Данил 6
6
Данил аслъэнхэр зэрыс мащэм
1Дарий фӀэигъуэу и пащтыхьыгъуэ псом пщыуэ щэрэ тӀощӀрэ тригъэувэри, 2ахэр Данил зыхэт Ӏэтащхьищым я ӀэмыщӀэ ирилъхьащ. Пщыхэм я къалэнт жэуаптакӀуэу абыхэм я пащхьэ итыну, пащтыхьым и Ӏуэхухэр тэрэзу зэщӀэн папщӀэ. 3ХьэлщэныфӀ дыдэ зэрыхэлъымкӀэ, Данил хуабжьу ефӀэкӀырт адрей Ӏэтащхьэхэми пщыхэми, икӀи пащтыхьым ар и пащтыхьыгъуэ псом и унафэщӀ ищӀыну и мурадт.
4Абы къыхэкӀыу, Ӏэтащхьэхэмрэ пщыхэмрэ Данил пащтыхьым и Ӏуэхухэр зэрызэрихьэ щӀыкӀэм кӀэлъыплъырт, ар зэрагъэкъуэншэн къалъыхъуэу, арщхьэкӀэ зыри къахуэгъуэтыртэкъым: Данил захуагъэ хэлъут псори зэрищӀэр, щыуагъи пцӀыи ӀэщӀэкӀыртэкъым. 5ИкӀэмикӀэжым, абыхэм къагурыӀуащ: «Данил зэрыдгъэкъуэншэн къытхуэгъуэтынукъым, езым и Тхьэм и унафэм зэрытетым фӀэкӀа», – жаӀащ абыхэм.
6Ӏэтащхьэхэри пщыхэри пащтыхьым и деж зэрыгъэӀущауэ зэрыхьри, жраӀащ: «Зи щӀыхьыр ин ди пащтыхь! 7Уи пащтыхьыгъуэм ис Ӏэтащхьэ псоми, лӀакъуэлӀэшхэми, пщыхэми, уи чэнджэщэгъухэми, хэгъэгу пашэхэми зэакъылэгъуу унафэ къыдэгъэкӀыпхъэу ялъытэ, ар хэту щытми, махуэ щэщӀым къриубыдэу, тхьэм е цӀыхухэм, уэр нэмыщӀ нэгъуэщӀым елъэӀур аслъэнхэр зэрыс мащэм ирадзэн хуейуэ. 8Аращи, ди пащтыхь лъапӀэ, уи цӀэкӀэ тхауэ, уи мыхъурыр тедзэжауэ, мыдхэмрэ къэжэрхэмрэ зэрахабзэу пкъутэж мыхъуну апхуэдэ унафэ къыдэгъэкӀ».
9Дарий апхуэдэ унафэ къыдигъэкӀащ и мыхъурыр тедзэжауэ.
10Абы щыгъуазэу, Данил и унэ кӀуэжри, ищхьэ пэшым, зэрихабзэу, зи щхьэгъубжэ зэӀухар ЕрусалимкӀэ гъэзам, махуэм и кӀуэцӀкӀэ щэнейрэ лъэгуажьэмыщхьэу и Тхьэм щелъэӀуащ, игъэлъапӀэу. 11Модрей зэрыгъэӀуща гупыр абы и деж къакӀуэри, Данил и Тхьэм къыдэӀэпыкъуну зэрелъэӀур ялъэгъуащ. 12Абы фӀэкӀа хэмылъу, ахэр пащтыхьым и деж нэсыжри, къыдигъэкӀа унафэр игу къагъэкӀыжу еупщӀащ: «Уэ унафэ къыдэбгъэкӀатэкъэ, зи щӀыхьыр ин, махуэ щэщӀым и кӀыхьагъкӀэ хэт тхьэм е цӀыхухэм, уэр нэмыщӀ нэгъуэщӀым елъэӀур аслъэнхэр зэрыс мащэм идзэн хуейуэ?» – жаӀэри. «А унафэр быдэщ, – жиӀащ пащтыхьым, – мыдхэмрэ къэжэрхэмрэ я хабзэм тетщ, игъащӀэкӀи пхуэмыхъуэжыну».
13АдэкӀэ абыхэм Дарий жраӀащ: «АтӀэ, Данил, Ехьудейм гъэру кърашахэм ящыщыр, уэ къодаӀуэркъым, уи унафэри къыфӀэӀуэхукъым: япэми хуэдэу, щэнейрэ махуэм тхьэ йолъэӀу».
