ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 9

9
9-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Израил лъэпкъыр
1Мэссихь си псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, мы къыжысӀэнур пэжщ, пцӀы хэлъкъым. Ар зэрыпэжымкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм шӀыгъуу сигури щыхьэт къысхуохъу. 2Сэ жыхуэсӀэр мыращ: ГухэщӀышхуэрэ зэпымыужын гукъеуэрэ сиӀэщ. 3Си къуэшу си лъэпкъым щыщхэм си фӀагъ езгъэкӀын слъэкӀатэмэ, Тхьэм и ней къысщыхуэу, Мэссихь сызыбгъэдигъэкӀыну сыхуеинт. 4А си къуэшхэр израил лъэпкъырщ. Ахэрщ Тхьэм езым и бын ищӀар. Ахэращ Тхьэм и щӀыхьышхуэр зригъэлъэгъуар. Тхьэм езымрэ абыхэмрэ яку зэгурыӀуэныгъэр#9:4 зэгурыӀуэныгъэхэр – Тхьэм езымрэ Нухь бегъымбарымрэ (еплъ 1 Мусэ 6:18; 9:9), езымрэ Ибрэхьим бегъымбарымрэ (еплъ 1 Мусэ 15:18; 17:2, 7-9), езымрэ израил лъэпкъымрэ (еплъ 2 Мусэ 19:1-8) я кум дилъхьа зэгурыӀуэныгъэхэр арщ. дилъхьащ. Торэт хабзэр зритари ахэрщ. Езыр зэрагъэлъэпӀэн хуей щӀыкӀэр Тхьэм зригъэлъэгъуари ахэращ. Тхьэм ӀыхьэфӀкӀэ игъэгугъари ахэрщ. 5Ахэращ ди адэшхуэхэм къатехъукӀа цӀыхухэр. ЦӀыхум хуэдэу, езы Мэссихьи абыхэм я лъэпкъым щыщщ. Езыр арщ псоми нэхърэ нэхъ ину, мыкӀуэдыж щӀыхьышхуэр зиӀэ Тхьэр. Ӏэмин.
6Тхьэм и псалъэхэр имыгъэпэжауэ аркъым абы къикӀыр. Израил лъэпкъым щыщ псори аракъым израил цӀыху пэжу щытхэр. 7Апхуэдэу, Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыху псори аракъым Ибрэхьим и бын пэжу щытхэр. (Ауэ Тхьэм Ибрэхьим къыжриӀащ:)#9:7 Тхьэм къыжриӀащ – еплъ 1 Мусэ 21:12. «Исхьэкъ къытехъукӀыну цӀыхухэращ уэ уи бын пэжу щытынур». 8Абы къикӀыр Ибрэхьим къытехъукӀа бын псори Тхьэм и бын пэжу щыткъым. Ауэ Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъам тету, абы къытехъукӀа бынхэр#9:8 Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъам тету абы къытехъукӀа бынхэр – Ибрэхьим къытехъукӀа быну и къуэ Исхьэкъ къыхуэхъуахэр арщ. Еплъ 1 Мусэ 17:19-21. арщ Тхьэм Ибрэхьим и щӀэблэ пэжу илъытэр. 9Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъар#9:9 Тхьэм … къызэригъэгугъар – еплъ 1 Мусэ 18:10. мыращ: «Гъэува зэманым сыкъыщыкӀуэжкӀэ, Сарэ къуэ къыхуэхъунущ».
10Абы нэмыщӀу, Ревеккэ Исхьэкъ къуитӀ къыхуилъхуну лъэщыджэ щыхъум, Ӏуэхур зытетар апхуэдэт. 11-12ЩӀалэхэр къамылъхуауэ, ери фӀыри ямыщӀауэ, Тхьэм Ревеккэ къыжриӀащ:#9:11-12 Тхьэм … къыжриӀащ – еплъ 1 Мусэ 25:23. «Нэхъыжьыр нэхъыщӀэм хуэӀуэхутхьэбзэщӀэнущ». Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар цӀыху гуэр къызэрыхихымкӀэ езым и мурадыр игъэзэщӀэну арщ. ЦӀыхум ищӀа Ӏуэхухэм емылъытауэ, зыхуей цӀыхур Тхьэм езым къыхех, 13и псалъэ тхахэм Тхьэм зэрыщыжиӀэм хуэдэу:#9:13 Тхьэм зэрыжиӀам хуэдэу – еплъ Малахие бегъымбарым и тхылъым 1:2-3. «Екъуб фӀыуэ слъэгъуащ, ауэ Эсау сымылъагъу хъуащ».
14Сыт-тӀэ жытӀэнур? Тхьэр мызахуэу пӀэрэ? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. 15Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм Мусэ бегъымбарым къыжриӀащ:#9:15 Тхьэм … къыжриӀащ – еплъ 2 Мусэ 33:19.
«ЦӀыху гуэрым си гур щӀэзгъэгъуну сыхуеймэ,
сигу щӀэзгъэгъунущ.
Зыгуэрым гущӀэгъу хуэсщӀыну сыхуейми,
гущӀэгъу хуэсщӀынущ».
