Апостол. 10
10
10-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Корнелий и лӀыкӀуэхэм Петр къазэрыригъэшар
1Корнелий зи цӀэ лӀы гуэр дэсащ Кесарие къалэм. Ар Италие къэралым щыщ дзэм хэту, зауэлӀищэ хъу гупым я пашэхэм ящыщащ. 2Езыми и унагъуэ псоми Тхьэр ягъэлъапӀэрт,#10:2 Тхьэр ягъэлъапӀэрт – журт лъэпкъым щымыщу икӀи сунэт ямыщӀауэ щыта пэтми, итӀани а хамэхэр синэгуэгум кӀуэурэ, Тхьэр ягъэлъапӀэрт. Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр я гум илът. Журтхэм я тхьэмыщкӀэхэм псапэ тыхь куэд яритырт, Тхьэм елъэӀу зэпытт. 3Шэджагъуэнэужьым сыхьэтыр щым#10:3 сыхьэтыр щым – еплъ Маттэ 27:45. нэблэгъауэ, Тхьэм и мелыӀычыр абы къыбгъэдыхьэщ, «Корнелий!» жиӀэри и пащхьэ къихутащ.
4Корнелий шынауэ, и нэхэр абы триубыдэри, жриӀащ:
– Зиусхьэн, сыт узыхуейр?
– Уи тхьэлъэӀури уи псапэ тыхьхэри Тхьэм деж нэсащ, Тхьэм ахэр щымыгъупщауэ и гум илъщ, – къыжриӀащ мелыӀычым. 5– ПетркӀэ зэджэ Симон къашэн щхьэкӀэ, Иоппие къалэм лӀыкӀуэхэр гъакӀуэ. 6Ар зи унэр хы Ӏуфэм Ӏут Симон фащӀэм и хьэщӀэщ.
7Ар къыжезыӀа мелыӀычыр бгъэдэкӀыжа нэужь, Корнелий и унэӀутхэм ящыщу цӀыхуитӀрэ и ӀуэхутхьэбзащӀэ зауэлӀхэм ящыщу Тхьэр зыгъэлъапӀэмрэ къриджэщ, 8къэхъуа псори яхуиӀуэтэжри, Иоппие къалэм игъэкӀуащ.
9ЕтӀуанэ махуэм ахэр гъуэгум тетурэ, къалэм пэгъунэгъу щыхъум, сыхьэтыр пщыкӀутӀым#10:9 сыхьэтыр пщыкӀутӀым – еплъ «шэджагъуэ» жыхуаӀэм Маттэ 27:45. нэблэгъауэ, Петр Тхьэм елъэӀуну унащхьэм дэкӀуеящ. 10Абы тетурэ къэмэжалӀэри, шхэн хуей хъуащ. Шхыныр ягъэхьэзыр щыхъум, Петр зыгуэр къыхуэхутащ. 11Уафэр зэӀукӀри, щэкӀ хужь иным ещхь гуэр къехыу илъэгъуащ. А щэкӀыр къуапиплӀкӀи кӀэрыщӀауэ, щӀым кърагъэлэлэхам хуэдэт. 12Дэтхэнэ лъэпкъыгъуэми щыщу лъакъуиплӀкӀэ зекӀуэ псэущхьэхэр, ныбэгукӀэ къэзыпщыхь псэущхьэхэр, къуалэбзухэр а щэкӀ хужьым кӀуэцӀылът. 13Петр макъ гуэр зэхихащ:
– Петр, къэтэдж. ФӀэгъэжи, шхы!
14– Хьэуэ, Зиусхьэн, – жиӀащ Петр, – ар хъуххэнукъым. Мышхыпхъи хьэрэми зэи сшхакъым.
15А макъым Петр къыжриӀащ етӀуанэу:
– Тхьэм хьэлэлу икӀи шхыпхъэу жыхуиӀар уэ хьэрэму умылъытэ.
