Зиусхьэну Хьисэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ щыхъум, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэр дэ къызэрытхуригъэхыгъам хуэдэу, абыхэми къахуригъэхамэ, сэ сыхэт Тхьэм сыпэувыну?
А псалъэхэр щызэхахым, ахэр щым хъуащ. Тхьэм щӀыхь хуащӀри, жаӀащ:
– Хамэ лъэпкъхэри я гуэныхьхэм хущӀегъуэжынурэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ хъуну Тхьэм игъуэу илъытащ абы щыгъуэ.