Апостол Екъуб и тхылъ 2
2
2-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ЦӀыхухэм я теплъэм фемыплъу, цӀыху псори фи зэхуэдэу щрет
1Си къуэшхэ, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьу щӀыхьышхуэ зыбгъэдэлъымкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэу, цӀыхухэм я фэм фемыплъу, цӀыху псори фи зэхуэдэу щытын хуейщ. 2Дыщэ Ӏэлъын Ӏэрылъу, щыгъын лъапӀэхэр щыгъыу лӀы къулей гуэр фи зэхуэсым къыхыхьауэ, фаджэу хуэпауэ лӀы тхьэмыщкӀэ гуэри къыфхыхьауэ жытӀэнщ. 3Щыгъын лъапӀэхэр зыщыгъ лӀым феплъурэ, «Моуэ къеблагъэ, къэтӀыс», жефӀэу, ауэ тхьэмыщкӀэм, «Модэ щыт», жефӀэу, е «Моуэ си лъакъуэхэм я деж къэтӀыс», жефӀэмэ, 4абы щыгъуэ цӀыху зэхэгъэж фщӀауэ аркъэ? Гупсысэ Ӏей зиӀэ хеящӀэхэм яхуэдэ фыхъуакъэ?
5Си къуэш лъапӀэхэ, фыкъэдаӀуэ! Мы дунейм и цӀыху тхьэмыщкӀэхэракъэ Тхьэм къыхихар, фӀэщхъуныгъэмкӀэ къулеигъэ пэжыр ягъуэтыжын, Тхьэр фӀыуэ зылъагъухэр къызэригъэгугъа тепщэныгъэшхуэмкӀэ я ӀыхьэфӀыр къалъысын щхьэкӀэ. 6Ауэ фэ тхьэмыщкӀэхэр зэфпэсакъым. Къулейхэракъэ фыдэзыкъузэр икӀи хеящӀэхэм я пащхьэм физышэр? 7Ахэракъэ зи гъуэгу фырикӀуэ Хьисэ Мэссихь и цӀэ лъапӀэм ӀейкӀэ тепсэлъыхьхэр?
8Тхьэм и псалъэу тхахэм хэту,#2:8 Тхьэм и псалъэу тхахэм хэту – еплъ 2 Мусэ 19:18. ди пащтыхьым и унафэу, «Уэ уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу», жыхуиӀэр вгъэпэжмэ, фӀы фощӀэ. 9Ауэ цӀыхухэм я фэм феплъу, цӀыху псори фи зэхуэдэу щымытмэ, гуэныхь фощӀэ, Тхьэм и унафэхэми фытекӀауэ къуаншагъэ влэжьауэ мэхъу. 10Зыгуэр Тхьэм и унафэ псоми едаӀуэрэ, зы унафэ закъуэм текӀмэ, унафэ псоми текӀауэ къуаншагъэ илэжьауэ мэхъу. 11Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «Зинэ умыщӀэ» жызыӀам#2:11 жызыӀам – еплъ 2 Мусэ 20:13-14. «ЦӀыху умыукӀ», жиӀащ. Аращи, зинэ умыщӀами, цӀыху гуэр букӀмэ, Тхьэм и унафэм утекӀауэ къокӀ.
12Аращи, Тхьэм и унафэу цӀыхухэм щхьэхуитыныгъэ езытын зылъэкӀхэм тету Тхьэм хьэкум зытрищӀыхьыну цӀыхухэм зэрахуэфащэм хуэдэу фыпсалъэ икӀи фыпсэу. 13Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи гум гущӀэгъу имылъым Тхьэм гущӀэгъу къыхуимыщӀу хьэкум къытрищӀыхьынущ. Ауэ гущӀэгъур гъэкъуэншэным нэхърэ нэхъ лъэщщ.
ФӀэщхъуныгъэмрэ фӀы щӀэнымрэ
14Си къуэшхэ, зыгуэрым фӀы имыщӀэу, «ФӀэщхъуныгъэ сиӀэщ», жиӀэмэ, сыт абы сэбэпу хэлъыр? Апхуэдэ фӀэщхъуныгъэм а цӀыхур мыкӀуэду къригъэлын лъэкӀын? 15Фи зы къуэш гуэрым е фи зы шыпхъу гуэрым щыгъыни махуэм ишхыни имыӀэу жытӀэнщ. 16«Гъуэгу махуэ, фигу ирезагъэ. Зывгъэхуабэ икӀи шхынкӀэ зывгъэнщӀ», жиӀэу фщыщ гуэрым абыхэм яжриӀэу, ауэ зыхуэныкъуэр яримытмэ, сыт абы сэбэпу хэлъыр? 17ФӀэщхъуныгъэм и Ӏуэхури апхуэдэщ. ФӀы зымыщӀэм и фӀэщхъуныгъэм псэ хэткъым.
18Зыгуэрым къыжиӀэнкӀэ хъунщ:
– Уэ фӀэщхъуныгъэ уиӀэщ, сэ фӀыщӀагъэхэр сиӀэщ.
Апхуэдэ цӀыхум сэ жесӀэнщ:
– ФӀыщӀагъэхэр зыщӀымыгъу уи фӀэщхъуныгъэр сыгъэлъагъу, сэ фӀыуэ злэжьымкӀэ си фӀэщхъуныгъэр уэзгъэлъагъунущ.
19Зы Тхьэм фӀэкӀ зэрыщымыӀэр уи фӀэщ мэхъу. Ар фӀыщ. Жин бзаджэхэми ар я фӀэщ мэхъу икӀи щошынэ. 20Уэ, зэхэщӀыкӀ зимыӀэ цӀыху, фӀыщӀагъэхэр зыщӀымыгъу фӀэщхъуныгъэм сэбэп къызэрыпымыкӀынур къыбгурызгъэӀуэну ухуей? 21Ди адэшхуэ Ибрэхьим#2:21 Ибрэхьим – еплъ 1 Мусэ 22:1-14. и къуэ Исхьэкъ тыхь щӀыпӀэм щытрилъхьэм, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытакъэ? 22Аращи, Ибрэхьим и фӀэщхъуныгъэмрэ и фӀыщӀагъэхэмрэ зэрызэщӀыгъур уолъагъу. Ибрэхьим и фӀыщӀагъэхэращ и фӀэщхъуныгъэр нэгъэсауэ зыщӀар. 23Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт мы псалъэхэр#2:23 Тхьэм и псалъэ тхахэм яхэт мы псалъэхэр – еплъ 1 Мусэ 15:6. пэж хъуащ: «Ибрэхьим ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэ хъуати, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытащ». Тхьэм и ныбжьэгъукӀэ еджэ хъуащ абы. 24Аращи, флъагъуркъэ, цӀыхум фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм и мызакъуэу, фӀыи зэрилэжьыращ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу щӀилъытэр.
25Апхуэдэу, Рахав#2:25 Рахав – еплъ Нун и къуэ Ехьошуа (Исус Навин) и хъыбар зэрыт тхылъым 2:1-21. зи цӀэ псэжьым журт лӀыкӀуэхэр иригъэблагъэри, нэгъуэщӀ гъуэгукӀэ щыщӀигъэпхъуэжым, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытакъэ? 26Аращи, псэ зыхэмытыж пкъыр зэрыузджынтам хуэдэу, фӀыщӀагъэхэр зыщӀымыгъу фӀэщхъуныгъэми псэ хэткъым.
ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖
Апостол Екъуб и тхылъ 2: KbdNTGP2017
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង
ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017