YouVersion Logo
Search Icon

Апокалипсис 8

8
8-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Ебланэ мыхъурымрэ дыщэм къыхэщӀыкӀа удз гъэсылъэмрэ
1Ебланэ мыхъурыр Щынэм щытричым, сыхьэт ныкъуэ хуэдизкӀэ уафэм щым щыхъуащ.
2Тхьэм и пащхьэм ит мелыӀычиблыр слъэгъуащ итӀанэ. МелыӀыч гуэрым бжьамиишхуибл абыхэм яритащ.
3НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр мэ ӀэфӀ зыпих удзхэм щхьэкӀэ дыщэм къыхэщӀыкӀа удз гъэсылъэ иӀыгъыу къакӀуэри, къурмэнщӀыпӀэм и пащхьэм къиуващ. НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэрым мэ ӀэфӀ зыпих удз куэд а мелыӀычым къритащ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я тхьэлъэӀуу тахътэм и пащхьэм щыт къурмэнщӀыпӀэм телъхэм яхигъэхъуэн щхьэкӀэ. 4Мэ ӀэфӀ зыпих удзхэм я Ӏугъуэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я тхьэлъэӀухэм щӀыгъуу, мелыӀычым и Ӏэм къикӀри, Тхьэм деж дэкӀуеящ. 5Абы и ужькӀэ мелыӀычым удз гъэсылъэр къищтэщ, къурмэнщӀыпӀэм и мафӀэм щыщ из ищӀри, щӀылъэм къридзыхащ. Уафэгъуагъуэ макъышхуэхэр къэӀуащ, уафэри къэхъуэпскӀащ, щӀылъэри къэхъеящ абы щыгъуэ.
Бжьамиишхуэхэр
6Бжьамиишхуиблыр зыӀыгъ мелыӀычиблым абыхэм епщэну загъэхьэзыращ итӀанэ.
7Япэрей мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ. Уэи, мафӀи, лъыи зэхэту щӀылъэм къехащ асыхьэту. ЩӀылъэм и Ӏыхьэ щанэр пхрисыкӀащ, жыгхэм я Ӏыхьэ щанэр илыпщӀащ, удз щхъуантӀэ псори исащ.
8ЕтӀуанэ мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ. МафӀэр зыщӀэна бгышхуэм хуэдэу, зыгуэр хым хэхуащ асыхьэту. Хым и Ӏыхьэ щанэр лъы хъуащ. 9Хым хэс псэущхьэхэм я Ӏыхьэ щанэр лӀащ, кхъухьхэм я Ӏыхьэ щанэри хым щӀилъэфащ.
10Ещанэ мелыӀычри и бжьамиишхуэм епщащ. МафӀэ пхъэдзакӀэм хуэдэу, вагъуэшхуэ гуэр мафӀэ щӀэнауэ уафэм къехуэхри, псышхуэхэмрэ псынащхьэхэмрэ я Ӏыхьэ щанэм къыхэхуащ асыхьэту. 11Вагъуэшхуэм и цӀэр Удз Дыджщ. Псыхэм я Ӏыхьэ щанэр дыдж хъуащ, а псы дыджым ефа цӀыху куэди лӀащ.
12ЕплӀанэ мелыӀычри и бжьамиишхуэм епщащ. Дыгъэм и Ӏыхьэ щанэри, мазэм и Ӏыхьэ щанэри, вагъуэхэми я Ӏыхьэ щанэри ункӀыфӀащ асыхьэту. Абыхэм я нэхум и Ӏыхьэ щанэри кӀыфӀ хъуащ. Махуэм и Ӏыхьэ щанэмрэ жэщым и Ӏыхьэ щанэмрэ нэху хъуакъым.
13Сыщыплъэм, уафэгум щызелъатэ мелыӀычыр макъышхуэкӀэ къаджэу зэхэсхащ итӀанэ:
– Къэна мелыӀычищыр я бжьамиишхуэхэм къыщепщэкӀэ, щӀылъэм тетхэр гъуэгу мыгъуэ теувэнущ, гъуэгу мыгъуэ теувэнущ, гъуэгу мыгъуэ теувэнущ.

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in