Апостол. 14

14
14-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Иконие къалэм дэсхэр Тхьэм и псалъэхэм Паулрэ Варнавэрэ ирагъэдаӀуэу зэрыщытар
1Иконие къалэм щынэсым, я хабзэм тету, Паулрэ Варнавэрэ журтхэм я синэгуэгум щӀыхьащ. Журтхэмрэ алыджхэмрэ#14:1 алыджхэр – грекхэращ. ящыщ куэдым фӀэщхъуныгъэр яӀэ ягъэхъуурэ, епсэлъащ. 2Ауэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуну зымыдэ журтхэм хамэ лъэпкъ щыщхэр зэщӀагъэплъэри, къуэшхэм къыхуагъэгубжьащ. 3Паулрэ Варнавэрэ, Зиусхьэным и хъыбарыр тегушхуауэ цӀыхухэм хуаӀуатэурэ, а къалэм куэдрэ зыщаӀэжьащ. Зиусхьэным и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуа хъыбарыфӀым щыхьэт техъуэурэ, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэри къагъэлъэгъуэну, Ӏуэху телъыджэхэри ялэжьыну Паулрэ Варнавэрэ лъэкӀыныгъэ яритащ. 4А къалэм дэс цӀыхухэр лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъуащ. Языныкъуэхэр журтхэм, адрейхэр апостолхэм ягухьащ. 5Хамэ лъэпкъ щыщхэри, журтхэри, абыхэм я пашэхэри я гъусэу, зэгурыӀуэри, мурад ящӀащ Паулрэ Варнавэрэ хьэкӀэкхъуэкӀагъэ къращӀэну, мывэкӀэ къеуэури къаукӀыну. 6Паулрэ Варнавэрэ абыхэм я мурадыр къы-щащӀэм, Ликаоние хэкум щыщ къалэхэу Листрэрэ Дервиерэ, абыхэм я Ӏэхэлъахэм кӀуащ. 7ЦӀыхухэр хъыбарыфӀым щрагъэдэӀуащ а щӀыпӀэхэми.
Листрэ къалэм дэсхэр Тхьэм и псалъэхэм Паулрэ Варнавэрэ ирагъэдаӀуэу зэрыщытар
8Листрэ къалэм лӀы ныкъуэдыкъуэ гуэр дэсащ. Абы и лъакъуэхэр къыщӀэувэртэкъым, къызэралъхурэ, игъащӀэм земыкӀуауэ абдежым щыст. 9Паул щыпсалъэм, а лӀыр едаӀуэрт. И нэхэр лӀым триубыдэри, хъужыну абы фӀэщхъуныгъэ иӀэу щилъагъум, 10Паул макъышхуэкӀэ жиӀащ:
– Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ ныбжызоӀэ: къызэфӀэувэ.
ЛӀым, къыщылъэтри, къикӀухьу щӀидзащ.
11Паул ищӀар цӀыхухэм щалъагъум, Ликаоние хэкум и бзэкӀэ#14:11 Ликаоние хэкум и бзэкӀэ – Паулрэ Варнавэрэ Ликаоние хэкум и бзэр къагурыӀуэн ялъэкӀакъым. Рим къэралышхуэм дэнэкӀи зэрыщыпсалъэр урымыбзэт. ину жаӀащ:
– Тхьэхэр, цӀыху теплъэ яӀэу, къытхуехащ.
12Варнавэ Зевс#14:12 Зевс – урымхэм я тхьэхэм щыщу я нэхъ инырщ. фӀащащ, къэпсэлъар Паулти, абы ЕрмийкӀэ#14:12 Ермий – урымхэм я тхьэхэм щыщу, адрей тхьэхэм я ӀуэхутхьэбзащӀэрщ. еджэ хъуащ. 13Зевс и унэшхуэ къалэм тӀэкӀу пыӀудзауэ щытым и дин пашэм цӀыхухэм выхэр куэбжэм деж къаригъэхуащ, тажхэри къригъэхьащ, езыри цӀыху гупышхуэри Паулрэ Варнавэрэ къурмэн хуащӀыну хуейти.
14Ауэ апостолхэу Варнавэрэ Паулрэ ар щызэхахым, хуамыдэу я щыгъынхэр зэфӀатхъыжурэ, цӀыху гупышхуэм яхэлъадэри, макъышхуэкӀэ псалъэу щӀадзащ.