16Апхуэдэу щэнейрэ хъуащ. ЩэкӀ хужьыр уафэм дэкӀуеижащ итӀанэ.
17Къыхуэхутар зищӀысым егупсысу Петр здэщысым, Корнелий къигъэкӀуа лӀыхэр, щӀэупщӀэурэ, Симон и унэр къагъуэтауэ куэбжэм Ӏутт.
18– ПетркӀэ зэджэ Симон мы унэм щӀэс? – жаӀэри, щӀэупщӀэурэ къэджащ.
19Петр къыхуэхутам здегупсысым, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыжриӀащ:
– Мис, лӀищ къыплъохъу. 20Къэтэджи, щӀэкӀ, умычэнджащэу абыхэм ядэкӀуэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр къэзыгъэкӀуар сэращ.
21Петр абыхэм ябгъэдыхьэри, яжриӀащ:
– Фэ фызылъыхъуэр сэращ. Ӏуэху гуэр фиӀэу фыкъэкӀуа?
22– Дэ дыкъэзыгъэкӀуар дзэ пашэу Корнелийщ, – жаӀащ а лӀыхэм. – Ар щыпкъагъэри Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъу, журт лъэпкъ псоми щӀыхь зыхуащӀ цӀыхущ. И лӀыкӀуэхэм езым деж уригъашэу, жыпӀэхэм едэӀуэну мелыӀыч гуэрым унафэ къыхуищӀащ абы.
23Апхуэдэу щыхъум, Петр ахэр къригъэблагъэри игъэхьэщӀащ. А лӀыхэм я гъусэу, Петр етӀуанэ махуэм гъуэгу техьащ. Иоппие къалэм щыщ къуэшхэри#10:23 къуэшхэр – еплъ 1:16. и гъусэу ежьащ.
24КъыкӀэлъыкӀуэ махуэм ар Кесарие къалэм нэсащ. Корнелий и унэкъуэщхэри и благъэхэри къызэхуишэсауэ абыхэм къапэплъэрт. 25Петр унэм щыщӀыхьэм, Корнелий абы къыпежьэщ, и лъабжьэм зыкъыщӀидзэри, лъэгуажьэмыщхьэу тӀысащ. 26Корнелий къигъэтэджри, Петр жиӀащ:
– Къэтэдж, сэри сыцӀыху къудейщ.
27Корнелий епсалъэурэ, унэм щыщӀыхьэм, цӀыху куэд къызэхуэсауэ илъэгъуащ Петр.
28– Журт гуэр хамэ лъэпкъхэм щыщхэм яхыхьэну е я унэм щӀыхьэну ди хабзэм къызэремызэгъыр фэри фощӀэ, – яжриӀащ Петр абыхэм. – Ауэ Тхьэм зэхызигъэщӀыкӀащ цӀыху гуэр е мыкъабзэу е фӀейуэ сымылъытэну. 29Аращи, мы лӀыкӀуэхэм сыкъыщевгъашэм, сымычэнджащэу сыкъэкӀуащ. Иджы сынывоупщӀ: сыт хуэдэ Ӏуэху сыкъыщӀевгъэшар?
30– МахуиплӀ и пэкӀэ, мы сыхьэтым, шэджагъуэнэужьым сыхьэтыр щым, си унэм Тхьэм сыщелъэӀуащ, – жиӀащ Корнелий. – НапӀэзыпӀэм, щыгъын хужь лыдхэр щыгъыу, лӀы гуэр си пащхьэм къихутэри, 31жиӀащ: «Корнелий, Тхьэм уи тхьэлъэӀур зэхихащ, уи псапэ тыхьхэри щымыгъупщауэ и гум илъщ. 32ПетркӀэ зэджэ Симоныр къашэну Иоппие къалэм лӀыкӀуэхэр гъакӀуэ. Ар зи унэр хы Ӏуфэм Ӏут Симон фащӀэм и хьэщӀэщ. Ар къэкӀуэнурэ къопсэлъэнущ». 33Асыхьэтуи ныпкӀэлъызгъэкӀуащ. УкъызэрыкӀуар фӀыуэ пщӀащ. Зиусхьэным къыпхуищӀа унафэм дедэӀуэну псори Тхьэм и пащхьэм дитщ иджы.
