Апостол Петр и ещанэ тхылъ 1
1
ФӀэхъус
1Сэ члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сащыщщ,#1:1 Сэ члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сащыщщ – еплъ Екъуб 5:14. пэжыгъэкӀэ фӀыуэ слъагъу уэ, Гай лъапӀэм, мы тхылъыр ныпхузотх.
2Си тӀасэ, уи псэуныгъэ фӀыуэ, утхъэжу упсэуну Тхьэм солъэӀу, уигурэ уи псэрэ зэрыпсэхум хуэдэу. 3Къуэш гуэрхэр къакӀуэу, уи щыпкъагъэм тепсэлъыхьу, щыпкъагъэм утету узэрыпсэум щыхьэт зэрытехъуам куэду сригуфӀащ. 4Си бынхэр щыпкъагъэм тету зэрыпсэур щызэхэсхкӀэ, абы нэхърэ нэхъ гуфӀэгъуэшхуэ сиӀэкъым.
5Си тӀасэ, къуэшхэми хамэхэми фӀыуэ яхуэблэжымкӀэ щыпкъагъэ уи гум илъу уощӀ. 6Ахэр члисэ зэхуэсым и пащхьэм уи фӀылъагъуныгъэм щыхьэт щытехъуащ. Тхьэм зэрыфӀэзахуэм хуэдэу, я гъуэгумкӀэ абыхэм дэӀэпыкъуэгъу уахуэхъумэ, фӀы пщӀауэ арщ. 7Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а къуэшхэм фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм дэӀэпыкъуныгъэ щымыгугъыу, Мэссихь и цӀэм щхьэкӀэ гъуэгум техьащ. 8Аращи, апхуэдэ цӀыхухэм дэӀэпыкъуэгъу дахуэхъун хуейщ, пэжыгъэм хуащӀэ ӀуэхумкӀэ гъусэ дахуэхъун щхьэкӀэ.
Диотрефрэ Димитрийрэ
9Члисэ зэхуэсым тхылъ хуэстхащ, ауэ Диотрефу абыхэм пашэ яхуэхъуну хуейм дидэркъым. 10Аращи, сынакӀуэмэ, абы ищӀэ Ӏуэхухэр къэзгъэнэхуэнущ, ар псалъэ дыджкӀэ къызэрыттепсэлъыхьым щхьэкӀэ. Абы къыщымынэу, къуэшхэр иригъэблэгъэн идэркъым, езыгъэблэгъэну хуейхэми яхуимыдэу япоув икӀи члисэ зэхуэсым яхехуж.
11Си тӀасэ, мыхъумыщӀэ зылэжьхэм я лъэужьым уримыкӀуэу, фӀыгъуэ зылэжьхэм я лъэужьым ирикӀуэ. ФӀыгъуэ зылэжьыр Тхьэм и бынщ. МыхъумыщӀэ зылэжьым Тхьэм фӀэщхъуныгъэ хуиӀэкъым. 12ЦӀыху псори Димитрий фӀыкӀэ щыхьэт хуохъу, езы щыпкъагъэри фӀыкӀэ абы щыхьэт къыхуохъу. Дэри фӀыкӀэ щыхьэт дыхуохъу, ди щыхьэтыгъэри зэрыпэжыр уэ уощӀэ.
Иужьрей фӀэхъус псалъэхэр
13Ныпхуэстхыныр куэд мэхъу, ауэ къалэмрэ шакъэкӀэ нэстхыну сыхуейкъым. 14ЩӀэхыу услъагъуу, итӀанэ дызэбгъэдэтӀысхьэу дызэпсэлъэну сыщогугъ.
15Уигу ирезагъэ. МыбыкӀэ щыӀэ ныбжьэгъухэм фӀэхъус къыуахыж. АбыкӀэ щыӀэ ныбжьэгъухэм зырызу фӀэхъус схуехыжи, я Ӏэхэри схуэубыдыж. Ӏэмин.
ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖
Апостол Петр и ещанэ тхылъ 1: KbdNTGP2017
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង
ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017