ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3
3
3-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
1Журту ущытыныр сыткӀэ зэрынэхъыфӀыр? Е сунэт уащӀыным сыт фӀагъыу къыхэкӀыр? 2Лъэныкъуэ псомкӀи фӀагъыу къыхэкӀыр куэду инщ. Япэрауэ, Тхьэм и псалъэхэр зыӀэщӀилъхьар журтхэр арщ.
3Абыхэм ящыщ зыкъом мыщыпкъэу къыщӀэкӀамэ, абыхэм я мыщыпкъагъэм Тхьэм и щыпкъагъэр игъэкӀуэдыжыфыну? 4Хьэуэ, игъэкӀуэдыжыфынукъым. Тхьэр сыт щыгъуи щыпкъэщ, ауэ дэтхэнэ цӀыхури пцӀыупсщ. Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу:#3:4 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 50:6.
«Уэ, Тхьэ, псалъэу къыжыпӀэхэмкӀэ узахуэщ,
уагъэкъуаншэми, уи щыпкъагъэр нахуэ хъунущ».
5Ди бзаджагъэм Тхьэр зэрыщыпкъэр нэхъ къигъэнахуэмэ, сыт жытӀэнур? И губжьыр къыщытлъыскӀэ, Тхьэр мызахуэу жытӀэну? Ахэр цӀыхубзэкӀэ къыжызоӀэ. 6Хьэуэ, ар хъуххэнукъым. Тхьэр захуэщ. Тхьэр мызахуэмэ, дунейм и цӀыхухэм дауэ хьэкум ятрищӀыхьыфыну? 7Зыгуэрым мыпхуэдэу жиӀэнкӀэ хъунущ: «Сэ си мыщыпкъагъэм Тхьэр зэрыщыпкъэр нэхъ къыхигъэщу, Тхьэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм нэхъыфӀу къаригъэлъагъумэ, гуэныхь зыщӀэм хуэдэу Тхьэм сыт сыщӀигъэкъуэншэнур?» 8ИкӀи фӀы къыхэкӀын щхьэкӀэ, бзаджэ тщӀэн хуей? А псалъэ дыдэхэр ди жьэм къыжьэдэкӀауэ жаӀэурэ, цӀыху гуэрхэр ӀейкӀэ къыттопсэлъыхь. Тхьэм апхуэдэ цӀыхухэм яхуэфащэр яригъэпшыныжынущ.
Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыху щыӀэкъым
9ИтӀанэ, дэ, журтхэр, нэгъуэщӀ цӀыхухэм нэхърэ дынэхъыфӀ? Хьэуэ, дэ зыкӀи дынэхъыфӀкъым. Журт псори нэгъуэщӀ лъэпкъ псори гуэныхьым и ӀэмыщӀэ зэрилъыр къэдгъэнэхуащ, 10Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу:#3:10-18 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 13:1-3; 5:10; 139:4; 9:28; Ешайа бегъымбарым и тхылъым 59:7-8; Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 35:2.
«Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыху зыри щыӀэкъым.
11ЗэхэщӀыкӀ зиӀэ цӀыхуи щыӀэкъым,
Тхьэм и гъуэгу лъыхъуэ цӀыхуи щыӀэкъым.
12Псори Тхьэм и гъуэгу текӀащ;
псоми пщӀэ ямыӀэж хъуащ.
ФӀы ищӀэуи зыри щыӀэкъым.
13Я джийхэр щхьэ зытемылъ кхъэлэгъунэ
фӀейхэм яхуэдэщ.
Я бзэхэмкӀэ цӀыхухэр къагъапцӀэ.
Блэм и щхъухьыр я бзэгупэм телъщ.
14Я жьэхэми хъуэнэным и дыджыр яжьэдэзщ.
15ЦӀыхум и лъыр ягъэжэн щхьэкӀэ,
а цӀыхухэр зэхэзожэ.
16Дэнэ кӀуэми, цӀыхухэр щагъэкӀуэд
икӀи гугъуехь щрагъэшэч.
