Апостол. 15

15
15-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Апостолхэмрэ нэхъыжьхэмрэ Ерусалим зэӀущӀэ зэрыщащӀар
1ЛӀы гуэрхэр Иудей хэкум къикӀщ, Антиохие къакӀуэри, къуэшхэм мыпхуэдэ жраӀэу щӀадзащ:
– Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм сунэт фащӀын хуейуэ къегъэув, сунэт фамыщӀмэ, Тхьэм фымыкӀуэду фыкъригъэлынукъым.
2Паулрэ Варнавэрэ абыхэм жаӀэр ямыдэу хуабжьу едэуащ. Арати, къуэшхэм мурад ящӀащ Паулрэ Варнавэрэ, цӀыху гуп я гъусэу, Ерусалим дэс апостолхэмрэ#15:2 апостол – еплъ Маттэ 10:2. нэхъыжьхэмрэ#15:2 нэхъыжьхэр – еплъ 11:30. я деж мы Ӏуэхум щхьэкӀэ ягъэкӀуэну. 3Члисэ зэхуэсым щыщхэр Паулрэ Варнавэрэ ядэкӀуатэри, гъуэгу трагъэхьащ. Паулрэ Варнавэрэ Финикиемрэ Самариемрэ кӀуэцӀрыкӀащ. ЩыкӀуэцӀрыкӀым, хамэ лъэпкъ щыщхэр Тхьэм и гъуэгу зэрытехьам и хъыбарыр къуэш псоми хуаӀуэтэжри, ахэр хуабжьу ягъэгуфӀащ. 4Ерусалим щынэсым, члисэ зэхуэсым щыщхэми, апостолхэми, нэхъыжьхэми ахэр ирагъэблэгъащ. Тхьэм абыхэм ящӀэну ялъигъэкӀа псори хуаӀуэтэжащ.
5Апхуэдэу щыхъум, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ фарисей#15:5 фарисей – еплъ Маттэ 3:7. гупкӀэ зэджэ динырылажьэхэм щыщхэр къэтэджри, жаӀащ:
– Хамэ лъэпкъ щыщхэри сунэт фщӀын, Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм итхэри евгъэгъэзэщӀэн хуейщ.
6А Ӏуэхум тепсэлъыхьын щхьэкӀэ, апостолхэри нэхъыжьхэри зэхуэсащ. 7Куэдрэ зэдэуа нэужь, Петр къэтэджри, абыхэм яжриӀащ:
– Си къуэшхэ, фэ фщӀэркъэ, хамэ лъэпкъ щыщхэм ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъун щхьэкӀэ, хъыбарыфӀыр яхуэсӀуэтэну Тхьэм сэ псом япэ сыкъызэрыфхихар. 8Езы Тхьэуэ цӀыхухэм я гум илъыр зыщӀэм и Псэ ЛъапӀэр дэ къызэрытхуригъэхам хуэдэу, хамэ лъэпкъ щыщхэми къахуригъэхыурэ, ахэри зэрищтэр къигъэлъэгъуащ. 9Абыхэмрэ дэрэ дякум Тхьэм зэхэгъэж къыдилъхьакъым, абыхэм ягури фӀэщхъуныгъэмкӀэ игъэкъэбзэжащи. 10Дэри ди адэжьхэми тхуэмыхьа хьэлъэр ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм ятефлъхьэу, сыт Тхьэр вгъэунэхуну и ужь фыщӀитыр? 11Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьым и нэфӀ щыхуэныгъэм и фыгъэкӀэ Тхьэм дымыкӀуэду дыкъызэрыригъэлыр ди фӀэщ мэхъу, абы и нэфӀ щыхуэныгъэм и гъуэгукӀэ хамэ лъэпкъ щыщхэри мыкӀуэду къызэрыригъэлым хуэдэу.
