1
ДжакӀуэ 2:26
ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ
АдгФЛ
Тхьэр зыхуэарэзы цӀыхум Ӏущыгъи, щӀэныгъи, насыпи ирет. Ауэ псэкӀуэдыщӀэм бэлыхь мыухыжыр трелъхьэ: мылъку зэхуэлъэфэсын нэхъ плъапӀэ имыӀэжу къегъанэ, Тхьэм и нэфӀыр зыщыхуам иужькӀэ ар иритын хуэдэу. Мыри пщӀэншэщ, зи щхьэпи щыӀэкъым.
ប្រៀបធៀប
រុករក ДжакӀуэ 2:26
2
ДжакӀуэ 2:24-25
Ешхэрэ ефэу, и лэжьыгъэ щыгуфӀыкӀыу псэуным нэхъыфӀ цӀыхум дежкӀэ щыӀэкъым. КъызгурыӀуащ а псор Тхьэм зэритыгъэр. Хэт Арыншэу ишхыр зыщыкӀуэнур, ищӀэми щыгуфӀыкӀыфынур?
រុករក ДжакӀуэ 2:24-25
3
ДжакӀуэ 2:11
АрщхьэкӀэ си ӀэщӀагъэ сыхэплъэжщ, гугъуехьу сшэча псоми сегупсысыжри, къанэ щымыӀэу зэрыпщӀэншэри, зи щхьэпэ зэрыщымыӀэри къызгурыӀуащ, мы уафэм и щӀагъым сыт къыщымыхъуми, зэрыпсыхэкӀуадэри къэслъэгъуащ.
រុករក ДжакӀуэ 2:11
4
ДжакӀуэ 2:10
Си нэр здэплъэм сыплъащ, си гум фӀэигъуэми сыпэрыуакъым. СщӀэ псоми сыщыгуфӀыкӀырт – си лэжьыгъэм къыпэкӀуэми ар я щхьэт.
រុករក ДжакӀуэ 2:10
5
ДжакӀуэ 2:13
Нэхур кӀыфӀым зэрытекӀуэм ещхьу Ӏущыгъэр акъылыншагъэм зэрефӀэкӀыр къызгурыӀуащ.
រុករក ДжакӀуэ 2:13
6
ДжакӀуэ 2:14
Ӏущым здэкӀуэр ӀупщӀу елъагъу, Ӏулэр кӀыфӀым Ӏэбэрабэурэщ зэрыхэтыр. Ауэ тӀуми а зы пӀалъэр къазэрыхуиухари зэхэсщӀыкӀащ.
រុករក ДжакӀуэ 2:14
7
ДжакӀуэ 2:21
и Ӏущыгъи, и щӀэныгъи, и ӀэпэӀэсагъи ирихьэлӀэурэ цӀыхум къилэжьар къанэ щымыӀэу и Ӏуэху зи цӀэ зыхэмылъым къыхуигъэнэжын хуей мэхъу. Мыри пщӀэншэщ, жыпӀэнурамэ, захуагъэ зи цӀэ зыхэмылъщ.
រុករក ДжакӀуэ 2:21
គេហ៍
ព្រះគម្ពីរ
គម្រោងអាន
វីដេអូ