17ЗэкӀужыныгъэм и гъуэгур ящӀэркъым.
18Тхьэм и фӀэлӀыкӀ я гум илъкъым».
19Торэт хабзэм къыжиӀэр Торэт хабзэм тет цӀыхухэм зэражриӀэр дощӀэ. Апхуэдэу цӀыху псоми я жьэр яригъэубыда хъуащ икӀи дунейм тет цӀыху псори Тхьэм дежкӀэ къуаншэу къыщӀэкӀащ, 20сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм папщӀэ Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ иӀэ хъунукъым цӀыхум. Торэт хабзэращ гуэныхь зэрыдлэжьар къыдэзыгъэщӀэжыр.
ЦӀыхухэм фӀэщхъуныгъэмкӀэ Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ яӀэ зэрыхъур
21Торэт хабзэм и Ӏуэху хэмылъу, Тхьэм цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур къигъэнэхуащ иджы. Торэт хабзэмрэ бегъымбархэм къыжаӀахэмрэ#3:21 Торэт хабзэм итхэмрэ бегъымбархэм къыжаӀахэмрэ – мыбдежым абы къикӀыр журтхэм я тхылъ лъапӀэ псори арщ. а гъуэгум щыхьэт хуохъу. 22Хьисэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэу яӀэм и гъуэгуращ Тхьэм цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур. МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псоми щыпкъагъэ яӀэу елъытэ Тхьэм. ЦӀыхур зэхэгъэж ищӀынукъым абы, 23сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху псоми гуэныхь ящӀащ, Тхьэм деж къикӀ щӀыхьышхуэмкӀи Ӏыхьэ яӀэкъым. 24Мэссихь Хьисэ абыхэм я щхьэхэр зэрищэхужам щхьэкӀэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ пщӀэ ямыту щыпкъагъэ яӀэу елъытэ. 25ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр абы и лъыуэ жорым щыщӀэкӀынумкӀэ Тхьэм езым зригъэкӀужын щхьэкӀэ, Хьисэ къурмэныпхъэу игъэуващ. Тхьэр зэрызахуэр къигъэлъэгъуэну аращ Хьисэ къурмэныпхъэу щӀигъэувар. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр гущабэщи, пасэм цӀыхухэм гуэныхьу ящӀахэр яригъэпшыныжыгъакъым. 26Абы нэмыщӀу, Тхьэм Хьисэ къурмэныпхъэу щӀигъэувар иджырей зэманым езыр зэрызахуэр къигъэлъэгъуэн щхьэкӀэщ: Езым щыпкъагъэ зэриӀэри, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэри Тхьэм апхуэдэу къегъэлъагъуэ.
27Абы щыгъуэ дызэрызыщытхъужыр къэна? Хьэуэ, къэнакъым. Дэтхэнэ хабзэра ар жызыӀэр? Дэ тщӀэн хуей Ӏуэхухэр жызыӀэ хабзэра? Хьэуэ, фӀэщхъуныгъэм и хабзэрщ. 28Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхум фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм къыхэкӀыу, Тхьэм а цӀыхум щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытэр ди фӀэщ мэхъу. Торэт хабзэм и Ӏуэху абы хэлъкъым. 29Тхьэр журтхэм я закъуэ зи Тхьэр, е нэгъуэщӀ лъэпкъхэми я Тхьэуи щыт? НэгъуэщӀ лъэпкъхэм я Тхьэуи щытщ. 30Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зы Тхьэ закъуэм нэмыщӀ, щыӀэкъым. Сунэт ящӀахэм фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм абыхэм щыпкъагъэ яӀэу илъытынущ, сунэт ямыщӀахэми я фӀэщхъуныгъэмкӀэ Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ яӀэнущ. 31Апхуэдэу жытӀэмэ Торэт хабзэр фӀэщхъуныгъэмкӀэ дгъэкӀуэдрэ? Хьэуэ, дгъэкӀуэдыркъым, атӀэ Торэт хабзэр догъэщыпкъэ.
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង
ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017