14А псалъэхэр зэрызэхихыу, пащтыхьыр хуабжьу нэщхъей къэхъуащ; Данил къригъэлыну хуейуэ, дыгъэ къухьэжыгъуэм нэсыху ар зэрыхуэщӀэн Ӏэмал къилъыхъуэу, абы лъэкӀ къигъэнакъым.
15АрщхьэкӀэ, мо зэрыгъэӀуща гупым Дарий и деж къытрагъэзэжри къыжраӀащ: «Зыщомыгъэгъупщэ, зи щӀыхьыр ин, мыдхэмрэ къэжэрхэмрэ я хабзэм ипкъ иткӀэ пащтыхьым и зы унафи зэрамыхъуэжыр».
16Абдежым Дарий унафэ ищӀащ Данил къашэу аслъэнхэр зэрыс мащэм ирадзэну. Абы Данил жриӀащ: «УигукӀи уи псэкӀи узыхуэлажьэ уи Тхьэм укъригъэл!»
17Мывэ къахьри мащэ ихьэпӀэр зэхуащӀащ, пащтыхьым езым и мыхъурри и блыгущӀэтхэм я мыхъурри абы тригъэуащ, Данил тращӀыхьа унафэр зэщӀэн папщӀэ. 18ИтӀанэ и сэреишхуэм игъэзэжри, и джийм зы дзэкъэгъуэ иримыгъэхыу, зэштегъэу Ӏуэхухэми хэмыхьэу гъуэлъыжащ, икӀи жэщ псом и напӀэр хузэтелъхьакъым.
19Пщэдджыжьым, пшэкӀэплъ къищӀу зэрыхуежьэу, Дарий тэджри, епӀэщӀэкӀыу аслъэнхэр зэрыс мащэм деж кӀуащ. 20Мащэм гъунэгъу зыхуищӀри, гузавэ макъкӀэ ар Данил еджащ: «Тхьэ псэум и пщылӀ Данил, напэ хужькӀэ узыхуэлажьэ уи Тхьэм аслъэнхэм уакъригъэлыфа?»
21Данил и жэуап къэӀуащ: «Зи щӀыхьыр ин ди пащтыхь! 22Си Тхьэм и мелыӀыч къигъакӀуэри аслъэнхэм я жьэр зэхуищӀащ. Абыхэм зыри къызащӀэфакъым, Тхьэм и пащхьэ лажьихъати щызиӀэтэкъыми. Уэри, пащтыхь лъапӀэ, уи пащхьэ щӀэпхъаджагъэ лъэпкъ зэи щызлэжьакъым».
23Пащтыхьыр Данил щхьэкӀэ хуабжьу гуфӀащ, ар мащэм кърахыжынуи унафэ ищӀащ. Данил мащэм кърахыжа нэужь, наӀуэ хъуащ фэбжь лъэпкъ абы зэримыгъуэтар – и Тхьэм дзыхь хуищӀу зэрыщытам и фӀыгъэкӀэ. 24Бзаджэнаджагъэ зезыхьэу Данил зыгъэкъуэншахэр пащтыхьым и унафэкӀэ къашэри аслъэнхэр зэрыс мащэм ирадзащ, я бынхэри я фызхэри ящӀыгъуу. Ахэр мащэм и лъащӀэм намыгъэсу, аслъэнхэм япхъуатэурэ цӀыкӀуцӀыкӀуу ячэтхъащ.
25А псом я ужькӀэ пащтыхь Дарий щӀылъэм щыпсэу сыт хуэдэ лъэпкъми, сыт хуэдэбзэкӀэ псалъэхэми, цӀыхуцӀэ зиӀэ псоми мыпхуэдэ тхыгъэ яхуигъэхьащ:
«Мамырыгъэрэ тыншыгъуэрэ фхуребагъуэ!
26Мыр си унафэщ: си пащтыхьыгъуэм и къуапэ дэтхэнэми щыпсэухэр Данил и Тхьэм щышынэу, кӀэзызу и пащхьэ ирырет.
Ар Тхьэ псэущ – игъащӀэкӀи щыӀэнущ;
и пащтыхьыгъуэри кӀуэдыжынукъым,
и тепщэныгъэми кӀэ иӀэнукъым.
27Абы укърегъэл, щхьэхуит уещӀыж.
Нэщэнэхэр, Ӏуэху телъыджэхэр
уафэми щӀылъэми къыщегъэхъу.
Абы Данил аслъэнхэм къригъэлащ!»
28Данил ехъулӀэныгъэ иӀэу къекӀуэкӀащ Дарий и тетыгъуэми къэжэр лъэпкъым щыщ Кир и тетыгъуэми.
ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖
Данил 6: АдгФЛ
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021