15– Фэ лӀы гупым сыт фщӀэр? Фэ фхуэдэу дэри дыцӀыхущ. Мы тхьэ нэпцӀ сэбэпыншэхэм фи щӀыбыр яхуэвгъазэу, Тхьэ пэжу псэум фи гупэ хуэвгъэзэн щхьэкӀэ, хъыбарыфӀыр фхудоӀуатэ. Тхьэращ уафэри, щӀыри, хыри, абыхэм щыпсэу псори къэзыгъэщӀар. 16БлэкӀа лъэхъэнэхэм лъэпкъ псори зэрыхуейуэ я гъуэгу ирикӀуэжыну хуит ищӀащ. 17Апхуэдэу щыт пэтми, Тхьэм щыхьэтыншэ зищӀакъым: Уафэм къикӀыу уэшх къытхуригъэшхыу, и игъуэм гъавэр къытхуигъэкӀыу, шхын дыхуимыгъэныкъуэу, дигъэгуфӀэу, фӀыгъуэшхуэхэр къытхуищӀэ зэпытщ.
18Паулрэ Варнавэрэ къурмэн зыхурамыгъэщӀу, цӀыхухэр ерагъкӀэ ягъэувыӀащ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ.
19Къалэхэу Антиохиерэ Икониерэ къикӀри, журт гуп къэкӀуащ абы и ужькӀэ. Тегушхуауэ апостолхэм Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр щрагъэдаӀуэм, журтхэм «Мы лӀыхэм жаӀэр пэжкъым, пцӀы яупс», жаӀэурэ цӀыхухэр апостолхэм къыбгъэдашащ.
А журтхэм цӀыхубэр зэщӀагъаплъэри, Паул мывэкӀэ къеуэурэ къаукӀыну хэтащ икӀи, лӀауэ ялъытэри, къалэм далъэфащ. 20АрщхьэкӀэ и гъусэхэм къыщаувыхьым, къэтэджри, Паул къалэм къыдыхьэжащ. Варнавэ и гъусэу, Паул Дервие къалэм кӀуащ етӀуанэ махуэм.
Сирие хэкум щыщ Антиохие къалэм Паулрэ Варнавэрэ зэрагъэзэжар
21Паулрэ Варнавэрэ Дервие къалэми цӀыхухэм хъыбарыфӀыр щыхуаӀуатэурэ, цӀыхубэр Хьисэ и гъуэгу трагъэхьа нэужь, Листрэ, Иконие, Антиохие къалэхэм ягъэзэжащ. 22ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэр а къалэхэм щагъэгушхуэри, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум темыкӀыну быдэу хуагъэуващ:
– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* гугъуехь тшэчурэ дыщӀыхьэн хуейщ, – жраӀащ абыхэм.
23Паулрэ Варнаварэ дэтхэнэ члисэ зэхуэсыми нэхъыжьхэр хухахри, Тхьэм елъэӀуурэ, жэщи махуи нэщӀурэ, Зиусхьэну фӀэщхъуныгъэ зыхуаӀэ хъуам и нэӀэр къатригъэтыным хуаунэтӀащ. 24Писидие хэкум кӀуэцӀрыкӀри, Памфилие хэкум нэсащ абы и ужькӀэ. 25Пергие къалэм цӀыхухэр Зиусхьэным и псалъэхэм щрагъэдэӀуа нэужь, Атталие къалэм ехащ.
26А къалэм къыдэкӀри, кхъухькӀэ Антиохие къалэм кӀуащ. Антиохиеращ члисэ зэхуэсым щыщхэм Паулрэ Варнавэрэ ялэжьа Ӏуэхум щхьэкӀэ Тхьэм и нэфӀыр къащыхуэну зыщыхуагъэзар. 27Паулрэ Варнавэрэ Антиохием щынэсым, члисэ зэхуэсым щыщхэр зэхуашэсри, Тхьэм абыхэм яригъэлэжьа Ӏуэху псори, хамэ лъэпкъ щыщхэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъун щхьэкӀэ, Тхьэм бжэр къазэрыхузэӀуихари жраӀащ. 28ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я деж куэдрэ щыӀэну къэнащ ахэр.

ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖

Апостол. 14: KbdNTGP2017

គំនូស​ចំណាំ

ចែក​រំលែក

ចម្លង

None

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល