Апостол Иуан и япэ тхылъ 1
1
1-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ГъащӀэ пэжыр къыдэзыт Псалъэр
1ЩӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ щыӀауэ, дэ зэхэтхауэ, ди нэкӀи тлъэгъуауэ, дызэплъауэ, ди ӀэхэмкӀэ дызытеӀэбар цӀыхухэм гъащӀэ езыт Псалъэр арщ, аращ зи хъыбар къэтӀуатэр. 2А гъащӀэр къэлъэгъуащ. Ар тлъэгъуащ, абы щыхьэти дыхуэхъуащ. А мыкӀуэдыжын гъащӀэу Адэ лъапӀэм деж щыӀам икӀи къытхуэлъэгъуам и хъыбар фхудоӀуатэ. 3Гъусэ фыкъытхуэхъун щхьэкӀэ, дэ тлъэгъуам икӀи зэхэтхам и хъыбар фхудоӀуатэ. Благъэ дызыхуэхъуар Адэ лъапӀэмрэ Абы и Къуэ Хьисэ Мэссихьрэщ. 4Мыр щӀэттхыр фи гуфӀэгъуэр нэгъэса хъун щхьэкӀэщ.
Тхьэр нэхущ
5Тхьэм и Къуэм къыджиӀа хъыбару фэ къыфхуэтӀуатэр мыращ: Тхьэр нэхущ, абы кӀыфӀыгъэ лъэпкъ хэлъкъым. 6Тхьэм дригъусэу жытӀэрэ, кӀыфӀыгъэм дыхэту дызекӀуэмэ, пцӀы доупс, щыпкъагъи длэжьыркъым. 7Тхьэр нэхугъэм зэрыхэтым хуэдэу, нэхугъэм дыхэту дызекӀуэмэ, дызэгъусэщ, икӀи Тхьэм и Къуэу Хьисэм и лъыуэ жорым щыщӀэкӀам гуэныхь псори ди гум ирегъэкъэбзыкӀыж.
8Гуэныхь зыри димыӀэу жытӀэмэ, ди щхьэр къыдогъэпцӀэж, щыпкъагъи ди гум илъкъым. 9Ауэ ди гуэныхьхэмкӀэ зыдумысыжмэ, ар щыпкъэу икӀи захуэу зэрыщытым къыхэкӀкӀэ ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъунущ икӀи къуаншагъэ псори ди гум иригъэкъэбзыкӀыжынущ. 10Дэ гуэныхь дымыщӀауэ жытӀэмэ, Тхьэр пцӀыупсу жытӀауэ мэхъу, абы и псалъэхэри ди гум илъкъым.
ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖
Апостол Иуан и япэ тхылъ 1: KbdNTGP2017
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង
ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017