16Аращи, Тхьэм цӀыху гуэр къызэрыхихыр зэпхар цӀыхур зыхуейр е абы ищӀэ Ӏуэхухэр аркъым, атӀэ езы Тхьэм и гущӀэгъуныгъэшхуэр арщ. 17Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ Тхьэм Мысырым и пащтыхь Фирхьэуным къызэрыжриӀар:#9:17 Тхьэм … Фирхьэуным къызэрыжриӀар – еплъ 2 Мусэ 9:16. «Пащтыхьу ущӀэзгъэувар цӀыхухэм си цӀэр дуней псом щагъэӀун, си лъэкӀыныгъэшхуэр къэбгъэнэхуэну сщӀын щхьэкӀэщ». 18Апхуэдэу Тхьэм цӀыху гуэрым гущӀэгъу къыхуищӀыну хуеймэ, гущӀэгъу къыхуещӀ, цӀыху гуэр ерыщ ищӀыну хуеймэ, ерыщ ещӀ.
Тхьэм и губжьымрэ и гущӀэгъумрэ
19Уэ къызжепӀэнкӀэ хъунущ абы щыгъуэ: «Апхуэдэу щытмэ, Тхьэм цӀыхухэр сыт щӀигъэкъуаншэр? Тхьэм жиӀам пэувын хэт зылъэкӀынур?» 20Уэ ухэт, цӀыху, Тхьэм уеныкъуэкъуну? Хьэкъущыкъум ар зыщӀа цӀыхум жриӀэн: «Мыпхуэдэу сыт сыщӀэпщӀар?» 21Я нэхъ хьэкъущыкъуфӀри хьэкъущыкъу къызэрыгуэкӀри кхъуэщыныщӀэм а зы ятӀагъуэм къыхищӀыкӀыну хуиткъэ?
22Аращ-тӀэ, Тхьэм и губжьыр къигъэнэхуэну икӀи и лъэкӀыныгъэшхуэр цӀыхухэм яригъэщӀэну хуеяти, зыхуэгубжь цӀыхухэу игъэкӀуэдыну щытахэм шыӀэныгъэшхуэ хэлъу ящысхьащ. 23Тхьэр абыхэм щӀащысхьар гущӀэгъу зыхуищӀ цӀыхухэу щӀыхьышхуэ зиӀэ хъуну игъэпсахэм езым и щӀыхьышхуэм и инагъыр яригъэщӀэну арщ. 24И бын хъуну Тхьэм къыхуриджар дэращ – дэ, журтхэм ди мызакъуэу, нэгъуэщӀ лъэпкъхэми ящыщхэр. 25Хьошеа бегъымбарым и тхылъым иту Тхьэм къызэрыжиӀэм хуэдэу:#9:25-26 Тхьэм къызэрыжиӀэм хуэдэу – еплъ Хьошеа (Осие) бегъымбарым и тхылъым 2:23; 1:10.
«Си лъэпкъым щымыща цӀыхухэм
„си лъэпкъкӀэ“ седжэнущ;
фӀыуэ сымылъэгъуа лъэпкъым
„фӀыуэ слъагъу лъэпкъкӀэ“ седжэнущ.
26ИкӀи „Фэ си лъэпкъыу фыщыткъым“,
жиӀэу Тхьэм щыжиӀа щӀыпӀэм
„ГъащӀэ къэзыт Тхьэм и бынкӀэ“
щеджэнущ».
27Ешайа бегъымбарым израил лъэпкъым теухуауэ мыпхуэдэу къыжиӀащ:#9:27-28 Ешайа бегъымбарым … къыжиӀащ – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 10:22-23. «Израил лъэпкъым и бжыгъэр хым и пшахъуэм хуэдизми, абыхэм ящыщу мыкӀуэду Тхьэм къригъэлынур мащӀэ дыдэщ. 28Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным мы дунейм и цӀыху псоми, эыри къэмынэу, хьэкум епӀэщӀэкӀыу ятрищӀыхьынущ». 29Ешайа бегъымбарым къызэрыжиӀам хуэдэу:#9:29 Ешайа бегъымбарым … къызэрыжиӀам хуэдэу – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 1:9.
«ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори ЗиӀэ Зиусхьэным
бынхэр къытхуимыгъэнауэ щытамэ,
дэ Содом, Ӏаморэ къалэхэм#9:29 Содом, Ӏаморэ къалэхэр – еплъ 1 Мусэ 19:24-25.
дахуэдэу дыщытынт».
Израилрэ Мэссихь теухуа хъыбарыфӀымрэ
30Сыт-тӀэ жытӀэнур? Хамэ лъэпкъхэм щыпкъагъэ яӀэу Тхьэм зэрилъытэнум и ужь иту щымытами, фӀэщхъуныгъэ яӀэу зэрыщытам щхьэкӀэ Тхьэм абыхэм щыпкъагъэ яӀэу илъытащ. 31Ауэ израил лъэпкъыу Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ яӀэ зыщӀын хабзэм и ужь итахэм а хабзэр ягъуэтакъым. 32Сыт щӀамыгъуэтар? ФӀэщхъуныгъэм и гъуэгур ямыдэу, ялэжьа Ӏуэхухэм я гъуэгукӀэ Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнум и ужь иту щытащи, аращ. ЦӀыхухэр зыгъэлъэпэрэпэну мывэм елъэпэуащ. 33И псалъэ тхахэм хэту Тхьэм къызэрыжиӀэм хуэдэу:#9:33 Тхьэм къызэрыжиӀэм хуэдэу – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 28:16; 8:14.
«ЦӀыхухэр зыгъэлъэпэрэпэн мывэу,
цӀыхухэр щӀым тезыгъэджалэ мывэшхуэр#9:33 мывэшхуэр – Мэссихьыр арщ.
Сион къалэм щызогъэтӀылъ.
ЩӀегъуэжынукъым а мывэмкӀэ
фӀэщхъуныгъэ зиӀэр».

គំនូស​ចំណាំ

ចែក​រំលែក

ចម្លង

None

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល