Лукас 3:4-6
Лукас 3:4-6 АДГФЛ
А Ӏуэхум теухуауэ Ишаяхь бегъымбарым и тхылъым мыпхуэдэу итщ: «Къумым джэ макъ къыщоӀу: Зиусхьэным и гъуэгур хуэвгъэхьэзыр, и лъагъуэхэр захуэ хуэфщӀ. Дэтхэнэ къуэладжэри тафэ хъунущ, дэтхэнэ бгыри Ӏуащхьэри лъахъшэ хъунущ. Гъуэгу нэшэкъашэхэр занщӀэ хъунущ, гъуэгу кумблӀэмбхэр джафэ хъунущ. Тхьэм и цӀыхухэр къызэрыригъэлыр псоми ялъагъунущ абы щыгъуэ».