ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8

8
8-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ дыпсэуныр
1Аращи, зи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу иримыкӀуэу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхуу, Мэссихь Хьисэ зи гум илъхэр Тхьэм зэикӀ игъэкъуэншэнукъым. 2Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу гъащӀэ щыпкъэр къыдэзытым и хабзэм гуэныхьымрэ лӀэныгъэмрэ я хабзэм и тепщэныгъэм сыкъыщӀихыжри, щхьэхуит сищӀыжащ. 3Дэ ди гуэныхьыщӀэ щэныжьым и бзаджагъэм щхьэкӀэ Торэт хабзэм хузэфӀэмыкӀар Тхьэм ищӀащ. Езым и Къуэм гуэныхьыщӀэ цӀыхухэм я пкъым хуэдэ пкъы иӀэу, гуэныхьхэм щхьэкӀэ къурмэныпхъэ хъуну Тхьэм къигъэкӀуащ, апхуэдэуи а пкъымкӀэ гуэныхьыр игъэкъуэншащ. 4Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар дэ ди гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу дримыкӀуэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхухэм щыпкъагъэр дгъэзэщӀэну арщ, щыпкъагъэр дгъэзэщӀэн хуейуэ Торэт хабзэм зэритым хуэдэу.
5Зи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхухэр я щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэм зэпымыууэ йогупсыс, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу ирикӀуэхэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и Ӏуэхухэращ зэгупсысыр. 6Фэ фи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэм фегупсысыным Ӏейуэ къыхэкӀыр ажалыращ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и Ӏуэхухэм фегупсысыным фӀыуэ къыхэкӀыр гъащӀэрэ гузэгъэгъуэрэщ, 7сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэм егупсыс цӀыхур Тхьэм и бий мэхъу. А цӀыхур Тхьэм и хабзэм и унафэм едаӀуэркъым, едэӀуэни хузэфӀэкӀыркъым. 8Пэжщ, зи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхухэр Тхьэм и гум ирихьыркъым.
9АрщхьэкӀэ фэ фи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу фрикӀуэркъым икӀи Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр пэжыгъэкӀэ фигу щилъкӀэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу фрокӀуэ. Мэссихь и Псэ ЛъапӀэр зи гум имылъыр Мэссихь и цӀыхухэм ящыщкъым. 10Мэссихь фи псэм щыщмэ, фи гуэныхьхэм къыхэкӀкӀэ фипкъхэр лӀэжынуми, Тхьэм щыпкъагъэ фиӀэу фызэрилъытэм щхьэкӀэ фигурэ фи псэкӀэ псэууэ фыщытщ. 11Тхьэуэ Хьисэ лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжам и Псэ ЛъапӀэр фи гум илъмэ, абы щыгъуэ Мэссихь лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу фи гум илъым и лъэкӀыныгъэкӀэ фи пкъыу лӀэнухэми гъащӀэ къаритынущ.
12Аращи, ди къуэшхэ, ди гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу дрикӀуэну ди пщэ дэлъкъым. 13Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу фрикӀуэмэ, фыкӀуэдынущ, ауэ бзэджагъэ фщӀахэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ вгъэкӀуэдмэ, гъащӀэ щыпкъэр вгъуэтынущ.
14Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм игъэӀурыщӀэ цӀыху псори Тхьэм и бынщ. 15Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гум кърилъхьам фигъэпщылӀу икӀи фигъэшынэу щыткъым. Ауэ Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гум кърилъхьам Тхьэм и бын хуэдэу фелъытэ. Езым и Псэ ЛъапӀэм, «Аббэ#8:15 аббэ, «адэ» – жиӀэу арщ., Адэ лъапӀэ», жытӀэу, Тхьэм дрегъаджэ. 16Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Тхьэм дызэрибынхэр жиӀэурэ, дигухэм ящӀыгъуу абы щыхьэту тоувэ. 17Тхьэм дызэрибыным щхьэкӀэ Тхьэм и бынхэм ӀыхьэфӀу къалъысыр дэри къытлъигъэсынущ. А ӀыхьэфӀу Тхьэм Мэссихь къылъигъэсар Мэссихь щӀыгъуу дэри къытлъигъэсынущ. Мэссихь дыщӀыгъуу дэри гугъуехь тшэчмэ, Мэссихь дыщӀыгъуу дэри Тхьэм щӀыхьышхуэ диӀэ ищӀынущи.
ЩӀыхьышхуэ къэлъэгъуэнур