Корнелий и унэм Петр хъыбарыфӀыр къызэрыщиӀуэтар
34Петр мыпхуэдэу жиӀэу щӀидзащ итӀанэ:
– Тхьэр цӀыхум и фэм емыплъу, цӀыху псори и зэхуэдэу зэрыщытыр къызгурыӀуащ. 35Сыт хуэдэ лъэпкъым къыхэкӀауи щрет, Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъыр икӀи щыпкъагъэр зыгъэзащӀэ дэтхэнэри Тхьэм ещтэ. 36Тхьэм израил цӀыхухэм ялъигъэӀэса хъыбарыфӀыр фэ фощӀэ. Ар мыпхуэдэу жызыӀэ хъыбарыфӀырщ: Хьисэ Мэссихьу цӀыху псоми я Зиусхьэнырщ цӀыхухэр Тхьэм езыгъэкӀужыр. 37Иуан зрагъэумэхъыну цӀыхухэм хъыбар яхуиӀуэта нэужь, Галилей хэкум къыщыщӀэдзауэ Иудей хэку псом къыщыхъуар фощӀэ. 38Назарет щыщ Хьисэ и хъыбарыр фощӀэ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къаруушхуэмрэ абы къыхуригъэхащ. Тхьэр абы и гъусэу зэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху щхьэпэ ищӀэурэ, шейтӀаным и къарукӀэ хигъэзыхьа цӀыху псори игъэхъужу щытащ.
39– А Хьисэ журтхэм я къэралми Ерусалими щилэжьа Ӏуэху псоми дэ дращыхьэтщ. Ар пкъом ираӀулӀри яукӀащ. 40Тхьэм ар ещанэ махуэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжри, цӀыхухэм яригъэлъагъужащ. 41Тхьэм ар цӀыху псоми яригъэлъэгъуакъым, Тхьэм ар зригъэлъэгъуар нэхъапэм къыхиха щыхьэтхэращ. Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжа нэужь, езым дефэу, дешхэу щытар дэрщ Тхьэм ар зригъэлъэгъуар. 42Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр едгъэдэӀуэнуи, псэухэми лӀахэми хьэкум ятезыщӀыхьыну Тхьэм къигъэувар зэры-Хьисэ щыхьэт дытехъуэну Тхьэм унафэ къытхуищӀащ. 43ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэми и гуэныхьхэр Хьисэ и цӀэкӀэ къызэрыхуэгъунумкӀэ бегъымбар псори Хьисэ щыхьэт тохъуэ.
Хамэ лъэпкъхэм щыщхэм
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къазэрыхуехар
44Петр мы псалъэхэр здыжиӀэм, ахэр зэхэзыха псоми Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къахуехащ. 45Петр и гъусэу къэкӀуэгъауэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхуу сунэт ящӀахэм Тхьэм и тыгъэу езым и Псэ ЛъапӀэр хамэ лъэпкъхэм щыщхэм къазэрыхуригъэхар ягъэщӀэгъуащ; 46сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а хамэхэр езыхэм ямыщӀэ бзэхэмкӀэ псалъэурэ, Тхьэм щӀыхь хуащӀу зэхахати, аращ.
Арати, Петр жиӀащ:
47– Дэ тхуэдэу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум илъ хъуа цӀыхухэр дыумэхъмэ, зымыдэн щыӀэ?
48Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ ахэр яумэхъыну унафэ ищӀащ абы и ужькӀэ. Ахэр Петр елъэӀуащ махуэ зыбжанэкӀэ я деж къэнэну.
ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖
Апостол. 10: KbdNTGP2017
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017