Апостол Екъуб и тхылъ 3
3
3-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Взэгур убыдыныр
1Си къуэшхэ, фэ фщыщ куэдыӀуэ дин егъэджакӀуэ хъуным щӀремыкъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ егъэджакӀуэхэм Тхьэм хьэкуму#3:1 хьэкум – «суд». къыттрищӀыхьынур хьэкум нэхъ ткӀийуэ зэрыщытыр фощӀэ. 2Дэ псоми Ӏуэхугъуэ куэдкӀэ гуэныхь дощӀэ. Езым и псалъэхэмкӀэ гуэныхь зымыщӀэ цӀыхур цӀыху нэгъэсауэ щытщ, ипкъ псори игъэӀурыщӀэн лъокӀ.
3Шыхэм шхуэӀур я жьэхэм жьэдэдолъхьэ, дгъэӀурыщӀэн щхьэкӀэ. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ абыхэм япкъ псори догъэжыӀэщӀэ. 4Кхъухьхэми феплъ. Ахэр инщ, жьышхуэхэми яху. Апхуэдэу щыт пэтми, кхъухьзехуэм къухьыр хьэнцэ цӀыкӀукӀэ здыхуеймкӀэ еунэтӀ. 5Бзэгури пкъым щыщу Ӏыхьэ цӀыкӀущ, ауэ Ӏуэхугъуэ куэд егъэзащӀэ. Феплъ мафӀэ хъуаскӀэ цӀыкӀум мэзышхуэм мафӀэ зэрыщӀидзэм. 6Взэгури апхуэдэ мафӀэм хуэдэщ. Мы дунейм и бзаджагъэхэр абы тезщ. Ди пкъым щыщу бзэгуращ пкъы псор мыкъабзэ зыщӀыр икӀи гъащӀэм и шэрхъым#3:6 гъащӀэм и шэрхъ – цӀыхум и гъащӀэ псори арщ. мафӀэр щӀэзыгъанэр. Жыхьэнмэм и мафӀэр бзэгуращ зэщӀэзыгъэнар.
7Сыт хуэдэ хьэкӀэкхъуэкӀэри, къуалэбзури, хьэпщхупщхэри, псым хэс псэущхьэри цӀыхухэм ягъэӀэсэ икӀи ягъэӀэсащ, 8ауэ бзэгур зыми игъэӀэсэн лъэкӀынукъым. Ар, бгъэувыӀэн плъэмыкӀыну, бзаджэ гуэрщ, ажал къызыхэкӀ щхъухьи хэзщ.
9Тхьэуэ Адэ лъапӀэм бзэгукӀэ щӀыхьышхуэ худощӀ, Тхьэм езым хуэдэу щытыну къигъэхъуа цӀыхухэм бзэгукӀи дахущӀоджэ. 10Жьэм щӀыхьышхуэри мыхъумыщӀэри къыжьэдокӀ. Ар апхуэдэу щытын хуейкъым, си къуэшхэ. 11Зы псынащхьэ псы ӀэфӀи псы дыджи къыщӀэкӀынкӀэ хъуну? 12Си къуэшхэ, ахъуо жыгым зейтун#3:12 зейтун – «маслинэ» жыхуаӀэрщ. къыпыкӀэн лъэкӀын? Е жызумейм ахъуо къыпыкӀэн лъэкӀын? Апхуэдэ дыдэу, псынэ шыугъэм псы ӀэфӀ къыхэкӀын лъэкӀынукъым.
Уафэм къех акъылыфӀагъэр
13Фэ фщыщу хэт акъыл куурэ гулъытэфӀрэ зиӀэр? Абы и дуней тетыкӀэ дэгъуэмкӀэ, акъылыфӀагъэм къыхэкӀ гущабагъэр иӀэу, и фӀыщӀагъэхэр кърегъэлъагъуэ. 14Ауэ фыгъуэ дыджымрэ зэщыхьэныгъэмрэ фигухэм илъмэ, фызыщымытхъуж, щыпкъагъэри фымыгъэпцӀ. 15Апхуэдэ акъылыфӀагъэ уафэм къехыркъым, ар мы дунейм щыщщ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри апхуэдэ акъылыфӀагъэм хэлъкъым, абы хэлъыр жин бзаджэхэрщ. 16Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фыгъуэрэ зэщыхьэныгъэрэ здэщыӀэм Ӏуэхухэр щызэӀохьэ, дэтхэнэ зы мыхъумыщӀагъэри щобагъуэ.
17Ауэ уафэм къикӀ акъылыфӀагъэр, япэрауэ къабзэщ, итӀанэ зэкӀужыныгъэ хэлъщ, гущабэщ, ӀурыщӀэщ, гущӀэгъу хэлъ зэпытщ, фӀы ищӀэ зэпытщ, захуэщ, гъэпцӀагъи хэлъкъым. 18ЗэкӀужыныгъэм хэтхэращ щыпкъагъэ къызыхэкӀ жылапхъэр гузэгъэгъуэкӀэ цӀыхухэм я гум изылъхьэр.
ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖
Апостол Екъуб и тхылъ 3: KbdNTGP2017
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង
ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017