18Мы зэманым тшэч гугъуехьхэр щӀыхьышхуэу#8:18 щӀыхьышхуэр – Тхьэм цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлыну лъэкӀыныгъэшхуэ зэриӀэр къызэригъэлъагъуэр арщ. Тхьэм иджыри къэс цӀыхухэм яримыгъэщӀауэ диӀэ ищӀынум хуэбгъадэ зэрымыхъунум шэч къытесхьэркъым. 19Тхьэм къигъэщӀа псори гузавэу поплъэ абы. Зыпэплъэр Тхьэм езым и бынхэм а щӀыхьышхуэр яӀэ зэригъэхъур езым къигъэщӀа псоми къащригъэлъагъуну махуэр арщ. 20Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езым къигъэщӀа псоми я мурадыр къаримыгъэхъулӀэну Тхьэм иухащ. Апхуэдэу щӀэхъуар езыхэр хуейуэ аракъым, абыхэм я мурадыр къемыхъулӀэну зыуха Тхьэр апхуэдэу хуеяти, арщ. 21Тхьэм къигъэщӀа псори Ӏуэхуу зыщыгугъыу зыпэплъэр мыращ: Тхьэм ахэр кӀуэдыныгъэм и пщылӀыпӀэм къришыжу, щхьэхуит ищӀыжу, Тхьэм и бынхэм я щхьэхуитыныгъэрэ я щӀыхьышхуэрэ абыхэми яӀэ хъунырщ.
22Тхьэм къигъэщӀа псори иджыри къэс щэӀуу, сабий къызыхуэхъуну цӀыхубзым гугъуехь зэришэчым хуэдэу, гугъуехь зэрашэчыр дощӀэ. 23Ауэ гугъуехь зышэчыр Тхьэм къигъэщӀахэм я закъуэкъым. Тхьэм и тыгъэхэм ящыщу япэрейуэ езым и Псэ ЛъапӀэр дэ, ар зи гум кърилъхьа цӀыхухэри, дигукӀэ дощэӀу, Тхьэм и быну дидэу, дипкъхэр щхьэхуит щищӀыжыну махуэм ди фӀэщу дыпэплъэу. 24Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы Ӏуэхугъуэхэм дыщыгугъыу дызэрыпэплъэм щхьэкӀэ дымыкӀуэду Тхьэм дыкъригъэлащ. Ауэ Ӏуэхуу дызыщыгугъыу дызыпэплъэхэр къэлъагъуэмэ, абы щыгъуэ абыхэм дапэплъэу дыщыткъым. И нэкӀэ илъагъум хэт щыгугъыр? 25Ауэ дэ ди нэкӀэ дымылъагъум дыщогугъри, шыӀэныгъэ диӀэу дыпоплъэ.
26Апхуэдэу дэ, лъэкӀыныгъэ зимыӀэхэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къыддоӀэпыкъу; Тхьэм дызэрелъэӀун хуей щӀыкӀэр тщӀэркъыми. Ауэ псалъэхэм къамыубыд щэӀумкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Тхьэм тхуолъэӀу. 27ЦӀыхухэм я гум илъыр зыгъэунэху Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэм и гум илъри ещӀэ, Тхьэр зэрыхуейм хуэдэу, езым и Псэ ЛъапӀэр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм яхуолъэӀуэри.
28Тхьэр фӀыуэ зылъагъу цӀыхухэу, езым и мурадым тету и бын хъуну къыхуриджахэм Ӏуэху псом я фӀагъ Тхьэм къазэрыригъэкӀыр дощӀэ. 29Тхьэм къыхиха цӀыхухэр езым и Къуэм хуэдэ хъуну игъэуващ, и Къуэр къуэш куэдым я пэ итын щхьэкӀэ. 30Тхьэм игъэува цӀыхухэр и бын хъунуи къыхуриджащ. Къриджахэми щыпкъагъэ яӀэу илъытащ. Езым щыпкъагъэ зиӀэу илъытахэми щӀыхьышхуэ яӀэ ищӀащ.
Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэр
31А псом яужкӀэ, иджыри сыт жытӀэнур? Тхьэр ди гъусэмэ, хэт къытпэувын зылъэкӀынур? 32Тхьэуэ зи Къуэм щымысхьу дэр щхьэкӀэ къурмэныпхъэ зыщӀам фӀыгъуэ псори къыдитынукъэ и Къуэм дригъусэмэ? 33Хэт зыгъэкъуэншэн зылъэкӀынур Тхьэм къыхиха цӀыхухэр? Тхьэращ абыхэм щыпкъагъэ яӀэу зылъытэр. 34Хэт дызыгъэкъуэншэн зылъэкӀынур? Мэссихь Хьисэ лӀэри, лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ. Иджы Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэсщ икӀи Тхьэм дэ тхуолъэӀу. 35Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэм хэт дыбгъэдэзыгъэкӀын зылъэкӀынур? Гузэвэгъуэ дыхэтми, гухэщӀыгъуэ диӀэми, гугъуехь дагъэшэчми, дымэжэщӀалӀэми, щыттӀэгъэн димыӀэми, шынагъуэ дыхэтми, джатэкӀэ дагъэшынэми – мы къыжытӀа псоми Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэм дыбгъэдагъэкӀын ялъэкӀынукъым. 36Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу:#8:36 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 43:23.
«Уэ, (ди Тхьэ), уэр щхьэкӀэ даукӀынкӀэ
махуэ къэс шынагъуэщ.
Мэл фӀэгъэжыныпхъэхэм хуэдэу далъытэ».
37Ауэ мы Ӏуэху псомкӀи фӀыуэ дызылъэгъуам и къарукӀэ текӀуэныгъэшхуэр дыдейщ. 38Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэм зыми дыбгъэдишын зэрылъэмыкӀынум шэч къытесхьэркъым; ажалми, гъащӀэми, мелыӀычхэми, жин пашэхэми, лъэкӀыныгъэ зиӀэ жинхэми, иджы щыӀэ Ӏуэхугъуэхэми, къэкӀуэну зэманым щыӀэну Ӏуэхугъуэхэми, 39уафэм сыт ищӀыс щыӀэми, щӀы щӀагъым сыт ищӀыс щыӀэми#8:39 уафэм сыт ищӀыс щыӀэми, щӀы щӀагъым сыт ищӀыс щыӀэми – уафэ лъэныкъуэми щӀы щӀагъми щыӀэ жин бзаджэхэу къару зиӀэхэр арагъэн хуейщ. Еплъ Ефес 2:2., а фӀылъагъуныгъэм дыбгъэдишын зыми хузэфӀэкӀынукъым. Тхьэм къигъэщӀа псоми ящыщ зыми Тхьэм Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэным къыдигъэлъагъуну ищӀа фӀылъагъуныгъэм дыбгъэдишын лъэкӀынукъым.

គំនូស​ចំណាំ

ចែក​រំលែក

ចម្លង

None

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល