1
Лукас 3:21-22
ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ
АдгФЛ
Яхья цӀыхухэр щиумэхъым, Хьиси абы зригъэумэхъащ. Хьисэ тхьэ зделъэӀум, уафэр зэкӀэщӀэкӀри, тхьэрыкъуэм и пкъым и теплъэ иӀэу Тхьэм и Псэр къыхуехащ. Уафэм макъ къиӀукӀащ: «Уэращ фӀыуэ слъагъу си Къуэр, си гур хэзыгъахъуэр».
ប្រៀបធៀប
រុករក Лукас 3:21-22
2
Лукас 3:16
– Сэ псыкӀэ фызоумэхъ, – яжриӀащ къедаӀуэхэм Яхья. – Ауэ сэ нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъ лъэщ си ужьым итщ. Абы и вакъэ лъэпсыр хуэстӀэтэну сэ схуэфащэкъым. Абы мафӀэкӀэ икӀи Тхьэм и ПсэмкӀэ фиумэхъынущ.
រុករក Лукас 3:16
3
Лукас 3:8
Тобэ къэфхьыжар пэжмэ, фи тобэм хуэфащэ Ӏуэху влэжь. Ауэ фигукӀэ жывмыӀэ «Ибрэхьимщ ди адэр». НывжызоӀэ, мы мывэхэм Ибрэхьим бын къыхухигъэхъукӀын лъэкӀынущ Тхьэм.
រុករក Лукас 3:8
4
Лукас 3:9
Джыдэр жыгым тешэщӀа хьэзырщ. ПхъэщхьэмыщхьэфӀ къызыпымыкӀэ дэтхэнэ жыгри къраупщӀыкӀынурэ мафӀэм хадзэнущ.
រុករក Лукас 3:9
5
Лукас 3:4-6
А Ӏуэхум теухуауэ Ишаяхь бегъымбарым и тхылъым мыпхуэдэу итщ: «Къумым джэ макъ къыщоӀу: Зиусхьэным и гъуэгур хуэвгъэхьэзыр, и лъагъуэхэр захуэ хуэфщӀ. Дэтхэнэ къуэладжэри тафэ хъунущ, дэтхэнэ бгыри Ӏуащхьэри лъахъшэ хъунущ. Гъуэгу нэшэкъашэхэр занщӀэ хъунущ, гъуэгу кумблӀэмбхэр джафэ хъунущ. Тхьэм и цӀыхухэр къызэрыригъэлыр псоми ялъагъунущ абы щыгъуэ».
រុករក Лукас 3:4-6
គេហ៍
ព្រះគម្ពីរ
គម្រោងអាន
វីដេអូ