12ЦӀыху зэхуэса псори щым хъуауэ, хамэ лъэпкъхэм я деж Тхьэм Варнавэрэ Паулрэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэу щаригъэгъэлъэгъуахэри Ӏуэху телъыджэу щаригъэлэжьахэри къыщаӀуэтэжым, едаӀуэрт. 13И ужькӀэ, псэлъэн щаухым, Екъуб#15:13 Екъуб – еплъ 12:17. жиӀащ:
– Си къуэшхэ, мы жысӀэм фыкъедаӀуэ! 14Тхьэр езым и цӀэкӀэ зэджэну лъэпкъыр къыхихын щхьэкӀэ, хамэ лъэпкъ щыщхэм япэщӀыкӀэ зэреплъар Симон зэхыдигъэщӀыкӀащ. 15Бегъымбархэм я псалъэхэр Петр жиӀам тохуэ. Тхьэм и псалъэу тхахэм зэрыхэтым хуэдэу,#15:15-18 Тхьэм и псалъэу тхахэм зэрыхэтым хуэдэу – еплъ Амос бегъымбарым и тхылъым 9:11-12; Ешайа бегъымбарым и тхылъым 45:21.
16«ИтӀанэ къэзгъэзэжынурэ,
Даут пащтыхьым и унэ къызэтеуар
зэтезгъэувэжынущ,
жеӀэ Зиусхьэным.
Зэхэкъутахэри сщӀыжынурэ,
а унэр зэтезгъэувэжынущ,
17дунейм и цӀыхуу къэнахэмрэ
сэ си цӀыху хъуну къыхуезджа
хамэ лъэпкъ псомрэ
Зиусхьэным лъыхъуэн щхьэкӀэ.
18Мыпхуэдэу жызыӀар Зиусхьэну
мы Ӏуэхухэр куэд щӀауэ цӀыхухэм
езыгъэщӀар арщ».
19Екъуб мыри къыщӀигъужащ:
– Аращи, сэ сызэригугъэмкӀэ, хамэ лъэпкъ щыщу Тхьэм и гъуэгу техьэхэм гугъуехь ятелъхьэн хуейкъым. 20Ауэ цӀыхухэм тхьэ нэпцӀхэм хуащӀа къурмэныпхъэм и лым, зинэ щӀэным, ятхьэла псэущхьэхэм я лым,#15:20 ятхьэла псэущхьэхэм я лыр – журт хабзэм зэрыжиӀэмкӀэ, псэущхьэхэр фӀагъэж щыхъукӀэ, лъы псори щӀэжын хуейщ. лъым#15:20 лъы – журт хабзэм зэрыжиӀэмкӀэ, лъы зыхэт шхын пшхыныр къезэгъыркъым. пэӀэщӀэ защӀыну, езыхэм къращӀэну зыхуэмейр нэгъуэщӀхэм ирамыщӀэнуи дэ яхуэттхын хуейщ; 21сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ пасэрей зэманхэм къащыщӀэдзауэ Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм итхэм къалэ псоми щезыгъэдаӀуэхэри, щэбэт махуэ къэси абы итхэм щеджэ синэгуэгухэри щыӀэщ.
Хамэ лъэпкъ щыщу фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэм апостолхэмрэ нэхъыжьхэмрэ хуатха тхылъыр
22Арати, члисэ зэхуэсым хэт псори я гъусэу, апостолхэмрэ нэхъыжьхэмрэ мурад ящӀащ езыхэм я цӀыхухэм щыщу лӀы гуэрхэр къыхахыну, Паулрэ Варнавэрэ ящӀыгъуу Антиохие ягъэкӀуэн щхьэкӀэ. Къуэшхэм я унафэщӀхэм ящыщу ВарсавэкӀэ зэджэ Иудэрэ Силэрэ хахащ. 23Мыпхуэдэ тхылъ ятхри, абыхэм иратащ:
