Апокалипсис 10
10
10-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
МелыӀычымрэ тхылъ цӀыкӀу зэӀухамрэ
1ЛъэкӀыныгъэ зиӀэ, нэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр уафэм къехыу слъэгъуащ итӀанэ; уафапшэр фащэу щыгът, лэгъупыкъури щхьэщытт, и нэкӀури дыгъэм хуэдэт, и лъакъуэхэри мафӀэ пкъохэм хуэдэт. 2Тхылъ цӀыкӀу гуэр зэӀухауэ иӀыгът. Лъакъуэ ижьыр хым хигъэувэрт, лъакъуэ сэмэгур щӀым тригъэувэрт. 3Аслъэнхэр зэрыгъуахъуэм хуэдэу, макъышхуэкӀэ къэгуоуащ. Ар къыщыгуом, уафэгъуагъуиблым я макъхэр къэӀуащ. 4Уафэгъуагъуиблым я макъхэр къэӀуа нэужь, жаӀар стхыну сыхуеящ, ауэ уафэм къикӀыу макъ гуэрым жиӀэу зэхэсхащ:
– Уафэгъуагъуиблым жаӀар умытхыу, ущэху.
5Зи лъакъуэ лъэныкъуэр хым хэзыгъэувауэ, адрей лъакъуэ лъэныкъуэри щӀым тезыгъэувауэ слъэгъуа мелыӀычым и Ӏэ ижьыр уафэм дриӀэтеящ. 6Тхьэуэ сыт щыгъуи щыӀэ, уафэхэмрэ уафэхэм щыӀэ псомрэ, щӀымрэ щӀым тет псомрэ, хымрэ хым хэс псомрэ къэзыгъэщӀам и цӀэкӀэ а мелыӀычым тхьэрыӀуэ ищӀри, мыпхуэдэу жиӀащ:
– Зэман куэд къэнэжакъым. 7Ауэ ебланэ мелыӀычыр и бжьамиишхуэм къыщепщэну махуэхэм Тхьэм, езым хуэлажьэ бегъымбархэм къазэрыжригъэӀам хуэдэу, и мурад щэхур игъэзэщӀэнущ.
8Уафэм къиӀукӀыу зэхэсха макъым, аргуэру къэпсалъэурэ, къызжиӀащ:
КӀуэи, зи лъакъуэ лъэныкъуэр хым хэзыгъэувауэ, адрей лъакъуэ лъэныкъуэри щӀым тезыгъэува мелыӀычым иӀыгъ тхылъ цӀыкӀу зэӀухар къеӀых.
9Арати, мелыӀычым деж сыкӀуэри жесӀащ:
– А тхылъ цӀыкӀур къызэт.
– Мэ, узот, шхы, – къызжиӀащ абы. – Уи лъатэкӀэ дыджынущ, ауэ уи жьэмкӀэ фом хуэдэу ӀэфӀ хъунущ.
10Тхылъ цӀыкӀур мелыӀычым къеӀысхри сшхащ. Си жьэмкӀэ фом хуэдэу ӀэфӀу щытащ, ауэ сшха нэужь, си лъатэм дыдж къыщыхъуащ. 11Мыпхуэдэу къызжиӀащ итӀанэ:
– Къэрал Ӏэджэми, лъэпкъ Ӏэджэми, бзэ Ӏэджэми, пащтыхь Ӏэджэми ятеухуауэ Тхьэм уи гум кърилъхьа хъыбару къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм теухуахэр цӀыхухэм яхуэпӀуэтэн хуейщ.
Currently Selected:
Апокалипсис 10: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017