ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:25-26
ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:25-26 KBDNTGP2017
ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр абы и лъыуэ жорым щыщӀэкӀынумкӀэ Тхьэм езым зригъэкӀужын щхьэкӀэ, Хьисэ къурмэныпхъэу игъэуващ. Тхьэр зэрызахуэр къигъэлъэгъуэну аращ Хьисэ къурмэныпхъэу щӀигъэувар. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр гущабэщи, пасэм цӀыхухэм гуэныхьу ящӀахэр яригъэпшыныжыгъакъым. Абы нэмыщӀу, Тхьэм Хьисэ къурмэныпхъэу щӀигъэувар иджырей зэманым езыр зэрызахуэр къигъэлъэгъуэн щхьэкӀэщ: Езым щыпкъагъэ зэриӀэри, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэри Тхьэм апхуэдэу къегъэлъагъуэ.