«Фи къуэшхэу апостолхэми нэхъыжьхэми, фэ хамэ лъэпкъхэм ящыщ къуэшхэу Антиохие къалэм дэсхэми, Сирие, Киликие хэкухэм исхэми фӀэхъус фыдох. 24ЦӀыху гуэрхэр дэ къытхэкӀри, „Сунэт фащӀын хуейщ икӀи Мусэ и Торэт хабзэм итхэм федэӀуэн хуейщ“, жаӀэурэ, я псалъэхэмкӀэ фызэӀащӀауэ икӀи фагъэгузэвауэ дэ зэхэтхащ, ауэ ахэр дэ нэдгъэкӀуакъым. 25Аращи, дэ дызэхуэсри, цӀыху гуэрхэр хэтхыу, дэ фӀыуэ тлъагъу Варнавэрэ Паулрэ я гъусэу ныфхуэдгъэкӀуэну дызэгурыӀуащ. 26А тӀур Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэм хуолажьэ, я псэми еблэжыркъым. 27Апхуэдэу Иудэрэ Силэрэ ныфхудогъакӀуэ. Дэ ттхар абыхэм я жьэкӀэ къывгурагъэӀуэнущ. 28ФызэдэӀуэн хуей мы унафэхэм нэмыщӀ, нэгъуэщӀ хьэлъэ фтедмылъхьэну Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмкӀи дэркӀи тфӀэигъуэщ. 29ЦӀыхухэм тхьэ нэпцӀхэм хуаукӀа къурмэныпхъэм и лым, лъым, ятхьэла псэущхьэхэм я лым, зинэ щӀэным пэӀэщӀэ зыфщӀ. Фэ къыващӀэну фызыхуэмейр нэгъуэщӀхэм евмыщӀэ! А Ӏуэхухэм пэӀэщӀэ зыфщӀымэ, фӀы фощӀэ. Узыншэу фыщыт!»
30А лӀыхэр гъуэгум трагъэхьащ. Ахэр Антиохие щынэсым, члисэ зэхуэсым щыщхэр зэхуашэсри, тхылъыр иратащ. 31Тхылъым щеджэм, ахэр абы ит хъыбарым игъэгушхуащ икӀи игъэгуфӀащ. 32Иудэрэ Силэрэ, бегъымбарти, къуэшхэм ягухэр псалъэ куэдкӀэ ягъэбыдэурэ ягъэгушхуащ. 33Ахэр абы тӀэкӀурэ щыпсэуа нэужь, къэзыгъэкӀуахэм я деж ягъэзэжыну гъуэгу махуэкӀэ ехъуэхъури, къуэшхэм ирагъэжьэжащ. 34Ауэ Силэ Антиохие къыдэнэну триубыдащ. Иудэ Ерусалим игъэзэжащ. 35Паулрэ Варнавэрэ Антиохие къыдэнащ. НэгъуэщӀ куэдым я гъусэу, цӀыхухэм Зиусхьэным и псалъэхэр ирагъащӀэрэ, хъыбарыфӀым щӀагъэдэӀуу, ахэр Антиохие дэсащ.
Паулрэ Варнавэрэ зэрызэбгъэдэкӀар
36Зыкъом дэкӀа нэужь, Паул Варнавэ жриӀащ:
– Тхьэм и псалъэхэм щедгъэдаӀуэу щыта къалэ псоми дэс къуэшхэм я деж дыгъэгъэзэжи, зэрыпсэур зэдгъэгъэлъагъу.
37Варнавэ МарккӀэ зэджэ Иуан здишэну хуейт. 38Ауэ Паул ар я гъусэу здашэныр игъуэу къилъытакъым; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ МарккӀэ зэджэ Иуан Памфилие хэкум щабгъэдэкӀри, абыхэм Ӏуэху ядищӀэну ядэкӀуэтэкъым. 39Паулрэ Варнавэрэ апхуэдизкӀэ зэныкъуэкъуати, зэбгъэдэмыкӀыу хъуакъым. Варнавэ Марк здишэри, Кипр хытӀыгум кхъухькӀэ кӀуащ. 40Паул гъусэу Силэ къыхихащ. Къуэшхэм Тхьэм и нэфӀыр абыхэм къащыхуэну елъэӀуа нэужь, ахэр гъуэгу техьащ. 41Члисэ зэхуэсхэм ящыщхэр ягъэгушхуэурэ, Сирие, Киликие хэкухэр зэхакӀухьащ абыхэм.

ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖

Апостол. 15: KbdNTGP2017

គំនូស​ចំណាំ

ចែក​រំលែក

ចម្លង

None

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល