрт,
и пащхьэ къитхэри бжыгъэншэт.
Хьэкумым щӀидзэри, тхылъхэр къызэӀуахащ.
11АдэкӀэ си нэр тедияуэ сыздэплъэм, бжьакъуэм пагэу къипсэлъхэм седаӀуэурэ, хьэкӀэкхъуэкӀэр яукӀауэ къэслъагъуху си нэр тезгъэкӀакъым. Абы и хьэдэр мафӀэм хадзэри ягъэсыжащ. 12Адрей хьэкӀэкхъуэкӀэхэм тепщэныгъэр къыӀэщӀахащ, ауэ зы зэманкӀэ псэууэ къагъэнащ я пӀалъэр къэсыху.
13А жэщым си нэгу щӀэкӀам сэ иджыри мыр щыслъэгъуащ: пшэм хэту зыгуэр къакӀуэрт, цӀыхум#7:13цӀыхум – Мы псалъэр арамеибзэкӀэ зэрытхар «цӀыхум и къуэщ». ещхьу. Ар гъунэгъу къэхъури, Зи Махуэхэр Жьы Дыдэм бгъэдашащ. 14Абы тепщэныгъи, щӀыхьи, пащтыхьыгъуи иратащ, лъэпкъ псори, сыт хуэдэбзэкӀэ псалъэхэри, цӀыхуцӀэ зиӀэ псори къыхуэлэжьэн щхьэкӀэ. Абы и тепщэныгъэр – тепщэныгъэ мыкӀуэдыжщ, зэи кӀэух иӀэнукъым, и пащтыхьыгъуэри зэи къутэжынукъым.
ПщӀыхьэпӀэм къикӀыр
15Сэ си псэр гузавэрт, си нэгум щӀэкӀа къомым сагъэшынат. 16Абдежым щытхэм я зым сыбгъэдыхьэри, а псом ипэжыпӀэкӀэ къикӀыр сыт жысӀэри, сеупщӀащ. ПщӀыхьэпӀэм къикӀыр абы къызжиӀащ: 17«А хьэкӀэкхъуэкӀэ абрагъуиплӀыр – щӀылъэм щыӀэну пащтыхьиплӀырщ. 18Ауэ, иужькӀэ, Я нэхъ Лъагэм хуэпэжхэм пащтыхьыгъуэр яӀэщӀыхьэнурэ, игъащӀэ псокӀэ кӀэ имыӀэу ахэр тепщэнущ».
19ИтӀанэ сэ адрей зыми емыщхь еплӀанэ хьэкӀэкхъуэкӀэр, шынагъуэ Ӏейрэ узижэгъуэныр, зи дзэхэр гъущӀрэ зи лъэбжьанэхэр гъуаплъэр, къыӀэщӀыхьэхэр зэтезыукӀэурэ зэхэзышхыхьыр, къанэр лъакъуэкӀэ зэхэзыутэжыр ипэжыпӀэкӀэ зищӀысыр къэсщӀэну сыхуеящ. 20Иджыри сэ сщӀэну сыхуейт абы и щхьэм тета бжьакъуипщӀым теухуауэ, итӀанэ гъуэгу кърат щӀыкӀэу, бжьакъуищыр къыхэхуу, абыхэм я пӀэм къыхэкӀа бжьакъуэми теухуауэ – нэи жьэи зиӀэу, пагэу псалъэу, адрейхэм нэхърэ нэхъ бэлыхьлажьэу къыпщыхъум теухуауэ. 21Сэ слъэгъуат а бжьакъуэм Тхьэм хуэпэжхэм зауэ ярищӀэкӀыурэ зэрыхигъэщӀар, 22Зи Махуэхэр Жьы Дыдэр къакӀуэу, Езым къыхуэпэжхэр хьэкумым щимыгъэхеиху. ИтӀанэ игъуэ хъури, абыхэм пащтыхьыгъуэр яӀэщӀыхьащ.
23АдэкӀэ абы къызжиӀащ мыпхуэдэу: «ЕплӀанэ хьэкӀэкхъуэкӀэр зищӀысыр, адрей пащтыхьыгъуэхэм емыщхьу, щӀылъэм тетыну еплӀанэ пащтыхьыгъуэрщ; абы зэхиутэурэ икӀи зэтриукӀэурэ щӀылъэр зэрыщыту зэхишхыхьынущ. 24БжьакъуипщӀым къагъэлъагъуэр а пащтыхьыгъуэм пащтыхьипщӀ къызэрыхэкӀынурщ. Абыхэм я ужькӀэ, япэрей зыми емыщхьу, нэгъуэщӀ пащтыхьым зыкъиӀэтынурэ адрейхэм ящыщу пащтыхьищ тридзынущ. 25Абы псалъэ Ӏейхэр Я нэхъ Лъагэм хужиӀэнущ, Тхьэм хуэпэжхэри хьэзабым хигъэтынущ; махуэ лъапӀэхэмрэ Тхьэм и унафэхэмрэ ихъуэжынуи иужь итынущ. Тхьэм хуэпэжхэр абы и ӀэмыщӀэм илъынущ илъэскӀи, илъэситӀкӀи, илъэс ныкъуэкӀи#7:25 илъэскӀи, илъэситӀкӀи, илъэс ныкъуэкӀи – Арамеибзэ хьэрфхэм къарыкӀыр: «зы зэманкӀэ (пӀалъэкӀэ), зэманитӀкӀэ, зэман ныкъуэкӀэ». .
26Ауэ хьэкум щыӀэнурэ, тепщэныгъэр абы къыӀэщӀахынущ, езыри игъащӀэкӀэ ягъэкӀуэдыжынущ. 27Лъэщыгъэри, тепщэныгъэри, уафэм и лъабжьэм щыӀэ пащтыхьыгъуэ псоми я лъапӀагъэри Я нэхъ Лъагэр зыгъэпэж лъэпкъым иратынущ. Абы и пащтыхьыгъуэр – пащтыхьыгъуэ мыкӀуэдыжщ, икӀи дэтхэнэ зыри Абы хуэжыӀэщӀэу хуэлэжьэнущ».
28Абдежым щеух си хъыбарыр. А слъэгъуахэм сэ гупсысэгъейм сыхадзат, си фэри пагъэкӀат, ауэ зыми хуэзмыӀуатэу си гум щысхъумащ.
ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖
Данил 7: АдгФЛ
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021