YouVersion Logo
Search Icon

Апокалипсис 9

9
9-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
1Етхуанэ мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ итӀанэ. Уафэм къикӀыу, щӀылъэм къехыгъа вагъуэр#9:1 вагъуэр – мелыӀыч гуэрщ. слъэгъуащ асыхьэту. ЩӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм#9:1 щӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэр – жин бзаджэхэм я лъэхъуэщыр аращ. и щӀыхьэпӀэм и ӀункӀыбзэр мелыӀыч гуэрым а вагъуэм иритащ. 2Вагъуэм щӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм и щӀыхьэпӀэр Ӏуихащ. Ар щыӀуихым, хьэкушхуэм и Ӏугъуэм хуэдэ Ӏугъуэ кърихуащ. А щӀыхьэпӀэм къыщӀэуа Ӏугъуэм дыгъэри уафэри игъэункӀыфӀащ. 3МацӀэхэр Ӏугъуэм къыхэкӀри, щӀылъэм къытехьащ итӀанэ. ЩӀылъэм и акърэбхэм#9:3 акърэб – скорпион. я къарум хуэдэ къару яӀэну мелыӀыч гуэрым а мацӀэхэм яритащ. 4ЩӀылъэм и удзхэми, и жыгхэми, и къэкӀыгъэхэми ягъэ ирамыгъэкӀыну Тхьэм яжриӀащ. Тхьэм и мыхъурыр зи натӀэ темыгъэуа цӀыхухэм я закъуэщ я ягъэ зрагъэкӀын хуеяр. 5МацӀэхэм а цӀыхухэр ягъэлӀэну хуитакъым, мазитхукӀэ гугъуехь ирагъэшэчыну хуита къудейщ. А гугъуехьу ирагъэшэчар акърэбыр цӀыхум щеуэкӀэ гугъуехьу иригъэшэчым хуэдэщ. 6А махуэхэм цӀыхухэр лӀэныгъэм лъыхъуэнущ, ауэ ягъуэтынукъым. ЛӀэну хуеинущ, ауэ лӀэныгъэр яӀэщӀэкӀынущ.
7МацӀэхэм я теплъэр зауэм хуагъэхьэзыра шыхэм я теплъэм хуэдэт. Дыщэм къыхэщӀыкӀа тажхэм хуэдэхэр ящхьэрыгът, я нэкӀухэри цӀыхухэм я нэкӀухэм хуэдэт. 8Я щхьэцхэр цӀыхубз щхьэцхэм хуэдэт, я дзэхэри аслъэным и дзэхэм хуэдэт. 9Я афэ джанэхэр гъущӀым къыхэщӀыкӀа афэ джанэхэм хуэдэт. Я дамэхэм япыӀукӀ макъыр зауэм ежьэ гужэ куэдымрэ шуудзэмрэ япыӀукӀ макъышхуэм хуэдэт. 10Акърэбхэм кӀэ зэраӀэм хуэдэу, кӀэхэри яӀэт. КӀэхэми шэрэзхэр япытт. А мацӀэхэм лъэкӀыныгъэ яӀащ мазитхукӀэ цӀыхухэм гугъуехь ирагъэшэчыну. 11Абыхэм пащтыхьу яӀар щӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм и мелыӀычыр арщ. Абы и цӀэр журтыбзэкӀэ Аваддонщ, алыджыбзэкӀэ#9:11 алыджыбзэ – грекыбзэ жыхуаӀэрщ. Аполлионщ#9:11 Аполлион – «ЗыгъэкӀуэдыр» арщ..
12Апхуэдэу, япэрей гъуэгу мыгъуэр блэкӀащ. Гъуэгу мыгъуитӀ къэхъунущ иджыри.
13Еханэ мелыӀычыр и бжьамиишхуэм къепщащ итӀанэ. Тхьэм и пащхьэм ит къурмэнщӀыпӀэу дыщэм къыхэщӀыкӀам и къуапиплӀым къикӀыу макъ гуэр зэхэсхащ асыхьэту. 14А макъым бжьамиишхуэр зыӀыгъ еханэ мелыӀычым жриӀащ: «Евфрат псышхуэм#9:14 Евфрат псышхуэр – а зэманым а псышхуэр къуэкӀыпӀэмкӀэ Рим къэралыгъуэшхуэм и гъунапкъэу щытащ. деж щрапха мелыӀычиплӀыр хуит щӀыж, утӀыпщыж». 15Игъэува сыхьэтымрэ махуэмрэ, мазэмрэ илъэсымрэ цӀыху псоми я Ӏыхьэ щанэр ягъэлӀэну Тхьэм хьэзыру щигъэта мелыӀычиплӀыр яутӀыпщыжащ. 16А шуудзэм хэтахэм я бжыгъэр мелуан щитӀ хъурт. Я бжыгъэр зыхуэдизыр зэхэсхащ.
17Шыхэри шууейхэри мыпхуэдэу къысхуэлъэгъуащ: Афэ джанэхэр мафӀэм хуэдэу плъыжьу, щхъуантӀэу икӀи гъуэжьу ящыгът. Яшхэм я щхьэхэр аслъэныщхьэм хуэдэт. Шыхэм я жьэхэм мафӀэри, Ӏугъуэри, тхъуэбзащхъуэри къажьэдэкӀырт. 18МафӀэ, Ӏугъуэ, тхъуэбзащхъуэ гугъуехьышхуищу а шыхэм я жьэхэм къажьэдэкӀыу щытам цӀыху псоми я Ӏыхьэ щанэр ягъэлӀащ. 19Шыхэм я къарур я жьэм жьэдэлът, я кӀэм хэлът; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ я кӀэхэр блэхэм хуэдэт; я кӀэхэм щхьэхэр япыту, абыхэмкӀэ я ягъэ цӀыхухэм ирагъэкӀырт.
20Ауэ а гугъуехьышхуэхэм хэмыкӀуэда цӀыхухэм я ӀэкӀэ ящӀа тхьэ нэпцӀ сурэтхэм я щӀыб хуагъэзэжыну ядакъым. Жин бзаджэхэр ягъэлъэпӀэныр къагъэнакъым икӀи дыщэм, дыжьыным, гъуаплъэм, мывэм, пхъэм къыхащӀыкӀа тхьэ нэпцӀ сурэтхэу зылъагъуни, зэхэзыхыни, зекӀуэни зылъэмыкӀхэр ягъэлъэпӀэныр щагъэтакъым. 21Арати, зи ужь ит Ӏуэхуу цӀыху укӀыным, удыгъэм, зинэ щӀэным, дыгъуэным хущӀегъуэжакъым.

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in